Зауэм теухуа пэжхэр

Зауэ нэужьым илъэс 17-кIэ текIуэныгъэр ягъэлъэпIакъым, зыгъэпсэхугъуэ махуэуи щытакъым. Махуэшхуэр гъэлъэпIэн зэрыхуейр къыщыхалъхьар 1965 гъэращ. Тхыдэджхэм зэрыхуагъэфащэмкIэ, Совет властыр куэд зи нэгу щIэкIа ветеранхэм щышынэу арат. Ауэ ягъэхъыбарыр нэгъуэщIт - зауэр зыщагъэгъупщауэ, я къарур зэрыщыту къэралыр къэIэтыжыным хуаунэтIауэ жаIэрт.

Хэку зауэшхуэм хэта совет офицерхэм ящыщу мин 80-р цIыхубзт. 1941 гъэм накъыгъэм и 13-м Гитлер унафэ къыдигъэкIащ СССР-р зэрыпхъуэным теухуа «Барбаросса» планыр щагъэзащIэкIэ нэмыцэ сэлэтхэм сыт хуэдэ щIэпхъаджагъэ ямылэжьми, абыкIэ жэуап зэрырамыгъэхьынум теухуауэ.

ЦIыхухэм ящIыгъуу, Хэку зауэшхуэм хьэ мин 60 хэтащ. Абыхэм я фIыгъэкIэ танк 300 къагъэуащ, хъыбар мин 200 зэIэпахащ, зауэ губгъуэм сэлэт мин 700 кърахащ, щIыпIэ 303-м шэкъэуэж кърахащ, километр зэбгъузэнатIэ мин 15,2-рэ щIащыкIащ.

Зауэр къыщыхъеям, Кремлыр махуэ 30-кIэ «бзэхауэ» щытащ. Фашист кхъухьлъатэзехуэхэм я картэм итыр ямыгъуэту къэуIэбжьат, Совет Союзым и унэ нэхъыщхьэр ягъуэтыртэкъым. КъызэрыщIэкIымкIэ, Кремлым и чэщанэхэм тет вагъуэхэр - хъыдан фIыцIэкIэ, Манеж утымрэ Александровскэ жыг хадэмрэ пхъэбгъукIэ щIахъумат, куполхэр лэч фIыцIэкIэ ялат, блынхэмрэ унащхьэмрэ щхъуэ-гъуабжафэ ящIат, блыным екIуэкIыу метри 3 хъууэ унэ нэпцI зыбжанэ щаухуат. Мавзолейр къатищ хъуат, Лениным и хьэдэр Тюмень ягъэIэпхъуат, Боровицкэ куэбжэхэм къыщыщIэдзауэ Спасскэм нэс пшахъуэ тракIутат, гъуэгум ещхьу. А псом Кремлыр къыхэпцIыхукIыртэкъым.

Гитлер и бий нэхъыщхьэу къилъытэр Сталинтэкъым, атIэ Левитан Юрийт. Диктор цIэрыIуэм и щхьэр къыхуэзыхьым маркэ мин 250-рэ иритыну жиIэрт зэрыпхъуакIуэм. Сталиным ар ищIэрти, Левитан ягъэпщкIурт, икIи дикторым и шыфэлIыфэм теухуауэ хъыбар нэпцIхэр ягъэIуурэ, бийм Iэрагъэхьакъым. Сталиным и къуэ Джугашвили Яков фашистхэм гъэр ящIри, фельдмаршал ПаулюскIэ къахъуэжыну арэзыуэ къыщыхуаIуэхум, Сталиным: «Сэ сэлэтыр фельдмаршалкIэ схъуэжыркъым!» - жиIэри, идауэ щытакъым. Абы къыщымынэу, Яков и унагъуэр хэкум ирыригъэшащ: «Гъэру зезыгъэубыдахэм я унагъуэр ираш, Яков си къуэ щхьэкIэ, хабзэм себэкъуэнукъым», - жиIэри.

 Хэку зауэшхуэм ди дзэм хэту махъшэ 350-рэ «зэуащ». Ахэр Астрэхъэн щIыналъэм къыщаубыдурэ Сталинград къашэрт, машинэрэ шырэ яхурикъуртэкъыми. Псэущхьэхэм я нэхъыбэр зауэм хэкIуэдащ, къелахэр зоопаркхэм иратыжащ, ауэ «ЯшкэкIэ» зэджэу щыта махъшэр совет сэлэтхэм ящIыгъуу Берлин нэсауэ щытащ.

1943 гъэм фокIадэм и 1-м Сталинград зэхэуэм пулемётчик Нурадилов Хъанпаша фашист 920-рэ щиукIащ.

1942 гъэм Гитлер унафэ ищIат Сталинград IэпапIэ къыхамынэу зэтракъутэну. Илъэс ныкъуэ дэкIауэ, Совет правительствэм щекIуэкIа зэIущIэм къыщаIэтащ Сталинград и Iуэхур, зыри къызэрыхэмынэжар, къэбгъэщIэрэщIэжынкIи Iэмал зэримыIэр. Сталиным ищIэрт Гитлер и унафэри, абы и нэхейкIэ къалэр «яжьэм къыхаIэтыкIыжыну», щIэрыщIэу яухуэжыну триухуащ. Сталинград апхуэдизкIэ бомбэ куэд щрадзыхати, къалэр зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжа нэужьи, илъэситIкIэ зы удзыпэ къыщыкIакъым.

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться: