Зы мащIэт яхуримыкъуар…

       ПщылIыр пасэу Урысейм щыIукI пэтащ. Абы IэмалыфI къыхукъуэкIат зыужьыныгъэ тэмэмым и гъуэгум теувэну, ауэ апхуэдэхэм деж къызэрыхъу хабзэщи, псори напIэзыпIэм, нэгъуэщIу жыпIэмэ. зыпэмыплъам икъутэжащ.

НаIуэу зэрыщытщи, Петр Езанэр лIа иужь Урысейм и пащтыхь хъуащ абы и щхьэгъусэ Екатеринэ Езанэр. ЖьыщIакIуэу къэгъуэгурыкIуа а бзылъхугъэр зэрымыщIэкIэ тахътэм къихутати, къэрал зехьэкIэм щыгъуазэтэкъым. Абы ар икIи фIэфIтэкъым. А къалэныр абы и пщэ дилъхьащ джыназ Меншиков         Александр зи пашэ лIакъуэлIэш гупым, езым абыхэм ящI унафэхэм Iэ щIидз къудейуэ арат. 1727 гъэм Екатеринэ щылIэм гупыр регент хуэхъуащ пащтыхь тажыр сабийуэ зыщхьэратIэгъа Петр ЕтIуанэм. АрщхьэкIэ ари мыгувэу фэрэкI узым ихьащ. Мис абдеж гупым я пащхьэм къиуващ жэуап зритын хуей упщIэ гугъу: хэт пащтыхь хъунур? Ар зылъысын хуей цIыхухъухэр абдеж щиухати, гупыр иджы яхэдэн хуейт цIыхубзхэм.

 Зи гугъу тщIы гупым хэтхэр, дауи, зэщхьэщыкIырт я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ, ауэ мыбдеж псори щызэгурыIуащ: тахътэм итIысхьэн хуейр пащтыхь Алексей и къуэ Иван ипхъу Аннэщ. Абы щIытраухуам лъабжьэ иIэт: а цIыхубзыр къащыхъурт нэмысыфIэу, мылъкум щимыгъэкIауэ, зыми Iейуэ хущымыту икIи, унафэхэр къыщищтэкIэ, чэнджэщхэм едэIуэну. Ауэ джыназ Голицын Дмитрий къыхилъхьащ Курляндием и герцогиням               (нэгъуэщIу жыпIэмэ, Аннэ) тажыр хуагъэлъэгъуэн ипэкIэ езы пащтыхьым и властыр ягъэмэщIэну. АбыкIэ арэзы хъуащ адрейхэри. Голицыным зэхилъхьащ а дэфтэрыр - «Кондициехэр». Абы щыубзыхуат Совет щэху  ищхьэм (арат «гуп» хъужри) и Iизыныншэу пащтыхьыр хуимыту: 1. Зыми зауэ ирищIылIэну. 2. Мамырыгъэ ирищIылIэну. 3. Дэ къытхуэпэж къыткъуэтхэм къеIытххэмкIэ затедгъэхьэлъэну. 4. Къулыкъушхуэхэригъэувыную 5.Шляххэр иукIыну, абыхэм щIапIэхэр къатрихыну. 6. ЧэнджэщакIуэ щэху ищхьэм гупым имыщIэу урысхэри нэгъуэщI къэралхэм къикIахэри джыназхэм яхигъэхьэну. 7. Къэралым и хэхъуэхэм хэIэбэну. Ахэр имыгъэзащIэмэ, пащтыхь тажыр къытрахыжынут.

Щхьэтечу жыпIэмэ, къэралыр ипэжыпIэкIэ зезыхьэнур гупырт.

(ухуеймэ, чэнджэщакIуэкIэ еджэ). Псори Инджылызым щекIуэкIахэм ещхьт. Ауэ ар щIэдзапIэ къудейт. ИужькIэ я мурадт адэкIэ нэхъри кIуэтэну: Конституцэ къащтэну «Кондицэхэм» къадэкIуэу нэгъуэщI пэхуэщIэу           7 ягъэхьэзырат абы къызэрыщхьэщыкI щIагъуэ щымыIэу. Абыхэм ящыщ зыр нэхъ мыхъуми  къащтамэ,           Урысейм и зыужьыныгъэр гъуэгущIэм, езым и дежкIи куэдкIэ нэхъыфIым техьэнут. Нэхъыщхьэращи, пащтыхьым и власть гъунапкъэншэм кIэ игъуэтынут.

АрщхьэкIэ шыпсэм хэт «дзыгъуэ цIыкIур тепкIэри икъутэжащ» жыхуиIам хуэдэу, ар къайхъулIэну иухатэкъым. Пэжу, я мурадыр къызэтещэхэну япэщIыкIэ фэ теттэкъым. Дауи, герцогиням             игу ирихьакъым и пащхьэ иралъхьа «Кондицэхэр». Ауэ тажыр зыIэщIимыгъэкIын щхьэкIэ къыхуагъэлъэгъуа псомкIи арэзы хъури, Iэ щIидзыну зэрыхьэзырыр жиIащ. Псори зэфIэкIа хуэдэт. АрщхьэкIэ мыбдежым утыку къыщихьащ ищIагъымкIэ щыIэ лIакъуэлIэш нэхъ жьгъейхэр, гвардием и офицерхэр, члисэм и унафэщIхэр Ахэр арэзытэкъым «КондициехэмкIэ». Абыхэм къалъытэрт «пасэ лъандэрэ Урысейм къызэрыщекIуэкIым хуэдэу пащтыхьым унафэ псори IэщIэлъын хуейуэ, абы зыри дэгуашэ мыхъуну". Ди жагъуэ зэрыхъунщи, а зэманым куэдым къагурыIуэртэкъым «Кондицэхэм» къарыкIыр. Ахэр и щIэгъэкъуэну джыназ Голицыным тажыр иубыдыну къафIэщIырт.

ЧэнджэщакIуэхэр къепщIэкIа пэтми, Москва кIуа иужь Аннэ къищIащ цIыху къызэрыгуэкIхэр езым къызэрыдэщIыр. ИкIи ар къигъэсэбэпащ: и блыгущIэтхэм цIыхухэр зэщIагъэплъащ. 1730 гъэм гъатхэпэм и 8-м Москва и Лефорт уардэунэр, Аннэ къыщыувыIар, цIыху  800-м къаухъуреихьащ. Абыхэм я лIыкIуэхэм бзылъхугъэм лъэIукIэ зыхуагъэзащ «пащтыхь нэсу икIи зыми худимычыхыу щытыну», «кондицэхэр» зэфIитхъыжыну. АрщхьэкIэ «Кондицэхэр» зэхэзылъхьахэри тIысыжакъым: абыхэми жаIащ а дэфтэрым зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьэну зэрыхьэзырыр.

А псори щилъагъум Аннэ, цIыхубэм къыхуигъэувахэм текIыным темыгушхуэу» «Кондицэхэр» зэфIитхъри, лъэгум иридзащ. А дэфтэрыр ныкъуэзэфIэтхъыу къэнащ икIи мы зэманым ар щахъумэ Пасэрей Iэрытххэм я Урысей къэрал архивым.

 Иджы тхыдэдж куэдым шэч къытрахьэ пащтыхь гуащэр «цIыхубэм я фIэфIыныгъэм»  хэпщIауэ зэрыщытам: езым зыри химыщIыкIыу псори къэхъуауэ хуагъэфащэ. Ауэ нэгъуэщIым щыхьэт тохъуэ лIэщIыгъуэ  зыбжанэ зи ныбжь хъыбарыжьыр: «Пащтыхь тажыр щхьэратIэгъа иужь Аннэ тахътэм къитэджыкIри,  занщIэу бгъэдыхьащ джыназ Долгорукий Василий (гупым щыщ зым). И пэр иубыдри, унащхьэр щIэзыIыгъэ пкъо гъэжа курытым иришэлIащ (Iуэхур щекIуэкIыр Грановитэ палатэрт). Грознэм и сурэтым и дежи къыщыувыIащ:

- Джыназ Василий Лукич, уэ пщIэрэ мыр зи сурэтыр хэтми.

- СощIэ, Зи щIыхьыр лъагэ!

- Хэт?

- Пащтыхь Иван Василий и къуэрщ.

- АтIэ абы къыдэкIуэуи  зэгъащIэ, сыцIыхубзми, апхуэдэ дыдэу сыкъызэрыщIэкIынур. Фэ делиблыр фыхущIэкъуащ сыкъэвгъэпцIэну, ауэ сэ фэ сыфтекIуащ!

Пащтыхь гуащэм и псалъэр игъэпэжащ, гупым хэтахэм къащыщIар узижагъуэнщ. Джыназ Долгорукий зэкъуэшхэр япэ щIыкIэ Сыбыр яхуащ, иужькIэ, «Iуэхум хэплъэжри», щхьэпылъэ ящIащ. «Кондицэхэр» зыгъэхьэзыра Голицыным къэрал къулыкъу псори щхьэщахащ. Илъэси 6-кIэ и гугъу къамыщIу и щIапIэм щыпсэуащ, ауэ 1736 гъэм «щэхуу зэгурыIуахэм» яхэтауэ ягъэкъуаншэри, Шлиссельбург быдапIэм яшащ, мыгувэуи абы щIэлIыхьащ.

Мис апхуэдэу зы бзылъхугъэ закъуэм къызэпиудащ Урысейм и къэкIуэнур. Гъунапкъэншэ пащтыхь властыр щагъэкIуэдар 1917 гъэм и мазаерщ. Ауэ ар илъэс 300-кIэ (!) нэхъ пасэу къэсын хуеящ…

                 

 

Балъкъ Мухьэмэд.
Поделиться:

Читать также: