НОБЭМазаем и 15, бэрэжьей ♦Лышх узыфэр зэфыкI сабийхэм ядэIэпыкъуным и дунейпсо махуэщ ♦Урысей Федерацэмрэ Беларусь Республикэмрэ щагъэлъапIэ зи къалэн зыгъэзащIэу нэгъуэщI къэралхэм щыхэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъ махуэр ♦1960 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и Композиторхэм я зэгухьэныгъэр къызэрагъэпэщащ. ♦1932 гъэм къалъхуащ япэ адыгэ сурэтыщI-скульптор Къалмыкъ Фёдор. ♦1940 гъэм къалъхуащ къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-мрэ КъШР-мрэ щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Зумакулов Борис. ♦1951 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор Шыдакъ Рашид. ♦1970 гъэм къалъхуащ Израилым щыпсэу адыгэхэм ящыщ, щIэныгъэхэмкIэ доктор, Кавказымрэ Шэрджэс щIыналъэмрэ ятеухуа тхыгъэхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Хъун Яхья. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 2, жэщым щIыIэр градуси 3 - 2 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Нэмысым насып къыдокIуэ.
Поделиться:
Читать также:
21.01.2026 - 09:00 →
НОБЭ
20.01.2026 - 13:18 →
НОБЭ
19.01.2026 - 11:27 →
НОБЭ
18.01.2026 - 12:33 →
Ди щIыпIэцIэхэр
16.01.2026 - 11:26 →
НОБЭ
| ||




