Мариинскэ театрМариинскэ театрыр – Урысейм и музыкэ театр инщ икIи урыс щэнхабзэм и дамыгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщщ.
Театрым и балет гупыр урыс къафэ гъуазджэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэфIхэр хуэзыщIа, къэралым и къэфакIуэ нэхъыжьхэм ящыщщ. Абы и оперэ труппэр дуней псом цIэрыIуэ щыхъуащ икIи пщIэ щиIэщ. Мариинскэ театрым сыт щекIуэкIми, цIыхушхуэ къокIуалIэ. Абы щIэх-щIэхыурэ зыкъыщагъэлъагъуэ дуней псом и цIыху цIэрыIуэхэм.
1860 гъэм яухуа театрым и теплъэр дуней псом щынэхъ дахэхэм ящыщу къалъытэ. Ар и лэжьыгъэщ архитектор Кавос Альберт. Пэшышхуэм ипэрей теплъэм зэхъуэкIыныгъэ хамылъхьэу ди нобэм къэсащ. Дыщэпс зытегъэлъэда, къэдабэ щхъуафэхэр зытелъ шэнтжьейхэр, хрусталь люстрэр, пащтыхь хэщIапIэм хуэдэ театр пэшым зыщыбгъэпсэхуныр уасэншэщ. Мариинскэ театрым и Iупхъуэр 1914 гъэм ягъэхьэзыращ театр художник цIэрыIуэ Головин Александр и эскизкIэ. Ар театрым и эмблемэ хъуащ.
Театрыр щаухуам, пащтыхь Александр II и щхьэгъусэ пащтыхь гуащэ Марие и цIэр ф1ащат. 1935 гъэм театрыр Кировым и цIэкIэ зэрахъуэкIащ. ИужькIэ иратыжащ япэу фIаща Мариинскэ цIэр. Театрым и художественнэ унафэщIыр дирижёр цIэрыIуэ Гергиев Валерэщ.
Мы театрым и утыр ягъэбжьыфIащ балетмейстер, къэфакIуэ цIэрыIуэхэу Нижинский, Павловэ, Карсавинэ, Петипа, Нуриев, Барышников, Дудинская. Абы уэрэд щыжаIащ Шаляпинымрэ Собиновымрэ. Балет хъугъуэфIыгъуэхэр абы зэрыщахъумам и фIыгъэкIэ мы театрыр зыхуэбгъадэ хъун щыIэкъым.
Къэбгъэлъагъуэмэ, балетым и щапхъэхэм ящыщ «Жизель» спектаклыр 1842 гъэм щыщIэдзауэ абы щагъэлъагъуэ. 1890 гъэм япэу абы и утыку кърахьащ «Лебединое озеро» балетыр. А гъэ дыдэм Чайковский Пётр и «Пиковая дама» оперэр япэу щагъэлъэгъуащ. Глазунов и «Раймонд» балетыр 1898 гъэм абы япэу зэрыщагъэлъагъуэрэ 370-рэ къытрагъэзэжащ.
Куэд щIакъым Декабристхэм я уэрамым тет Декорацэ тыкуэным деж Мариинскэ театрым и Концерт пэшыщIэ къызэрыщызэIуахрэ. ЦIыху 1100-м хуэщIа ухуэныгъэм Мариинскэ театрым и оркестрым и симфоние концертхэр щрагъэкIуэкI.
Поделиться:
Читать также:
29.04.2024 - 10:01 →
Дахагъэ къэзыгъэщI
29.04.2024 - 10:01 →
Хэку лъагъуныгъэм теухуащ уэрэдхэр
29.04.2024 - 10:01 →
Зэныбжьэгъугъэм и дамыгъэ
28.04.2024 - 15:02 →
ЦIыху лъэужьыфIэм и фэеплъ
27.04.2024 - 17:14 →
Витебск зыкъыщагъэлъэгъуэнущ
|