ТхакIуэ, усакIуэ Гъубж Мухьэдин къызэралъхурэ илъэси 110-рэ мэхъу

Гъубж Мухьэдин Прохладнэ щIыналъэм щыщ Къэрэгъэш (Иналхьэблэ) къуажэм 1913 гъэм къыщалъхуащ. Школ нэужьым Псыхуабэ дэт педучилищэмрэ Налшык щыIэ мэкъумэш техникумымрэ щеджа щхьэкIэ, ар и IэщIагъэм зэи ирилэжьакъым. Мухьэдин «Социалистическэ Къэбэрдей-Балъкъэр» газетым щылэжьэну ирагъэблагъэ. А зэманым Гъубжым литературэм зрет, усэхэмрэ рассказхэмрэ итхыу щIедзэ. Ауэ щIалэм и мурад дахэхэр зауэм къызэпеуд. 1941 гъэм мэкъуауэгъуэм и 24-м Мухьэдин зауэм макIуэ. Ар 121-нэ фочгъауэ дивизэм и 191-нэ фочауэ полкым хохуэ. Абы хэту ар щызэуащ Ельня, Оршэ, Ярцевэ, Смоленск, Вяльнэ къалэхэм. 1941 гъэм и бжьыхьэм Полтавэ областым щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм ящыщ зым миномёт отделенэм и командир, сержант нэхъыжь Гъубж Мухьэдин уIэгъэ хьэлъэ щохъури, Ульяновск къалэм дэт сымаджэщым щIохуэ, абы иужькIэ, и узыншагъэр зэрымыщIагъуэжыр къалъытэри, зауэм Iуамыгъэхьэжу и унэ къаутIыпщыж. Щалъхуа къуажэм 1943 гъэм къегъэзэжри, ар колхоз тхьэмадэу ягъэув. АрщхьэкIэ, и узыншагъэр пэмылъэщу, Налшык къоIэпхъуэри, щыта журналист лэжьыгъэм пэроувэж. Мухьэдин щылэжьащ радиом, «Советская молодежь» газетым. Тхэнми пещэжри усэхэмрэ рассказхэмрэ нэмыщI, абы и прозэ тхыгъэхэр зэрыт тхылъхэр Налшыки Москваи къыщыдэкIащ. Хэку зауэшхуэм зи узыншагъэр хэзылъхьа адыгэ тхакIуэ, журналист Гъубж Мухьэдин «КъБАССР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къыфIащауэ щытащ.

 

 

Гъубж Мухьэдин

Архъуанэ

Рассказ

Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэм и зэмант. ЦIыкIухэр «Зэныбжьэгъугъэ» пионер лагерым дыщыIэт, - жеIэж Мухьэд, - кIуэр-къэкIуэжу мыхъуу, жэщхэсу. Арати, япэ жэщым нэху дыкъекIри, пионер отрядиплIми хадэ пщIэным щIэддзащ. ПщызэбийкIэ еджэу щIалэ цIыкIу гуэр къытхэтт. Пэжыр жысIэнщи, си звеном къызэрыхагъэхьар шэуэ къыстехуат: кIэпкъжьэпкъ бзаджэт щIалэ цIыкIур. Ауэ, сыт сщIэнт, унафэр - унафэт.
Пщызэбий зыгуэрым емыщхьэфэуамэ е и лъакъуэр пэщIидзу ар пэкIэ щIримыгъасэмэ, ишхыр и дзажэ дыхьэртэкъым. Абы нэхъыжь, нэхъ жыIэмыдаIуэрэ IэубыдыпIэншэрэ гупым къытхэттэкъым. ЗэIусэр пеупщI жыхуаIэм хуэдэт.
Мис а Пщызэбий зы махуэ гуэрым сэ пэщIэщIэгъу къысхуэхъуащ. Пхъэ закъуэ лъэмыжым дикI-дыкъикIыжурэ дылажьэрт. Псэлъэнымрэ зыплъыхьынымрэ къыдэхуэу, Пщызэбий и къарум пхухэIэбэнт, абы и Iэр лэжьыгъэм пхухигъэхьэнт, жи, щыгугъ уэ абы!
ПщIэнтIэпсыр адэ-мыдэкIэ ескъуэкIыу, езым и Iыхьэри сэ си Iыхьэри здэсхьырт. ЖысIэнуIауи сыхуиттэкъым. КъыптекIуэр гугъукъэ? Си нэщхъыр игу иримыхьамэ, «слIожь иджы ущIызэIынауэ уи пэм кърихур?» - жиIэрти, зыкъысхуритIэрт, хьэбжьыдзэу сигъалъэу.
Арати, а махуэ дыдэм шэджэгъуашхэ тщIыри, пщыIэм дыкъытекIыжауэ хьэсэм дыздэкIуэжым, Пщызэбий и лъакъуэр пэщIидзри, нэхъыфI дыдэу слъагъу си ныбжьэгъу щIалэ цIыкIур щIым пэкIэ щIригъэсащ, цы Iэрылъхьэу джэрэзрэ мывэ джейм натIэкIэ жьэхэхуэу. Къасболэт, арат зэреджэр си ныбжьэгъум, и пэм лъыр къыщиудауэ, къубгъан быдзым къижым ещхьу, кърекIыкI.
НтIэ, арати, абдежым Къасболэт къыщылъэтыжри, гъуэгыу Пщызэбий зридзащ. АрщхьэкIэ, дэнэт! Адрейр къеIэдэкъауэри, си ныбжьэгъур аргуэру хьэфэ топу къыхыфIихуэжащ. ЕтIуанэу къыщылъэтыжу, адакъэм ещхьу мобы зыщридзыжым, сыкъэгумащIэри сэри мэлхьэпIатIэу Пщызэбий и щIыбым зыкIэрызукIауэ бжэныцрэ хьэцыпэу дызэрызохьэ.
Зэм езы Пщызэбий, зэми дэ зэныбжьэгъуитIыр и щIыIу, и щIагъ дохъу. Дауэрэ тщIыми, абдежым Къасболэт сэрэ Пщызэбийуэ плъагъур пIыжьгъ итщIыхьащ! Тхьэмахуэ енкIэ хэгъуэщэжауэ щытакъым абы хущIэдуда и нэшкIулыр.
Абы иужькIэ хьэмрэ джэдумрэ ещхьу дызэтеплъэ мыхъуу, дызэтеплъамэ - ди дзэр зэхуэтлъу, зэрыдгъэшхыу докIуэкI. Дэри зырызу зыпэщIэдгъахуэркъым. Дыщылажьэми дыщыджэгуми Къасболэт сэрэ дызэкIэрыкIыртэкъым. Езыри зэкъуэхуауэ дыкъызэригъуэтыным йощэ, джэдур дзыгъуэм зэрещэм ещхьу. Мис апхуэдэу екIуэкIыурэ, къуажэм дыкъыщыкIуэжыну махуэ дыдэм уафэ гъуагъуэ уэлбанэм зыкъызэкъуехри, губгъуэ нэщIым дриубыдауэ дыхекъухь мыхьыр дигъэхьрэ ди щыгъыным мыпсыфу зы Iуданэ хэмылъыжу. Уэшхыр теужын жытIэ щхьэкIэ, дэнэт! ЗикI игъэчэмыртэкъым, щIигъэхуабжьэу нэхъри кърикIутэх мыхъумэ. Щымыхъужыххэм, ди гъуэншэдж лъапэхэр дэдгъэджэрэзейри дыкъызэрехьэжьэжащ, пщыIэм дыкъэкIуэжыну.
КIапсэлъэрышэу зэкIэлъхьэужьу пхъэ закъуэ лъэмыжым зэрихыжхэри, ди гъусэ цIыкIухэр пщыIэм зэрытехуэжащ, дэ щым фIэкIа къэмынэу. Дэри зыдмыгъэгувэу лъэмыжым дыкъытехьащ, Къасболэтрэ сэрэ ди япэм Пщызэбий иту.
«Лъэмыжым ику дыдэм нэсакъэ» щыжытIэм, Пщызэбий ецIэнтхъуэхащ, псым хэхуэри - жьгъумпIэ, мо цIынэшхуэр щIигъэмбрыуащ. ТщIэнур дымыщIэу зы мащIэрэ дыщыта иужь, къыщIэужри бгыжь лъагэм ириундэкIыу щикIэрэхъухь архъуанэм кхъуафэжьейм хуэдэу хуихьу хуежьащ. ЕсыкIэ щумыщIэкIэ, къарукIэ псы къиуа абрагъуэм упэлъэщынт! Пщызэбий цIыхум илъэгъуатэкъым и лъэгуажьэм къыфIэкI псым хыхьауэ.
Ауэ си ныбжьэгъур псыкIэ бабыщт, къазт. Къасболэт сыщIэмыхьэпэми, сэри зызгъэхуэмыхутэкъым. Дызэплъыжу дыщытыху, Пщызэбийуэ плъагъур архъуанэм ирихьэнтэкъэ! Ирихьащ. ИкIэрэхъухьщ-икIэрэхъухьри - «жьгъумпIэ», - Пщызэбийр щIигъэшкIумпIэжащ, «Сетхьэлэ, фыкъыздэIэпыкъу!» - щыжиIэм, псыр и жьэм жьэдэуащ.
АдэкIэ учэнджащэ хъужынутэкъым. ЩIалэр псым игъэундэращхъуэри, щIилъэфэжат, благъуэм зыжьэдилъэфам нэхъейуэ. Ар къызыIэщIэлъэгъуа гу щабэ Къасболэт, зэрыхуэпам хуэдэу, бгым щыхуа мывэу нэпкъым зредзыхри, псым хопкIэ.
Сэри, щIым ныбэгукIэ сытелъу архъуанэм и Iуфэм сыIугъуэлъхьащи, сызэрыпхъуэнум зыхуэзгъэхьэзырауэ зезгъэлэлэхауэ сыIулъщ, си нэр теплъызэу псым сыхэплъэу.
Абдежым Къасболэтрэ Пщызэбийрэ зэрыIыгъу къыщIоужри, псы IэубыдыпIэншэм я щхьэр къыхэпIиикIрэ иджэрэзыхьу къонэ. Сыпхъуэ щхьэкIэ - дэнэт, сынэмысурэ аргуэру игъэджэрэзри, «жьгъумпIэ», - щIигъэшкIумпIэжащ.
Еуэ-еIэкIэ си бгырыпхыр гъуэншэджым къыщIэслъэфри, ар зэрахуэздзыным зыхуэзгъэпсащ, зэ къыдридзеижыххэу щытмэ, сымыщхьэрыуэн хуэдэу. Абы хэту зыгуэрым псым и Iэ лъэныкъуэр къыхегъэж. Iуэхур хъунумэ - бетэмалкъэ! НапIэзыпIэм бгырыпхыр содзри, а Iэм IэщIызолъхьэ. ИужькIэ сыкъоIэри къыдызолъэфеиж, сыкIэлъопхъуэри - къыхызолъэфыж тIури зэрызэшыхьэкIам хуэдэу.
Пщызэбий джэд нэгэгъуу зэщIэущхъуэнтIат, Къасболэти фIыуэ ундэрэщхъуат. БауэкIэщIу, псалъэхэр ерагъыу къыдришейуэ си ныбжьэгъум къызжеIэ:
- ПсынщIэу и ныбэр шытIэурэ псыр къыжьэдэгъэжыж, куэдыIуэ жьэдэуащ.
Сэ ар а махуэм мащIэрэ сшытIа, сыдэIэпыкъуурэ згъэбэуа! Сытми, зыкъызогъэщIэж. ИкIэм-икIэжым, къызыфIыдогъэувэжри, и Iэблэ зырызыр тIыгъыу идошэжьэж.
НтIэ, арати, мис а Пщызэбий етшэжьауэ здэтшэжым, зыкъытIэщIеудри Къасболэт зредз, аргуэру си дежкIэ зыкъегъэкIэрахъуэри и IэплIэм срекъузэ. IэплIэ къытхуещI, «тхьэр арэзы къыфхухъу» жиIэу бзэрабзэу. Мис абдежращ къыщежьари дэ щыр ныбжьэгъу зэрыщIэмыхыж дызэхуэхъуныр.

Поделиться:

Читать также: