Кавказ

Иван Бунин

КъыкIэлъыкIуэр

…Дыгъэпсыр зытридзэ пырхъуэм сыкъытехьащ пщэдджыжьым, купем сыкъыщIэкIри. ЦIыху куэд зэрыс вагоным зэрыщыхабзэу, асыхьэту къысIурыуащ сабынымэмрэ дыхумэмрэ щызэхэзэрыхьа хьэуа хъэлъэр. Сабэм игъэутхъуа щхьэгъубжэ къэплъам адрыщIкIэ дыгъэм илыгъуа губгъуэшхуэм зыщишэщIырт, гъуэгу бгъуфIэ сабалъэм выгу закъуэтIакъуэхэр къыщыплъагъурт. АдэкIэ Iуащхьэхэмрэ кхъащхьэхэмрэ къыщеукъуэх щIы сэтей гъунапкъэншэм къыпищащ. Дыгъэ жьэражьэр пхуэхьыжыртэкъым, сабэр уэгум пшэ Iуву игъуэлъхьам хуэдэт… Ауэрэ щIэплъыпIэм къыщыунэхуащ къуршхэри.

Геленджикрэ Гагрэрэ икIыу тхыгъитI хуригъэхьащ абы и щхьэгъусэм, къыщызэтеувыIэнур дэнэми зэримыщIэр къыхэщу. ИужькIэ, дэ тенджыз Iуфэм дыIуту ипщэкIэ дунэтIащ.

Тхушэдеяфэр зыщIэукъуэдия, гъурцыр гуэрэну щыгъэгъа, шыкIуртIымщэхухэмрэ жыг баринэмрэ зыхэIэтыкIа, жыг плъыжьыр, хыудзыр, мейхугур щыбэгъуа мэз къэдгъуэтащ ауэрэ. Дэ шей дышефэр сыхьэтийрат. Жьыуэ сыкъэтэджырт, езыр иджыри жейуи, Iуащхьэхэр къызэхэскIухьырт, мэз Iувхэм къыщызущыхьырт. Дыгъэпс гуащIэм иухъуреягъыр къигъэнэхурт, къигъэхуабэрт, уи гущIэм гуфIэгъуэр къыщигъэушу. Мэ гуакIуэу мэзым щIэт пшагъуэ мащIэр бзэхыжырт дыгъэ бзийхэр хэлыдыкIыурэ, Iуащхьэ бжыгъэншэхэм теукъуэдия мэз Iувхэр щиухыжым деж зыщаIэтырт дыжьыныфэу къетхъуха къурш жыжьэхэм… Тезэч  ягъажьэм и мэр зыщхьэщыт бэзэр жьэражьэмкIэ сыкъыпхыкIыурэ, къуажэм сыкъыдыхьэжырт: цIыхур Iувт, шыхэмрэ шыдхэмрэ узрагъакIуэртэкъым, - пщэдджыжькIэ абдеж бгырыс лъэпкъхэм ящыщ куэд  щызэхуэсырт, - щыгъуэ нэхъей, бостей фIыцIэкIэ хуэпа адыгэ бзылъхугъэхэм я щхьэм IэлъэщI фIыцIэр ешэкIарэ, вакъэ плъыжь зылъыгъ я лъакъуэхэр щIым нэсу умыщIэу, къыу щIыкIэу есу, зэзэмызэ я напIэр къаIэтамэ, асыхьэту ирадзыхыжу.

ИужькIэ дызэщIыгъуу псы Iуфэм дыкIуэрт. Ар сытым дежи нэщIти, хуиту зыдгъэпскIыу, дыгъэпсым дыхэлът шхьэгъуэр къэсыху. Пщэдджыжьышхэр зэфIэкIа нэужь, – ар сытым дежи дэпкIэ гъэжьа бдзэжьей, шагъыр хужь, дэ, пхъэщхьэмыщхьэт, – дыгъэм зиIэтырти, ди унэ цIыкIур кхъуэщыныщхьэ къэплъым къигъэхуабэрт, щхьэгъубжэIупIэмкIэ къыдидз дыгъэ бзий хуабэр ди пэш щIэт хьэуа хьэлэм хэджэгухьырт. Дыгъэр мащIэу ехрэ щхьэгъубжэр зэIутхыжа нэужь, шыкIуртIымшэхухэм я зэхуакум укъыдэплъмэ, лъэгум къащхъуэ гуакIуэу щытелыдыкI тенджыз щэхум уи псэр апхуэдизкIэ дэзагъэрти, къыпщыхъурт уи пащхьэ ит дахагъэмрэ зыхэпщIа гупсэхугъуэмрэ зэи кIэ ямыIэну. Дыгъэм и къухьэжыгъуэм ирихьэлIэу щIэплъыпIэмкIэ къыщыунэхурт пшэ телъыджэхэр: ахэр, мафIэм зэщIищтам хуэдэу, къызэщIэплъэрти, дыкъэзыухъуреихь дахагъэр псалъэкIэ къыхуэмыIуатэу, гущIэкIэ зыхэзыщIэ си щIасэм тахътэм зригъэукIуриерт, Iу бахъэм хуэдэу IэлъэщI псынщIэр и нэгум ириубгъуэрти, и нэпсхэр хуит ищIырт: тхьэмахуитI-щы дэкIмэ, аргуэру Москва!

 Жэщыр мафIэхь цIыкIухэм къагъэнэхурт, хьэндыркъуакъуэхэм кIыфIыгъэр къызэщIачу къуакъуэрт. Нэр кIыфIыгъэм есэжа нэужьт жэщ уафэм къитIысхьа вагъуэхэр, абыхэм къагъэнэху къуршыдзэхэмрэ жыг щхьэкIэхэмрэ щыхэплъагъукIыр. Тпэмыжыжьэ шхапIэми зэпымычу къиукIырт бэрэбан макъымрэ уэрэд имыухыжымрэ…

Бгым теубгъуа мэз Iувым къыщIэжрэ тенджызым хэлъэдэжу псынэпс къабзэ блэжырт ди псэупIэм пэгъунэгъуу. Ар сыт хуэдэу гъэщIэгъуэну Iущащэрэт гувауэ къыщIэплъа мазэм и нурыр щытелыдыкIкIэ! Иныкъуэхэм деж къуршымкIэ пшэ шынагъуэхэр кърихьэхырти, жэщ кIыфIыр уэлбанэ уэшхым, уафэгъуагъуэм къызэщIигъэушэрт: бгъэ шырхэм, мэз джэдухэм, хьэIуцыдзхэм я макъыр яутIыпщырт. Зэгуэр ди бжэ Iупэм щызэхуэсат мэз псэущхьэ гуп, уэлбанэмрэ уафэгъуагъуэмрэ игъэшына нэужь, зыгъэпщкIупIэ къалъыхъуэ абыхэм. Дэ щхьэгъубжэхэр зэIутхри, щIыбым щызэхуэса псэущхьэхэр уэшх къежэхым пэлыду къызэрылъаIуэм деплъу куэдрэ дыщытащ… Ар гъуэгт, хьэкIэкхъуэкIэхэм яхуеплъыхыурэ.

Абы ар къыщилъыхъуащ Геленджики, Гагри, Сочи. Сочэ къэкIуа нэужь, етIуанэ махуэм тенджызым зыщигъэпскIщ, зиупсщ, къабзэу зихуапэщ, пщэдджыжьышхэ ищIщ, шампанскэ птулъкIэ ефэщ, коферэ ликеррэ зэхэту трифыхьыжщ, мыпIащIэу тутыныр пигъанэри, хьэщIэщым игъэзэжащ. Абдеж гъуэлъыпIэм зыщигъэукIурийщ, и нэзэрыхьэхэм кIэрахъуэ зырыз тригъапсэри, зиукIыжащ…

 

ЗэзыдзэкIар Фырэ Анфисэщ.
Поделиться: