Натхъуэ Долэтхъан и гуащIэ

Адыгэ драматург, актрисэ, критик Натхъуэ Долэтхъан къызэралъхурэ илъэси 110-рэ мэхъу.
Ар Краснодар крайм хыхьэ Анапэ щIыналъэм и Хьатрамтыку (Суворовэ-Черкесскэ) къуажэм I9I3 гъэм къыщалъхуащ.
1925 гъэм унагъуэр мэIэпхъуэ Тэхъутэмыкъуей щIыналъэм хыхьэ Нэтхъуей къуажэм, абы илъэс зыбжанэкIэ щыпсэуа иужь Краснодар дотIысхьэ. Абы Долэтхъан щыщIотIысхьэ рабфакым. Ар къиуха иужь, Натхъуэ Долэтхъан и щIэныгъэм щыхегъахъуэ Краснодар дэт пединститутым и филологие факультетым адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и къудамэм.
1929 гъэм Долэтхъан и Iэдакъэ къыщIокI «ЦIыхущIэхэр» зыфIища и япэ пьесэр. Ар занщIэу щагъэув Адыгейм и театрхэмрэ Краснодар дэт парт школымрэ. А пьесэри нэгъуэщI и IэдакъэщIэкIхэри къыдэкIыгъуэ щхьэхуэу дунейм къытохьэ, литературэмкIэ учебникхэм ирагъэувэ. Натхъуэ Долэтхъан ирагъэблагъэри хэтауэ щытащ Кавказ Ищхъэрэм и тхакIуэ ныбжьыщIэхэм я зэхыхьэу Дон Iус Ростов щекIуэкIам. I934 гъэм Краснодар дэт пединститутыр къиуха иужь, Адыгей педагогикэ техникумым, Театр школым адыгэ литературэмкIэ щрегъаджэ.
1938 гъэм Долэтхъан щIотIысхьэ ГИТИС-м и режиссёр факультетым, арщхьэкIэ, I94I гъэм Хэку зауэшхуэр къызэрыхъеям и зэранкIэ, къигъэнэн хуей мэхъу. 1943 гъэм щыщIэддзауэ Адыгейм и драмэ театрым артисту, режиссёрым и дэIэпыкъуэгъуу щолажьэ. ПIалъэ гуэркIэ ар и унафэщIу щытащ Адыгейм уэрэдымрэ къафэмкIэ къэрал ансамблым и драмэ гупым.
1947 гъэм щыщIэдзауэ дунейм ехыжыху (I953 гъэ) Долэтхъан Куэшхьэблэ жылэм щыпсэуащ абы дэт курыт еджапIэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ щригъаджэу.

Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: