ЦIыхухэм ящIэр тфIэгъэщIэгъуэнщ

Илъэс зыбжанэ ипэкIэ «Адыгэ псалъэ» газетым иIащ «Хэт сытым елэжьрэ?» зи фIэщыгъэ рубрикэ. Абы дэ я гугъу щытщIырт творческэ цIыху­хэм, псом хуэмыдэжу тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ ящIэ-ялэжьым, абыхэм я къалэмыр къызыхуащтэм, щIэщы­гъуэу зэман гъунэгъум дунейм къы­техьэну дызыпэплъэ хъунухэм. Сэ мурад сщIащ а хабзэ дахэр, зэрыхъукIэ, къэзгъэщIэрэщIэжыну икIи зи Iуэху къэзгъэлъэгъуэну сыхуейр тхэхэм я ­закъуэкъым, атIэ театр лэжьакIуэхэми, сурэтыщIхэми, дыщэкIхэми, нэгъуэщI IэщIагъэ гъэщIэгъуэнхэм ирилажьэ­хэми я деж сынэсыну. ФфIэгъэщIэ­гъуэну, ффIэщIэщыгъуэу зыгуэр къыхэвгъуатэмэ, си гуапэщ. 

Рубрикэм и гъунэилъэ хъуащ ди республикэм и мызакъуэу, гъунэгъу щIыналъэхэми фIыуэ къыщацIыху сурэтыщI Хьэлилэ Миланэ. Иджыпсту зэлэжьым, и мурадхэм сыщыщIэупщIэм, абы и хъыбар кIэщIыр къыщIидзащ нэгъабэ ху­зэ­фIэкIахэмкIэ. Ар икIи гурыIуэгъуэщ: да­-уэ мурад гуэр зэрыпщIынур, хъуэп­сапIэ узэриIэнур блэкIам къыхэпха дерс­хэр зэ щIумыпщытыкIыжу?! 
- 2022 гъэм «Трудное наследие» и фIэщыгъэу Волгоград щекIуэкIа Iуэхум сыхэтащ. Ар теухуат лъэпкъхэм я нэгу щIэкIа гугъуехьым, зауэ, лъэпкъгъэкIуэд, нэгъуэщI Iуэху мыщхьэпэхэм яужькIэ лъэпкъхэм къатенэ дыркъуэм зэреIэ­-­зэж-зэремыIэзэжым, абыхэм теухуа ­гукъэкIыжыр зэрахъумэ-зэрамыхъумэм. Адыгэ лъэпкъым Урыс-Кавказ зауэрат гузэвэгъуэшхуэу и нэгу щIэкIари, сы­хуэсакъыпэурэ утыку къисхьащ. Тхыдэм апхуэдизу куууэ хэсщIыкIыу аракъым, атIэ нобэ сыщыпсэукIэ, а Iуэхум зыгуэру согупсыс. Мис абы ехьэлIа упщIэхэр зыхуэзгъэувыжри, арт-объект щхьэхуэм и инсталяцэ згъэлъэгъуащ. Къуэджэ­бердыкъуэ Мыхьэмэт и гъыбзэр къасщтэри, а уэрэдыжьым къиIуатэ Iуэхур уи нэгу къыщIэзыгъэхьэ образ къэзгъэ­щIащ. Гуащэ цIыкIущ ар, ину уи пащхьэ къиувэу. КъищIыкIар уэрэд-гъыбзэщ, абыкIэ цIыхухэм яхузоIуатэ ар зытраусыхьам и гъащIэ гъуэгуанэм хуэдэ нэ­гъуэщI куэдми къызэрызэпачар. Къапщ­тэмэ, уэрэдыжьыр зэманым кIуэцIрокI, жеIэжыр цIыхум и гуауэр. Гукъутэ Iуэхур нэхъыбэу зыхьыр, зыхъумэр, зыгъэвыр цIыхубзхэрауэ къэслъытэри, къызэ­щIэ­зыкъуэ образу къэсщтар аращ. 
Апхуэдэуи «Звонок другу» зыфIаща Iуэхум дыхэтащ, Мэзло Русланрэ сэрэ зы лэжьыгъэ утыку къитхьащ. И къамылхэр унащхьэм щыщIэдзауэ лъэгум нэс фIэлъу, зы объект ин хэту, и щIагъым упщIэ щылъым тегъуалъхьэрэ цIыхур къыдэплъей хъууэ. УлъэIэсмэ зэщIэнэу, хъейуэ, къамылымрэ упщIэмрэ я мэ ­гуакIуэр зэхэту къыпщIихьэу… Махуэ къэс цIыхур зыгъэпIейтейм къыIэщIэтхыу къайгъэншэм, Iэуэлъауэншэм къы­хэтшэу арат. ЩIыуэпс даущыншэм и зы Iыхьэ цIыкIущ къэдгъэлъэгъуэну дызы­хэтар. Дигу къыдогъэкIыж цIыхур цIыху зыщIыж гупсысэхэр, гурыщIэхэр. ЖыпIэнурамэ, гъунэгъуу дызэпха цIыхухэр ди сабиигъуэм къыщожьэ. Къуажэ лъапсэ, дадэ-нанэ, хадэ, мэз, Iэщ - ахэр ди нэгум щIэту дыкъызэрыхъуамкIэ Русланрэ сэрэ дызэтехуэрти, ди сабиигъуэм епха гукъэкIыж IэфIхэр ди лэжьыгъэм лъабжьэ хуэтщIыну яужь дитащ. 
Мы Iуэхур щыдублэну махуэм ирихьэлIэу Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэ­-хар щIидзэри, мазитIкIэ сылэжьэфакъым абы сигъэгумэщIурэ. Гъэмахуэм ирихьэлIэу нэхъ зыкъэзужьыжри, «Там, где хорошо человеку» зыфIэсща проект си унэм щысщIащ. Творческэ гуп ды­зэрыгъэхъури, «Синдикат» зы­фIэтщыжауэ Налшык дыщолажьэ. Мис абы и лэжьыгъэм щыщ зы Iыхьэт си унэм и деж щызэхэсша Iуэхур. Сыхуейт цIыхур цIыху зыщIыр - унэм, унагъуэм я лъапIэныгъэр - ар зылъагъухэм къезгъэ­щIэжыну, сэри ар иджыри зэ    си псэм пхызгъэкIыну. Си тэмакъыр щызыу­бы­дыкI хьэзабым абыкIэ сыкъыIэщIэкIыну сыхэтами пцIы хэлъ къыщIэкIынкъым. Махуихым и кIуэцIкIэ мастер-классхэр езгъэкIуэкIащ - зэм цымкIэ, зэм арджэнымкIэ, гуащэ театр, концерт цIыкIу дгъэлъэгъуащ, сабийхэми балигъхэми дадэлэжьащ, щIакхъуэ зэтеупIэщIыкI цIыхубзхэм ягъэжьащ пасэм нанэхэм зэращIу щытам хуэдэу. УзэрыIыгъмэ, узэкъуэтмэ, пэжу узэбгъэдэтмэ, цIыхугъэри щыIэщ - арат зэхыхьэм гупсысэ нэхъыщхьэ хуэсщIар. 
Ар зэфIэзгъэкIа иужькIэ куууэ упщIэ Iуэхум сыхыхьэри абажур, торшер, панно хуэдэхэр сщIащ, иджыри абыхэм солэжь. Гупсысэ гуэрхэри сиIэщ нобэ дунейм щекIуэкIым теухуауи, ахэр IэдакъэщIэкIкIэ дауэ къэзгъэлъэгъуа хъунуми зызогъэзахуэ. Мы гъэм нэгъуэщI Iуэхухэми сыхэтыну согугъэ. Ауэ, япэ силъадэу сытепсэлъыхьынкъым гъунэ зэ­рыслъа къудейм. 
 

Зытхыжар ИСТЭПАН Залинэщ.
Поделиться: