Газетхэмрэ романхэмрэ

Сыт гъащIэм и мыхьэнэр? «ЩIэныгъэ, фIэщхъуныгъэ, лъагъуныгъэ», - къыбжиIэнущ зи жэуапыр хьэзыр интеллигентым. «Узыншагъэ, мылъку, пщIэ», - ахэри гъащIэм щыщщ, уимыIэу хъунукъым.

Адрей гуэшыкIэ псоми ещхьу, цIыхухэр еджэкIэ-тхэкIэ зыщIэ-зымыщIэкIэ егуэш. Абы къыпфIегъэщI еджэкIэ-тхэкIэ зыщIэ псоми еджэнрэ тхэнрэ фIэкIа, нэгъуэщI Iуэху ямыIэу. Ауэ еджэкIэ ищIэу щытми, тхылъыр зымыгъэпэж цIыхум и щIэныгъэр бий къыщыхуэхъуж куэдрэ къохъу. МащIэкъым зэрыб хьэрфыр зымыцIыхуххэ цIыхум тхылъыр дэлэл имыщIу, гъащIэр акъыл куукIэ къызэрищтэфым и нэщэнэхэр щыдигъэлъагъухэри.

«Тхылъыр гъэпэжын» жиIэм сыту пIэрэ къикIыр? ЩIэныгъэр фащэ къудей зыхуэпщIу, абы узыхуиунэтI кууагъым, лъагагъым, дахагъым, цIыху декIуэкIыкIэ къабзэм уи гур зыщIимышэмэ, гъащIэми укъегъэлъей, цIыхухэми я фIэщ ухъуркъым. Армырауэ пIэрэ еджэкIэ-тхэкIэ зыщIэу псэущхьэ псэукIэм щхьэдэплъыхын Iуэху зезымыхуэхэм тхакIуэхэм я ней щIыщыхуэр. Дызытепсэлъыхьыр IупщIу щыболъагьу псалъэмакъыр художественнэ тхыгъэхэм щехьэлIам деж.

 ТхакIуэхэм зэхалъхьэ тхылъхэм я мыхьэнэм теухуа зэдауэр тхыдэм и кIыхьагъкIэ къыкIуэцIрокI. «Сыт абыхэм сэбэпынагъыу къахьыр?» - жызыIэхэр сыт хуэдэ лъэхъэни щыIащ, дылIэжыхуи щыIэнущ. УпщIэм и гъэувыкIэ къудейм IупщI ещI апхуэдэ цIыхур литературам фIыкIэ зэрыщымыгугъыр. Пэжуи, щапхъэ нэхъ мыхьэнэншэхэм ятепщIыхьмэ, художественнэ тхыгъэхэу тхакIуэхэм зэхалъхьэхэм утрагъэун фIэкIа, нэгъуэщI мыхьэнэ ямыIэ хуэдэу къыщыпщыхъу къыпхуохуэ. Адыгэм, псалъэм папщIэ, IуэрыIуатэм пщIэуэ хуищIыр нэхъыбэщ, дыгъуасэ зэхалъхьа тхыдэм нэхърэ, сыту жыпIэмэ, зэманым и шыбзэм къела псалъэм укъигъэпцIэжынукъым.

ИтIани, цIыхур псэуху, абы зэрызиужь Iэмалхэми заубгъу. Дэ литературэ тхыгъэхэр нобэ тхылъым е интернетым иту фIэкIа ди нэгум къыщIэувэркъым. Илъэси 150-кIэ узэIэбэкIыжмэ, тхэн Iуэхум зэхъуэкIыныгъэ абрагъуэ къыхыхьауэ щытащ. Зи гугъу тщIыр гъащIэр хъыбар пытхъахуэм хуэзыгъакIуэ ди зэманым дэкIуэдыж, тхакIуэхэм я романышхуэхэр газетхэм Iыхьэ-Iыхьэу къытрадзэу зэрыщытарщ. Сыту пIэрэт ар къызыхахыр? «ЕтIуанэ Iыхьэр къытрадзэху, ипэ итыр тщогъупщэж», - жамыIэу, щхьэ редакторхэми къащыхъуат а Iэмалым я фейдэ хэлъу? Нобэ хэти ицIыху Толстой, Диккенс, Дюма, Бальзак сымэ я IэдакъэщIэкIхэр япэу къызытехуари, цIыхухэм къызэрацIыхуари газет тхыгъэхэрщ жытIэмэ, ар жэуап хьэзыр мыхъуу пIэрэ?!

 Ди лъэхъэнэм хуэдэу зэрыб хьэрфхэр тыншу къыщащып, тхылъхэри къыщыдагъэкI зэман щыIа къыщIэкIынкъым. Тхылъ къыдэгъэкIыным уасэрэ зэману текIуадэр зэрыиныIуэм тхакIуэхэм гугъэ къыхуагъэнэххэртэкъым я IэдакъэщIэкIхэр езым я мылъкукIэ дунейм къытрагъэхьэфыну. Газет къежьагъащIэхэм я редакторхэри емыгупсысу хъунутэкъым щIэджыкIакIуэхэр къызэрыдахьэхыну Iэмалхэм. Апхуэдэхэм язу къагъуэтащ къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэ къэс нэхъуеиншэу упэзыгъаплъэ, зы Iыхьэм адрейр и ужьым иту къытрадзэ роман кIыхьхэр. Зэрытхылъу къемыджэфыну цIыхухэм тхыгъэр хуэм-хуэмурэ яфIэгъэщIэгъуэн хъурт. Романхэр кIэщI-кIэщIу газетхэм къытрадзэн щыщIадзам, ар тхыдэми журналистикэми я мызакъуэу, езы литературэр езыгъэфIэкIуа революцэшхуэу щытауэ къыщIокI.

ЗэрыжытIауэ, зэхъуэкIыныгъэм и лъабжьэр мылъку Iуэхурт: тхакIуэхэм тхылъхэр яхутедзэртэкъым, тхылъеджэхэм ахэр къахуэщэхуртэкъым. Фейдэ нэхъыщхьэу Iуэхум хахым язт апхуэдэ щIыкIэу тхакIуэхэмрэ тхылъеджэхэмрэ зэпыщIа зэрыхъур. Абы къикIрати, - цIыхухэр тхылъ еджэрт, гупсысэрт, заужьырт.

Тхылъхэр Iыхьэ-Iыхьэурэ къыдагъэкIын щыщIадзар лIэщIыгъуэ блэкIаракъым, куэдкIэ нэхъ пасэущ. Курыт лIэщIыгъуэм щыпсэухэм зы тхылъ къратхыкIын папщIэ, илъэс псо е нэхъыбэ хуэныкъуэу щытамэ, тхылъ традзэу зэрыщIадзэрэ ар мазэ бжыгъэм зэфIэкIыу хъуат. XV-XIX лIэщIыгъуэхэм я зэхуакум Iуэхум апхуэдэу зэрызихъуэжам хуэдэу, тхылъ уиIэныр иджыри узэрыбейм и нэщэнэт. Арати, и уасэр хагъэщIын папщIэщ тхылъ къыдэзыгъэкIхэм ахэр гъэкIэщIауэ газетхэм къытрадзэн щIыщIадзар. ТхакIуэхэм я романхэр газетхэм къызэрытрадзэм и фейдэ езы тхыгъэхэми екIырт. Абы и фIыгъэкIэ тхакIуэм къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэр къэсыху, и тхыгъэм елэжьыжыну Iэмал къыхуэнэрт. XVII лIэщIыгъуэм нэхъ цIэрыIуэ дыдэу щатха роман «Астрея» жыхуаIэр илъэс 20-м и кIуэцIкIэ газетым къытрадзащ: 1607 - 1627 гъэхэм. Ди зэманым щамыцIыхуххэ а романыр напэкIуэцI 5000-м нэсырт. ЦIыхухэр апхуэдизкIэ тхылъым итхьэкъуати, къыкIэлъыкIуэ Iыхьэр традзэным зэгъусэу пэплъэу, къеджэу, гуп-гупурэ зэхуэсу щытахэщ. Тхылъыр зэхэзылъхьа Дюрфе ар имыухыу лIэри, кIэухыр и секретарым итхыжати, щIэджыкIакIуэхэм занщIэу къагурыIуат абы зыгуэр зэрыщыщыIэр.

Iыхьэ-Iыхьэу газетхэм традзэ романхэм лъэбакъуэ нэхъ ин щачар аргуэру Франджырщ. Абы щыгъуэщ газетхэм «щIыунэ» («подвал») жыхуаIэ Iыхьэ лей щратар. Къэралыр ткIийуэ кIэлъыплъырт тхылъымпIэм иратхэми, къытрадзэ газетхэм я уасэхэми. Ауэ и уасэр драмыгъэуейуэ, языныкъуэ редакторхэр хуит ящIат зы напэкIуэцIым и Iыхьэ щанэкIэ газетым и инагъым хагъэхъуэну. Урысыбзэм «фельетон» псалъэм щыхуэкIуэжа хъыбархэр къыщытрадзэрт абдежым. 1836 гъэм щегъэжьауэ, хуэмурэ «щIыунэм» романхэр къыщытрадзэ зэпыт хъуащ, апхуэдэ щIыкIэу цIыхухэр нэхъ къызэрыдахьэхыфым къыхэкIыу.

Щхьэусыгъуэр IупщIыбзэт. Ар япэу хабзэ щыхъуа «Пресса» газетым и редактор Жирарден ахъшэ къызэрыхуэлэжьыр унафэщIхэм яригъэлъагъуну хуейт. А зэманым газетхэр ящэртэкъыми, Iэ тебдзэну фIэкIа Iэмал щыIэтэкъым. ТедзапщIэ зримыкъухэр зэгурыIуэхэурэ, цIыху зыбжанэм зы газетым традзэрт. Арати, Жирарден газетым и уасэр тIукIэ хигъэщIри, Бальзак и романыщIэр илъэсым и кIыхьагъкIэ къытрадзауэ щытащ. Iуэху щIэкIэ зыщIэ цIыхуитI щызэрихьэлIэкIэ, езы дунейми зихъуэж къыщIэкIынщ.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: