ТрилъэсыкIа гъуэгухэр зэрагъэпэщыжМусуков Алий иригъэкIуэкIа КъБР-м и Правительствэм и зи чэзу зэIущIэм, и къуэдзэхэу Говоров Сергей, Хъубий Марат, Къуныжь МуIэед къищынэмыщIауэ, кърихьэлIат республикэм и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ Федеральнэ округым щыIэм и Аппаратым КъБР-м къегъэщIылIа и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Мэкъуауэ Тимур, КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ Жанатаев Сэлим сымэ. ЗэIущIэм Iуэхугъуийм щыхэплъащ. КъБР-м транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр ДыщэкI Аслъэн тепсэлъыхьащ КъБР-м и Правительствэм и ахъшэ гъэтIылъыгъэм мылъку къыхэхыным теухуауэ Правительствэм ищIа унафэм и проектым. Налшык къалэ мылъку щхьэхуэ хухэхыным, ар зытрагъэкIуэдэнум министрыр щытепсэлъыхьым къыхигъэщащ иужьрей махуэхэм къешха уэшхышхуэм гъуэгухэр Iисраф зэрищIар икIи ахэр зэгъэпэщыжыным ахъшэшхуэ трагъэкIуэдэн хуей зэрыхъур, Хьэсэней - Джэрпэджэж гъуэгур ягъэкъэбзэжу зыхуей хуагъэзэжын папщIэ республикэм и мылъку гъэтIылъам щыщу сом зы мелуанрэ мин 730-рэ къызэрыхуаутIыпщынур.
Поделиться:
Читать также:
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 13:44 →
ЩытыкIэр я нэIэ щIэтщ
13.04.2024 - 11:18 →
Дзэм ираджэнухэр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
|