Усэ зыщIыгъу гъатхэ!

Гъатхэмрэ усыгъэмрэ зэ­Iэпэгъущ. Дунейр къо­щIэращIэ, псэщIэ къыхохьэ, зэпхыдэIукIыурэ макъ щIэ­щыгъуэхэр къегъуэт. А макъым псалъэу хохьэ усыгъэр! Мис а дунейм гур ­щопсэху, щопIейтей, що­гъагъэ! Гъатхэмрэ усэмрэ зэщIыгъумэ - къаруущIэщ. Абыхэм цIыхупсэр къы­хуагъэуш псэуным, дзыхами гугъэ иратыжыф.

Гъатхэпэм и 21-р усыгъэм и ­дунейпсо махуэщ! Илъэс къэс, а махуэм ирихьэлIэу, «Жан» зэгухьэныгъэм хэтхэм усыгъэр щаIэт Iуащхьэмахуэ! «Чегет усэ дыкъыщоджэ» - аращ зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкI Iуэхухэм язым и фIэщыгъэр. Ар яублащ усакIуэ, «Горянка» га­зетым и редактор нэхъыщ­хьэ Къаныкъуэ Заринэ и жэрдэмкIэ. КIап­сэрыкIуэ гъуэгум узыхуишэ «Ай» ­шхапIэм усэ къыщоджэ ­зэгухьэныгъэм хэтхэр. Мы гъэм «Жан»-м щIыгъуу ­усыгъэм и махуэр ­Iуащхьэмахуэ щагъэ­лъэ­пIащ хьэщIэхэм: Абхъазым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, усакIуэ пажэ, литерату­рэ­ху­тэ, филологие щIэныгъэ­хэмкIэ доктор, публицист, зэдзэкIакIуэ, жы­лагъуэ лэ­жьакIуэ, Аб­хъазым щIэныгъэхэмкIэ и академием, Урысейм и Тха­кIуэхэм я союзым хэт Зан­тарие Владимир, Абхъаз къэрал университетым и егъэджа­кIуэхэу, щIэныгъэлIхэу ­Капш Алхас, Гицбэ Инал, Габниа Дифэ, Анкваб Альбинэ. Зантарие Владимир и усыгъэр Чегет щагъэIуащ абхъазыбзэкIи, адыгэ­бзэ­кIи, урысыбзэкIи. Зантарие Владимир къеджащ Къа­ныкъуэ Заринэ Абхъазым теухуауэ итха, абхъазыбзэкIэ езым зэри­дзэкIа усэми.
Усыгъэм щыпащащ Терскол къуажэ школым - абдеж япэу щрагъэжьащ дяпэкIэ хабзэ хъун хуей ­усыгъэ марафоныр. ЕгъэджакIуэхэмрэ еджа­кIуэ­хэм­рэ хьэщIэхэм гуапэу къа­IущIащ. Школым и уна­-фэщI Залихановэ Лейлэ и фIэхъус псалъэм иужькIэ, сабийхэм ягъэлъэгъуащ усы­гъэрэ уэрэдрэ къафэу зэхэухуэна концерт. 
- «Чегет усэ дыкъыщо­джэ» проектыр мы гъэм етхуанэу йокIуэкI. Iуэхур зэ­редгъажьэрэ абы фи школыр зэрыхэтыр ди гуапэщ. Илъэс куэд хъуауэ Зелихановэ Лейлэ сэрэ дызэ­ры­зэныбжьэгъум нэхъри гъу­нэгъу зэхуещI школымрэ  ди проектымрэ. ФIыуэ ­тлъагъу усакIуэмкIэ дызэ­рызэтехуэри гъэщIэгъуэнщ, - жиIащ Къаныкъуэ Заринэ. 
НэхъыщIэ дыдэхэри класс нэхъыжьхэм щIэсхэри къеджащ Мечиев Кязим, Нало Заур, Къэшэж Иннэ, Бещтокъуэ Хьэбас, Шинкубэ Багърат, Зантарие Владимир, Къаныкъуэ Заринэ, Кулиев Къайсын, Созаев Ахъмат, Зумакуловэ Танзиля, Отаров Керим сымэ, нэ­гъуэщI­хэми я усэхэм. Абыхэм къахэщырт ныбжьэгъугъэ, лIыхъужьыгъэ, Хэку лъа­гъу­ны­гъэ, щIыуэпсым и дахагъэр. Псом нэхъ гуапэр усэ къеджа дэтхэнэ сабийми са­тырхэм яхэлъ гупсы­сэр зэ­рызыхащIэрт, псалъэ къэс гум къыIэпыкIыу зэ­ры­жа­Iэрт. ФIыуэ ялъагъу урыс классикхэм я Iэдакъэ­щIэкI­хэм къеджащ школым и уна­фэщIыр, егъэджа­кIуэ­хэр. 
- Телъыджэщ нобэ усыгъэм и дунейпсо махуэр ­нэхъри дэркIэ лъапIэ зэры­хъуар! Чегет и щыгум гуп ­дахэу дызэрыдэкIар, жьы къабзэкIэ дызэрыбэуар, Терскол дыкъакIуэу усакIуэ пажэхэм я сатырхэм сабий губзыгъэхэр къеджэу дызэ­редэIуар куэд и уасэщ! Литературэм бджын, узыщIэгупсысын, узэрызэхъуэжэн, щапхъэу зыхуэбгъэлъэ­гъуэн куэду хэтщ. Псалъэм щхьэкIэ, нобэ зи усэ фыкъеджа Кулиев Къайсын Шинкубэ Багърат хуитха уси, езы Шинкубэм Кулиевым хуигъэпсаи щыIэщ! - жиIащ Зантарие Владимир. 
УсакIуэр и IэдакъэщIэкI­хэм къахуеджащ пшыхьым хэтхэм. Абы школ библиотекэм тыгъэ хуищIащ Аб­хъазым и япэ Президент ­Ардзинбэ Вячеслав триухуа тхылъымрэ иужьрейуэ ­къыдигъэкIа «Нимб земли» и усэ тхылъымрэ. Къаны­къуэ Зарини библиотекэм тыгъэ хуищIащ - и адэ ­Къаныкъуэ СэIэдулэ и ­«Ленинград къикIа хъы­джэбз» романыр, иджы­благъэ щIэуэ къыдагъэкIыжар. 
Абхъаз къэрал университетым и лэжьакIуэ Гицбэ Инал пшыхьым хэтхэм ­ехъуэхъуащ усыгъэм и махуэмкIэ. ФIыщIэ яхуищIащ зи усэ къеджэкIэмкIэ зы­хьэхуа сабийхэм, ахэр зыгъэхьэзыра егъэджа­кIуэ­хэм. Инал къеджащ Аб­хъазым и цIыхубэ усакIуэ Шинкубэ Бэгърат и усэ. 
- ЦIыхум усыгъэр щызыхищIэм, абы и мыхьэнэр ­нэсу къыщыгурыIуэм деж езыми и гум къэкIынур фIырэ гуапагъэрэщ. Уса­кIуэм и псалъэхэр и гум илъынущ абы куэдрэ, игъэгупсысэу икIи зригъэужьу. Сэ нобэ зи усэ къеджэкIэ зэхэсха сабийхэм хуабжьу сагъэгушхуащ икIи къызгурыIуащ абыхэм гудзакъэ зиIэ егъэджакIуэхэр зэра­дэлажьэр. Усыгъэ дунейм псэ къабзагъэ зэрыхэлъыр фи деж щытлъэгъуащи, Тхьэм фригъэфIакIуэ! - жиIащ режиссёр, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Гумэ Маринэ, школым и лэ­жьа­кIуэхэмрэ еджакIуэ цIыкIу­хэмрэ захуигъазэу.
Я IэдакъэщIэкIхэм къеджащ усакIуэхэу Ахматовэ Любовь, Мазуренкэ Маринэ, Гугъуэт Заремэ сымэ. Актрисэ, уэрэджыIакIуэ, егъэ­джакIуэ Байсултановэ Инарэ жиIащ Ахматовэ Любовь иуса уэрэд. Школ уна­фэщIым гъэсэныгъэмкIэ и къуэдзэ Шуляевэ Наталье­рэ еджакIуэ цIыкIухэмрэ ­гитарэм щIэту ягъэзэщIащ Визбор Юрий и уэрэд. 
Усыгъэм и махуэр ягъэ­лъапIэу, «Жан»-м къызэригъэпэща Iуэхур даIыгъащ КъБР-м Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министерствэм, КъБР-м КурортхэмкIэ и министерствэм, «Рос­телеком»-м. Иужьрейм къы­зэригъэпэщри, усыгъэм траухуа Iуэху дахэр егъэ­джэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министерствэм «ВКонтакте» интернет утыкум щи­Iэ напэкIуэцIым эфир зан­щIэу къыщитащ. Абы ущеп­лъыж хъунущ а напэкIуэцIым видеохэр зэрыт и плIанэпэм. 

Сурэтхэр  Къарей  Элинэ трихащ. 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: