ЗэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэ

КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэщI Мусуков Алий иригъэкIуэкIащ Iуэхугъуэ зэхуэмыдэхэм щытепсэ­лъыхьа зэIущIэ. 

Хеймащэ гъэмахуэ хъупIэхэм Iэщхэр зэрахунум, Iэщым я бжыгъэр гъэбэгъуэным, хъупIэхэр нэсу къэгъэсэбэпыным, Iэщхэм якIэлъыплъыну ветеринар IуэхущIапIэхэр къызы­хуэтыншэу щытыным, 2023 гъэм гъэмахуэ хъупIэхэр зэрыхуэхьэзырым те­п­сэ­лъыхьащ КъБР-м щIы, мылъку зэ­ху­щытыкIэхэмкIэ и министр Тэхъу Аслъэн. 
2023 - 2025 гъэхэм Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и бюджет зэхэлъым техьэ кредит щIыхуэр зэрапшынынум и Iэмалхэр гъэбелджылыным теухуауэ Правительствэм къыхилъхьа проектыр къигъэнэIуащ КъБР-м финансхэмкIэ и министр Лисун Еленэ. 
«Экономикэ зыужьыныгъэрэ IэмалыщIэхэмкIэ гъэпса экономикэрэ», «ЛэжьэкIэмрэ хъыбар егъэщIэкIэмрэ зыгъэпсынщIэ Iэмалхэр къыщагъэсэбэп жылагъуэ» къэрал программэхэм зэхъуэкIыныгъэ щхьэхуэхэр зэрыхалъхьэр жиIащ КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис. 
«КъБР-м и мэз IэнатIэхэм зегъэужьыным», «Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэным», «КъБР-м и щIыуэпс ­хъугъуэфIыгъуэхэр къэгъэсэбэпыным» теухуауэ республикэм иIэ къэрал прог­раммэхэм халъхьащ мылъкум ехьэлIа зэхъуэкIыныгъэхэр. 
ЦIыхухэр псыкIэ къызэгъэпэща хъун папщIэ КъБР-м и бюджетым къыхэкIыу щIыналъэхэм мы гъэм яIэрыхьэну мылъкур зытрагуэшэнум тепсэ­лъы­хьащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ и министр Бэрбэч Алим. 
- Проектыр дгъэхьэзыращ «КъБР-м и цIыхухэр псэупIэкIэ коммунальнэ Iуэху­тхьэбзэхэмкIэ къызэгъэпэ­щы­ным» теухуауэ щыIэ къэрал прграммэм и мардэхэм тету. Республикэм проектым ­хухихащ сом мелуани 10,5-рэ. ЩIыпIэ­хэм я мылъкуу абы халъхьэнущ сом ­мелуани 3,5-рэ. Проектым теухуауэ къызэрагъэпэща зэпеуэм пхыкIащ Прохладнэ, Тэрч къалэхэр, Дзэлыкъуэкъуажэ. Уэшхыпсыр зрижэ бжьамийхэр, псыр зэрагъэкъабзэ ухуэныгъэхэр мылъкумкIэ щагъэтэмэмынущ а щIы­пIэхэм. 
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ къат куэду зэтет унэхэм я псэупIэхэр зэрагъэпэщыжыным папщIэ ят ахъшэм къыхэкIыу мазэ къэс зыгъэзэж компенсацэм. Ар иратынукъым илъэсищым и кIуэцIкIэ псэупIэ коммунальнэ Iуэхутхьэбзэм и щIыхуэ зэтрезыгъэхьахэм. КъБР-м лэжьыгъэмрэ цIыхухэм социальнэу къащхьэщыжынымкIэ и министерствэм щIыхуэ зытелъхэм я хъыбарыр Iэрегъэхьэ ЖКХ-м. 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: