Лермонтовым и цIэм епха щIыпIэхэр

Пятигорск (Псыхуабэ) къалэм и «Цветник» зыгъэпсэхупIэ паркым Лермонтов Михаил и галереер имыту нобэ уи нэгу къыпхущIэгъэхьэркъым
А ухуэныгъэ телъыджэр къалэм и тхыдэ центрым и архитектурэ теплъэхэм къазэрыхэщым гу лъыботэ. УсакIуэм и цIэр зезыхьэ галереер 1901 гъэм яухуащ, Лермонтов Михаил дунейм зэрехыжрэ илъэс 60 щрикъум ирихьэлIэу. 
20 гъэхэм Кавказым и зыгъэпсэхупIэхэм щIэупщIэшхуэ яIэу щытащ. Абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар Минводы къекIуалIэ гъущI гъуэгу къызэрызэIуахарт. Кисловодск и Курзалым зыщызыгъэпсэхуну гупыж зиIэ псори щIэхуэртэкъым. Пятигорскрэ Железноводскрэ я хьэщIэхэр а щIыпIэхэм щыIэ галереехэм «зрагъэкъун» хуей хъурти, зыгъэпсэхупIэм и унафэщIхэм къалэн щащIащ Пятигорск щыпсэухэмрэ абы и хьэщIэхэмрэ я зэманыр щIэщыгъуэу щагъэкIуэн IуэхущIапIэ къызэрагъэпэщыну. 
1900 гъэм зыгъэпсэхупIэм и унафэщI хъуа Хвощинский В. В. занщIэу гу лъитэщ а Iуэху зэIумыбзми, къыхилъхьат Курзалым къыпыщIыхьын хуейуэ. УхуэныгъитIым зы щхьэ тралъхьэщ, зым уикIыу адрейм укIуэу ящIри, актовэ зал, библиотекэ, шхапIэ, администрацэм и хэщIапIэ къызэрагъэпэщащ. 
Галереем и эскизхэр зыщIар Байков Иванщ. Проектымрэ абы къегъэщIылIа декоративнэ гуэдзэнхэмрэ гъэхьэзырыныр пщэрылъ щащIащ «Вл. Гостинский и Ко» IуэхущIапIэм. Абы Санкт-Петербург завод щиIэт икIи абдж зэмыфэгъухэр къыщIигъэкIырт.
Лермонтовым и галереер 1901 гъэм накъыгъэм и I-м къызэIуахащ. Галереем и ипщэ лъэныкъуэм тIысыпIэ 600 зиIэ залрэ къэфакIуэ утрэ иIэт. Дунейр щымыуэфIхэм ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэ зыщыпIэжьэ хъурт. Нэхъ иужьыIуэкIэ абы гъэмахуэ утыр къыпащIыхьыжащ. 
Революцэ зэманым галереем пэкIухэмрэ зэхуэсхэмрэ щекIуэкIащ. I920 гъэм абы къыщызэIуахащ Пятигорск и япэ совет театрыр. Абы артист, музыкант, усакIуэ, къэфакIуэ цIэрыIуэ куэдым зыкъыщагъэлъэгъуащ. Нэхъ иужьыIуэкIэ залыр кинотеатр хъужащ. 
Лермонтовым и галереем и гъущI пкъыгъуэхэм зэхъуэкIыныгъэ имыIэу ди нобэм къэсащ. Абджхэр мызэ-мытIэу зэрахъуэкIащ. I936 гъэм къеха уэм павильоным и абдж псори зэхикъутат. Хэку зауэшхуэ нэужьым абджхэр аргуэру яхъуэжащ, лагъымхэм я зэранкIэ ахэр псори къыхэщэщати. 
80 гъэхэм Лермонтовым и галереер зэрыщыту зэрагъэпэщыжащ, тхыдэ фэеплъым япэу иIа теплъэм зэхъуэкIыныгъэ хамылъхьэу. Иужьрейуэ галереер 2014 гъэм зыхуей хуагъэзэжащ. 
Ди зэманым галереер Кавказым и Минводы и филармонием и нэIэм щIэтщ. Нэхъапэхэми хуэдэу, абы концертхэмрэ художественнэ выставкэхэмрэ къыщызэрагъэпэщ.
Пятигорск къалэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ усакIуэшхуэ Лермонтов Михаил и цIэр. А щIыпIэм ар и сабиигъуэм щыщIэдзауэ щыIащ, «Герой нашего времени» и романым и сюжетыр къыщигупсысари аращ. 
1818 гъэм, и ныбжьыр илъэсиплI къудей фIэкIа мыхъуу, усакIуэр япэу Пятигорск къэкIуащ. 1820, 1825 гъэхэм абы аргуэру къытригъэзэжащ. УсакIуэм щIыпIэм щыпсэухэм я гъащIэм, хабзэм, хьэгъуэлIыгъуэ джэгухэм зыщигъэгъуазэрт. Псом хуэмыдэу зыхилъхьэ щыIэтэкъым щIыналъэм и щIыуэпсыр, псынэпсхэр, псыкъелъэхэр, бгы уардэхэр.
Пятигорск къалэр цIэрыIуэ хъуащ усакIуэм и тхыгъэхэм я фIыгъэкIэ. Иджы ахэм еджэхэр Пятигорск зыгъэпсэхуакIуэ къокIуэ.
УсакIуэр дунейм щехыжари Пятигорск къалэрщ. ЯпэщIыкIэ ар Пятигорск щыщIалъхьэжащ икIи мазийкIэ абы щIэлъащ. КъыжыIапхъэщ, Урысей псор къапщтэмэ, усакIуэшхуэм и фэеплъ япэу щаухуар Пятигорск къалэрщ. А жэрдэмыр 1870 гъэм къыхилъхьащ Лермонтовым и тхыгъэхэр зыджа Мартьянов Пётр. УнафэщIхэр абы арэзы щытехъуэм, ахъшэ зэхэдзэ ящIри, 1889 гъэм фэеплъыр ягъэхьэзыращ, илъэс 19 дэкIыжауэ. Мэшыкъуэ бгыщхьэм щагъэуващ метри 5, 65-рэ зи лъагагъ а фэеплъыр. Иджы нэчыхь езыгъэтх щIалэгъуалэм абы удз гъэгъахэр тралъхьэ, усэ къыщоджэ. Лермонтовым и унэ-музеи къыщызэIуахащ а къалэм, усакIуэм и иужьрей мазитIыр щигъэкIуа щIыпIэм. Къалэм зыплъыхьакIуэ къакIуэхэм я деж щIэупщIэ ин щаIэщ а ухуэныгъэмрэ фэеплъымрэ.
ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: