Къафэм и махуэшхуэ

Къафэм и дунейпсо махуэм и щIыхькIэ, Музыкэ къэрал театрым концерт гукъинэж щитащ къэфакIуэхэм я урысейпсо, дунейпсо зэпеуэхэм пашэ щыхъуа, лъэпкъ къафэхэмкIэ щапхъэу къалъыта «Вагъуэ цIыкIу» сабий ансамблым. Гупым и художественнэ уна­фэщIыр КъБР-м гъуазджэ­хэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къурашэ Едыджщ. Пшыхьыр иригъэкIуэкIащ Профсоюзхэм щэнхабзэмкIэ я унэм и режиссёр нэхъыщхьэ Гумэ Маринэ. 

Къафэм и дунейпсо махуэм иращIэкIа пшыхь гуапэм зыкърагъэхьэлIат къафэр фIыуэ зылъагъу нэхъыжьхэми нэхъыщIэхэми. Концертыр къызэIуахащ пасэрей адыгэ цIыхубэ ­къафэжькIэ. Абы къыкIэлъыкIуащ куэдым фIыуэ ялъагъу удж хэш, удж пыху, ислъэмей, лъапэрышэ, зэныбжьэгъуищым я къафэхэр. 
Къыхэгъэщыпхъэщ, КъБР-м и цIыхубэ артист, пшынауэ цIэрыIуэ Сэхъу Хьэсэн гупым и пшы­науэ цIыкIухэри пшыхьым зэрыхуигъэхьэзырар. Къафэм къыдэкIуэу, ахэр пшынэмрэ бэрэба­нымри зэрыхуэIэзэр умыгъэщIэгъуэн плъэ­кIыртэкъым.
- Фи пщыхьэщхьэ фIыуэ ди ныбжьэгъухэ, хьэщIэ лъапIэхэ! Нобэ Къафэм и махуэшхуэщ! Ныщхьэбэрей пшыхьым зэхуишэсащ ансамб­лым хэт ныбжьыщIэхэм я адэ-анэхэр, ныб­жьэгъухэр, зэгуэр мы гупым хэтахэр, къэфакIуэ ныбжьыщIэхэм я зэфIэкIым иригушхуэхэр, - жиIащ КъБР-м егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ и министр Езауэ Анзор. - Республикэм щекIуэкI махуэшхуэхэр, пшыхьхэр ягъэдахэ, ­дуней псом къыщацIыхуа ансамбль цIэрыIуэ­-хэм хуэдэу. Аращи, цIыкIухэми ахэр зи гъэсэн­хэми ехъулIэныгъэхэр яIэну ди гуапэщ!
Езауэ Анзор зи унафэщI министерствэм ­къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъыр иритащ «Вагъуэ цIыкIу» ансамблым, абы и унафэщI Къурашэ Едыдж - щIыхь тхылъыр. 
Пшыхьыр ягъэдэхащ «Вагъуэ цIыкIу» ансамблым и ныбжьэгъухэми: къафэмкIэ щапхъэу ­къалъыта, урысейпсо, дунейпсо зэ­пеуэхэм па­-шэ щыхъуа, Гран-при саугъэтыр къэзы­хьа, ­Вахромеевэ Наталье зи художест­веннэ уна­-фэщI «Ассорти» ансамблым (Прох­ладнэ къалэ), ­КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэ­жьакIуэ Романихинэ Иринэ зи художест­веннэ унафэщI «Каллисто» театрым. 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: