НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 7, мэрем

Узыншагъэм и дунейпсо махуэщ
Рунетыр - урысыбзэкIэ лажьэ интернетыр (Ru дамыгъэр зиIэр) - къыщызэрагъэпэща махуэщ.
Урысейм ягу къыщагъэкIыж псыщIагъырыкIуэ кхъухьым къулыкъу щызыщIэу хэкIуэдахэр
1940 гъэм
къалъхуащ тхакIуэ, журналист, КъБР-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэу илъэс куэдкIэ щыта, УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, АР-ми КъШР-ми щIыхь зиIэ я журналист Мэзыхьэ Борис.
1948 гъэм къалъхуащ Къэрэшей-Шэрджэсым и цIыхубэ усакIуэ, КъШР-м щIыхь зиIэ и егъэджакIуэ, Къандурым и цIэр зезыхьэ саугъэтыр зыхуагъэфэща Бемырзэ Мухьэдин.
1958 гъэм къалъхуащ биологие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор Къуэжьокъуэ Мухьэмэд.
1937 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ кандидат Уэркъуасэ Владимир.

 Дунейм и щытыкIэнур

 «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 12 - 14, жэщым градуси 10 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:
ФIылъагъуныгъэр къупщхьэ зауэм хуэдэщ. 

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ