Мрамор хъарым и щэхур

Псыдзэри, щIыхъейри, къэбэкъауэри, зэманри пэмылъэщу нобэ къэса мывэ фэеплъхэр умыгъэщIагъуэу плъэкIыркъым. ЛIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ узэIэбэкIыжмэ псэуа IэщIагъэлIхэм, щэнхабзэм итхьэкъуа сурэтыщI цIэрыIуэхэм, сыт хуэдэ IэмэпсымэкIэ къыхабзыкIа мы телъыджэр жыпIэурэ урагъэгупсыс, IэлъэщI хъар къепхъуха хуэдэ мраморым къыхэбзыкIа Iэпкълъэпкъ зэкIужхэр музейхэм щIэту щыплъагъукIэ. 
Iубахъэм хуэдэу узэпхрыплърэ, хъар дыдэм ещхьу, фIэщщIыгъуафIэу «къепхъуха» Iэмалыр пасэрей сурэтыщIхэм къазэрехъулIэу щытар къэпхутэну гугъущ. Пэжщ, иджырей сурэтыщIхэми яхуощI апхуэдэ фэеплъ телъыджэхэр, ауэ абыхэм къагъэсэбэпыр техникэм и иужьрей Iэмэпсымэхэрщ. Псалъэм папщIэ, 17-нэ лIэщIыгъуэм ящIа «мрамор хъарым» и щэхур дауэ къызэрыпщIэнур? Ар мывэ быдэм IэпщIэлъапщIэу къыхэбзыкIам и закъуэкъым, атIэ IэлъэщI хъар къепхъухауэ уи пащхьэм цIыхубз къитым хуэдэу, уи нэри къэзыгъапцIэ «оптика иллюзия» жыхуаIэ техникэри къигъэсэбэпащ пасэрей сурэтыщIым. «Тромплей» сурэт щIыкIэр Пасэрей Алыджым къыщыунэхуауэ щытащ икIи абы ирилажьэ сурэтыщIхэм я IэдакъэщIэкIхэр апхуэдизкIэ пэжыпIэм ещхьти, блыным тещIыхьа жызум Iэрамэ сурэтым бзухэр тетIысхьэну хуежьэрт! Апхуэдэт Зевксис алыдж сурэтIыщIыр. 
Апхуэдэ фIэщщIыгъуафIэ сурэтхэр япэ дыдэу къызэхъулIауэ тхыдэм къыхэщыжыр Коррадини Антониощ. Неаполитан сурэтыщIыр I668 гъэм къалъхуащ. Абы и лэжьыгъэхэр нобэр къыздэсым музейхэм щахъумэ, паркхэм, тхьэ унэхэм щIэтщ. Абы и IэдакъэщIэкIхэм нэхъ цIэрыIуэ дыдэу хэтыр зи сабийр лIэжа цIыхубзым и сурэтырщ. Ар щытщ лъэныкъуэкIэ еплъэкIыу, и Iэпкълъэпкъым хъар къепхъухауэ. Хъарыр зэхуэлъэфэсащ, зэтолъэт, узэпхроплъ, бзылъхугъэм и нэкIури, и Iэхэри, и бгъэри, и лъакъуэхэри къыхощ. ЖыпIэнуракъэ, мрамор хъарщ! Ауэ, дауэ ар мывэм къызэрыхыубзыкIынур? Илъэс дапщэ абы ихьыр?
А Iэмалыр илъэс куэдкIэ зыджа щIэныгъэлIхэм хуагъэфэщащ лэжьыгъэм и нэхъыбэмрэ нэхъ гугъу дыдэу хэлъымрэ сурэтыщIым гипсым е ятIэм къыхищIыкIыу. Дауи, абы урилэжьэну нэхъ тыншщ. А Iуэху еплъыкIэм и телъхьэу, Коррадини къригъажьэу хунэмыгъэса фэеплъыр (ятIэм къыхэщIыкIар) нэгъуэщI сурэтыщI, Санмартинэ Джузеппе къищтэри, фэеплъ телъыджэ къыхищIыкIащ. Къыхэгъэщыпхъэщ, Санмартинэ а фэеплъым зэхъуэкIыныгъэ лъэпкъ зэрыхимылъхьар. Ар абы нигъэсыжа къудейуэ аращ. ЖаIэ абы ипэкIи иужькIи Джузеппе апхуэдэ ехъулIэныгъэ имыIауэ, апхуэдэ фэеплъ хуэмыщIауэ. 
 

 

Фырэ Анфисэ.
Поделиться: