УIэгъэ мыкIыж

Зауэм гуауэрэ насыпыншагъэу къихьыр зылъэгъуахэр ирогуауэщхьэуэ фашистхэм ноби я щхьэр къызэраIэтыжым. КъаIэтыж къудейм къыщымынэу, Гитлер и мурадар нэхъри убгъуауэ зэрагъэхъулIэн гуращэ зэраIэрщ. Нэхъ гъэщIэгъуэныжыр, абы и жэрдэмщIакIуэр зи щIыналъэм зауэ нэмыса, ауэ нэгъуэщI къэралхэм щызэуэнымкIэ жыджэр Америкэм и Штат Зэгуэтхэрщ. Сыхуейт, Хэку зауэшхуэм ди Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэ цIыкIум къыхуихьа гуауэмрэ ди цIыхухэм зэрахьа лIыгъэмрэ  иджыри зэ дигу къэдгъэкIыжыну.

Зауэм и япэ махуэхэм щэ бжыгъэкIэрэ, ирамыджами, ди республикэм икIыу фронтым Iухьа цIыху хъыжьэ, дызэрыпагэ хъунухэр диIащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу цIыхуищэм щIигъу хэтащ япэу Брест и быдапIэм деж зэрыпхъуакIуэхэм щапэщIэувахэм. ИлъэсиплIкIэ екIуэкIа лъыгъажэм ди щIыналъэм щыщу мин 70 хъун хэтащ. Абы щыщу хэкIуэдащ мин 40-м щIигъу. МымащIэу щыIэщ унагъуэ, я щIалэ зыбжанэм къэзымыгъэзэжауэ. Щхъуэфэцыр мэтэдж Къармэхьэблэ къуажэ щыщ Гувэжыкъуэхэ я щIалийм я щхьэр зауэм зэрыхалъхьар щызэхэпхкIэ. Белая Речкэ къуажэм щыщ Бачиевхэ я унагъуэм цIыхуих къихьэжакъым. Курп Ищхъэрэ щыщ Къэвдын зэкъуэшхэу хым къагъэзэжакъым. Теппеев, Хучинаев унагъуэхэм зэшитху щхьэж къэс яфIэкIуэдащ.

Ди республикэм икIахэр хэту 175-нэ, 337-нэ фочауэ, 115-нэ шууей дивизэхэр къызэрагъэпэщат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и къарукIэ ахэр къызыхуэт щымыIэу зэщIаузэдауэ. ЛIыгъэ ин къагъэлъэгъуащ абы хэта ди зауэлIхэм. ПщIыхьэпIэу ямылъэгъуа техникэ, танкхэр я пашэу, куэдкIэ къыдэфIэкIыу зэщIэузэда бийм пэщIэту 1942 гъэм и бадзэуэгъуэ, шыщхьэуIу мазэхэм, шынэ жыхуаIэ ямыщIэу, Кавказыр зэрыпхъуакIуэхэм щахъумащ. Ди республикэм и кIуэцIым къалэн хэха зыгъэзэщIэну гупхэр щагъэхьэзырт, зауэлIхэр щрагъаджэ училище Налшык дэтт, Бахъсэн, Куба, Iуащхьэмахуэ куейхэм шууей, фочауэ дзэхэм папщIэ цIыхухэр щагъасэрт. Телеграфист, телефонист, радист IэщIагъэхэм хуагъасэрт. Налшыкрэ Прохладнэрэ аэроклуб щыIахэм кхъухьлъатэзехуэу, парашютисту 700 игъэхьэзырат 1942 гъэм и япэ мазэхэм. А лъэхъэнэ дыдэм зауэлIу 7500-рэ фронтым Iухьащ, и нэхъыбапIэр ищхьэкIэ зи цIэ къитIуа ди фочауэ дивизэм хагъэхьащ.

Промышленностри, мэкъумэш IэнатIэри жыджэру телэжьащ зэуапIэм щыIэхэр зыхуэныкъуэхэр Iэрагъэхьэным. Къыхэгъэщыпхъэу къыщIэкIынщ щIакхъуэу тонн мин 278-рэ, сэхурану тонн 47-рэ, кIэртIофу тонн мин 55-рэ, лыуэ мин 97-рэ, шэуэ центнер 1641-рэ, цыуэ центнер мини 9, адыгэшу мин 27-рэ къэралым, фронтым зэрыратар.

Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэм ахъшэкIи зыщIагъэкъуащ ди зауэлIхэм. ЖыпIэнурамэ, цIыкIуи ини яхузэфIэкI къагъэнакъым.

Псалъэм папщIэ, уIэгъэ хъуахэм щхьэкIэ сымаджэщ 14 къызэрагъэпэщащ, цIыху мин 13 ущеIэзэ хъуну. СССР-м и щIыналъэхэм кърашу, зауэм и япэ мазэхэм мыбы цIыху 16500-рэ кърашэлIат. Мэзкуу, Ленинград, Украинэм, Белоруссием, Молдавием, Прибалтикэм щыщхэм щыпсэункIэ, лэжьапIэкIэ, я сабийхэр щеджэнкIэ, здашэн сабий садкIэ, зыхуей-зыхуэфIкIэ зыщIагъэкъуащ.

ЗэрыпхъуакIуэхэр ди щIыпIэм гъунэгъу къыщыхуэхъум, Къэбэрдей-Балъкъэрым и политикэм, къэрал хабзэр хъумэным хуэлажьэхэм я унагъуэхэр Кавказ щIыб републикэхэм, псом хуэмыдэу Грузием, ягъэIэпхъуэу щIадзащ. Абы къищынэмыщIауэ, бийм Iэрамыгъэхьэн папщIэ, лэжьапIэ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я Iэмэпсымэхэр ирашащ. Нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэ IуэхущIапIэу 66-м щыщу 15-р ягъэIэпхъуащ. ЦIыхуу нэгъуэщI щIыналъэхэм яшам и бжыгъэр 7647-рэ мэхъу. Сымаджэщым загъэхъужу щIэлъу ягъэIэпхъуар 8000-м ноблагъэ.

Кавказ Ищхъэрэр яубыдыным Гитлер и мурадхэм увыпIэ щхьэхуэ щиубыдырт, а Iуэхум «Эдельвейс» фIащат. ЗэманкIэ зэтехуэрт Сталинградрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ къыттеуэну зэраубзыхуар. Мы Iуэхум нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр щIепIэщIэкIыр Шэшэн-Ингушымрэ Азербайджанымрэ я щIыдагъэрат. ЩIэхъуэпст зэрыпхъуакIуэхэр ар зыIэрагъэхьэным.

1942 гъэм, шыщхьэуIу мазэм, фашистхэр Кавказ Ищхъэрэм къихьащ, Псыхуабэ яубыдащ. Абы иужь танк дивизитIрэ кхъухьлъатэ, лъэсырызекIуэ дзэхэмрэ мымащIэу ди щIыналъэм къэсат.

А мазэ дыдэм и 21 махуэм нэмыцэ альпинист-зауэлI капитан Грот зи унафэщI полкыр Iуащхьэмахуэ дэкIри, Еропэм и нэхъ лъагапIэм и тIыгум фашист бэракъыр щагъэуващ, Кавказыр яубыдауэ къагъэлъэгъуэну хуейуэ. 

1942 гъэм и щIышылэм щыщIэдзауэ 1943 гъэр къихьэху икъукIэ зауэ гуащIэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым. Псом хуэмыдэу ар щыпщтыращ Зеикъуэ и Хьэрэ-Кхъуэрэ бгылъэм, езы къуажэ кIуэцIым, Къызбрун Езанэ (ХьэтIохъущыкъуей), Курп Ипщэ, Налшык жылагъуэхэм, къуршылъэ щIыпIэхэм.

 Республикэм и къалащхьэ Налшык щхьэкIэ махуищкIэ нэмыцэ фашистхэмрэ ди зауэлIхэмрэ ерыщу зэпэщIэтащ. Бийм и кхъухьлъатэхэр къыщхьэщылъатэрти бомбэхэр кърадзыхырт, къалэм къыдыхьэну къэпIащIэрт танк 270-рэ, сэлэту мин зыбжанэ. Яхуэхъумакъым Налшык икIи жэпуэгъуэм и 28-м къагъэнэн хуей хъуащ.

МазихкIэ нэмыцэ-румын зэрыпхъуакIуэхэм ди республикэм щызэтракъутамрэ хэщIыныгъэу къратамрэ къыпхуэмыIуэтэн хуэдизу, ахэр Дзэ Плъыжьым ирихужащ. Налшык пэгъунэгъуу къыщагъуэтыжащ фашистхэм яукIа цIыху 600-м щIигъум я хьэдэр. Абыхэм я нэхъыбапIэр сабийрэ лIыжь-фызыжьрэт.

 Уеджэнуи къыптехьэлъэ тхыгъэ, документ куэд къэнащ зауэм къытхуихьа гузэвэгъуэм теухуауэ. Ар уIэгъэ мыкIыжынщ. Ди цIыхухэм яшэчамрэ лIыгъэу зэрахьамрэ ирехъу зэи тщымыгъупщэжын.

ШАФИЙ Аслъэн.
Поделиться:

Читать также: