ЖьэрыIуатэбзэм и къарур щIокI

ПщIэ зыхуэсщIу мы тхыгъэм еджэну мурад зыщIа си ныбжьэгъу, цIыхубэр къэзыцIэла узыфэу нобэ сызытетхыхьынур уэр дыдэм къоузми пщIэркъым! Сыт хуэдэ цIыхуми фIэфIынукъым ар мыузыншэу къыщIебгъэдзмэ, ауэ дэтхэнэми зыхуэсакъыжыныр и къалэнщ.

ЦIыхубэр зэзыпх къарухэм я нэхъапэр псалъэщ! Си тхыгъэр зэхьэлIар ди лъэпкъыбзэ къудей мыхъуу, бзэуэ щыIэм я къарур зыгъэужьых Iэмалщ. Iуэхум гузэвэгъуэ нэхъыщхьэу хэлъыр нобэрей щIалэгъуалэр сыт хуэдэ бзэкIи Iэзэу зэрызэмыпсэлъэфырщ. ГъэщIэгъуэнкъэ нобэрей дунейр: IэщIагъэрэ щIэныгъэу щыIэм зеужь, ауэ а псоми я лъабжьэжыр бзэхэращи, тIэщIокI! Сытепсэлъыхьын дэнэ къэна, Iуэхум и щытыкIэм сыщегупсыскIэ, соукIытэ икIи согузавэ. ИтIани, сытегушхуэнщи, зэрысхузэфIэкIым хуэдэу зэпкърысхынщ.

Иджырей сабийхэр, сыт щыгъуи хуэдэу, къызэралъхуу гулъытэрэ гуапагъэкIэ ягъэнщIу япI, арщхьэкIэ пасэу гъэсапIэхэм иратын хуей мэхъу.  Зи псэлъэкIэм зимыужьа, езым хуэдэ сабий гуп хэхуэ цIыкIум, дауэ пщIыми, зыхуей псори щигъуэтыркъым садым. Щагъашхэ, щагъэжей, щагъасэ, щIэныгъэ гуэрхэри щрат, ауэ адэ-анэ гулъытэ щощIэ.  Ахэр садым къизышыж  адэ-анэхэр я нэхъыбапIэм зыщIэхъуэпсыр зыщ: Iэмалыншэ тIэкIур быным хуащIэу зэрызагъэпсэхунырщ. Абы и бзэм зиужьыным ахэр егупсысыххэркъым. Языныкъуэ адэ-анэхэм ящIэращи, цIыкIухэм япэ псалъэу жрагъэIэхэм ящыщщ хъуанагъэхэр. Ар бзэхэм я уз нэхъ гуащIэщ, и хущхъуэгъуи къэгъуэтыгъуейщ!

КъыкIэлъыкIуэу сабийр школым щIотIысхьэ, и зэманыр къосри.  Абы щIэсурэ жып телефоныр къащтэ, иджыри къэс ар къэзымыгъэсэбэпа зырыз яхэтыжмэ. Зэпсалъэ нэхърэ зэхуэтхэмэ нэхъ къащтэ мэхъу абдеж къыщыщIэдзауэ. Ари анэдэлъхубзэ къабзэкIэ зэхуэтхэу щытамэ, гур апхуэдэуи узынтэкъым. Ди щIыпIэм апхуэдэ анэбзэ къабзэ щыгъуэтыгъуейщ. Щыбгъуэтынур адыгэбзэ-урысыбзэрэ балъкъэрыбзэ-урысыбзэрэщ, зэхэтхъуауэ, зэхэухуэнауэ. Лъэпкъыбзэхэми урысыбзэми зэрыхуэмыIэзэм къыхэкIкIэ, щIалэгъуалэм а бзэщIэхэр къагъэсэбэп, уеблэмэ лъэ быдэкIэ ди республикэми ахэр щыувауэ жыпIэ хъунущ.

Си гур нэхъ лейуэ зыгъэпIейтеи мы Iуэхум хэлъщ! Пэжыр жыфIэт, куэдрэ фрихьэлIэрэ фэ зи бзэм и дахагъэмкIэ фыкъыдэзыхьэх цIыхухэм? Сэ зи гугъу сщIыр зэрыцIыхукIэ зыщыгъупща ди щIалэгъуалэращ, хэбгъэзыхьмэ, Интернетым и Iэмал къудейкIэщ куэдым я гупсысэр зэрызэтрагъэхуэфыр. Хэт къызжиIэфыну, зы гупу зэхэс щхьэкIэ къамыгъанэу, щхьэж я телефоныр я нэкIум Iулъу зэбгъэдэсхэр фIэгъэщIэгъуэну? Ди жагъуэ зэрыхъунщи, псори десэжащ апхуэдэ теплъэгъуэм! Зы дакъикъэкIэ нэхъ мыхъуми фи нэгу къыщIэвгъэхьэ, Iуэхум зимыхъуэжмэ, дэ бзэмыIу дуней къызэрытпэщылъыр!

Ар шынагъуэщ. Абы девгъэгупсыс.

ДЖЭДГЪЭФ Беслъэн.
Поделиться: