НОБЭ

Мэлыжьыхьым и 12, бэрэжьей
ЦIыхум хьэршым япэу лъагъуэ щыхиша дунейпсо махуэу ООН-м игъэуващ
Авиацэмрэ космонавтикэмрэ я дунейпсо махуэщ
1961 гъэм
Гагарин Юрий «Байконур» щаутIыпща «Восток» кхъухьым ису дунейм щыяпэу хьэршым лъэтащ.
1929 гъэм къалъхуащ публицист, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ КIумыхъу Жылэбий.
1942 гъэм къалъхуащ тхакIуэ, публицист Къущхьэунэ Алексей.
Дунейм и щытыкIэнур
«pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык пшэр техьэ-текIыу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градус 17 -18, жэщым градус 12 щыхъунущ.
Лъэпкъ Iущыгъэ:
Хамэм ухуэмыубэ, быным ухуэмыдзыхэ.

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ