ФIэщхъуныгъэм игъэкIуэда щIэныгъэ

ЖаIэ тхылъ лъапIэхэр къыщымыунэхуам цIыхум щIэ­ныгъэрэ Iущыгъэрэ бгъэдэмылъауэ. Ар пэжкъым. Илъэс мини 3 - 4-кIэ узэIэбэкIыжмэ псэуа хьэтхэм, мысырхэм, шумерхэм, аккадхэм я гъащIэм, фIэщхъуныгъэм, тхыдэм, IэзэкIэм тепсэлъыхьу къызэранэкIа гъущIынэтхым къи­щынэмыщIа, тхылъымпIэм тедзауэ библиотекэ псо щы­Iауэ щытащ Мысырым. 

Цивилизацэм щIэныгъэу зригъэгъуэтам и хъумапIэ ­телъыджэу Александрие библиотекэр ди лъэхъэнэм ипэкIэ 300 гъэхэм къызэрагъэпэщауэ щытащ. Абы щахъумэрт ­Гомер, Платон, Сократ, нэгъуэщI философхэмрэ тхакIуэхэмрэ я IэдакъэщIэкIхэр. Языныкъуэхэм жаIэ а библиотекэр щы­мыIэххауэ. Сыту жыпIэмэ, е ар здэщыта щIыпIэ, е библиотекэм и къутахуэ, е абы щIэлъауэ зы тхыгъэ цIыхум илъэ­гъуакъым. 
Арами, тхыдэджхэр щыхьэт тохъуэ александрие тхылъ ­хъумапIэм и «хьэмтетыгъуэ» дыдэм медицинэм, тхыдэм, математикэм, астрономием, хуитыныгъэм, литературэм ехьэ­лIауэ папирус мелуан ныкъуэ щIэлъу зэрыщытам. 
КъищынэмыщIауэ, хъыбарыжьхэм къызэрыхэ­щы­жы­мкIэ, ди лъэхъэнэм ипэкIэ 246 - 222 гъэхэм Мысырым и ­пащтыхьу щыта Птолемей Ещанэм унафэ ищIат дунеижьыр къы­зэхэзыкIухь хытетхэм тхылъу зэхуахьэсыр биб­лиотекэм щахъумэну. Гу лъытапхъэщи, щIэныгъэ хъумапIэ телъыджэм щIэлъ тхыгъэхэр мыгъуэтэн, мыупсэпсэн папщIэ, хьэуар ­хуиту щызекIуэу, гъущэу, къабзэу зэрахьэрт. 
Александрие тхылъ хъумапIэр библиотекэ и закъуэ мы­хъуу, дуней псом и гъунапкъэ зэмылIэужьыгъуэхэм икIыурэ еджапIэ кIуэхэм я екIуэлIапIэт. Абы къэхутэныгъэхэр щрагъэкIуэкI пэш куэд иIэт, дэтхэнэри щIэныгъэ щхьэхуэхэм ­хуэгъэпсауэ. КъищынэмыщIауэ, иIэт зоопарк, жыг-хадэ, хасэ щызэхашэ пэшышхуэ, уеблэмэ лабораторэ. Абы щы­лэжьащ щIэныгъэм хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа, физикэм, математикэм, химием я хабзэ нэхъыщхьэхэр къэзыхута щIэныгъэлIхэу Евклид, Архимед, Гелесий сымэ, нэгъуэщI­хэри. Библиотекэм и унафэщIхэм мылъкушхуэ трагъэкIуа­-дэрт тхылъыщIэ къэщэхуным. Псалъэм папщIэ, Алыджым, Къэжэрым, Индием, Палестинэм, Африкэм, нэгъуэщI щIыналъэхэм кърашырт тхылъ бжыгъэншэхэр. 
Александрие библиотекэм кIуэдыжыпIэ хуэхъуам теухуауэ хъыбар зыбжанэ щыIэщ. ЖаIэ чыристан диныр къыщыунэ­хуагъащIэм фIэщхъуныгъэм зригъэкIуэкIа цIыхухэм абы ­мафIэ щIадзэу ягъэсауэ, зэтракъутауэ, зы тхыгъи къэмынэу ягъэкIуэдауэ. НэгъуэщI хъыбарымкIэ Цезарь Юлий ягъэ­къуаншэ. Ди лъэхъэнэм ипэкIэ 48 гъэм мысыр хыдзэм Александриер иубыдыну хуейуэ къебгъэрыкIуат. Бийр гъунэгъуу зримыгъэкIуэлIэн папщIэ, Цезарь унафэ ищIащ мысыр ­кхъухьхэм мафIэ щIадзэу ягъэсыну. Апхуэдэуи ящIат. Ауэ ­мафIэм хы Iуфэм Iут ухуэныгъэхэм зридзри, къахуэмыгъэувыIэжурэ къалэр исащ, библиотекэри щIыгъуу. 
Урым философ, драматург Сенекэ зэритхыжамкIэ, «а ­мафIэсым тхыгъэ мин 40 хэкIуэдащ». Алыдж тхыдэтх Плутарх и тхыгъэхэм тепщIыхьмэ, «библиотекэ телъыджэр» зэ­рыщыту мафIэм исат. 
Иджыри зы хъыбар… 640 гъэм Амр ибн ал-Ас дзэзешэр зи пашэ хьэрыпыдзэр теуат Александрием. Библиотекэ телъыджэм и хъыбар зэхэзыха хьэрыпхэр ныкъуакъуэрт ар я нэкIэ зрагъэлъагъуну хуейуэ. Ауэ Омар хъалифым игу ды­хьакъым тхылъ хъумапIэм щызэхуахьэса щIэныгъалъэ ­бжыгъэншэхэр. «Ахэр КъурIэным зэран къыхуохъу, ди тхылъ лъапIэм итым къемызэгъыу е щыхьэт тохъуэ. Абы щыгъуэ­-ми мы тхылъ хъумапIэр лейщ, КъурIэным и закъуэ дрикъу­нущи», - жиIауэ щытащ хъалифым. 
Апхуэдэу жиIа нэужь, унафэ ящIат библиотекэм щIэлъ тхылъымпIэхэр гъэсыныпхъэу къагъэсэбэпыну. Александрие и зыгъэпскIыпIэ мини 4 ягъэплъащ мази 6-кIэ, биб­лиотекэм щIэлъа тхылъхэр ягъэс защIэкIэрэ! А хъыбарыр къыщаIуэтэжар илъэс 300 дэкIауэщ. 
 
 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: