Темыркъан Юрэ и цIэр зэрихьэу Налшык дэт музыкэ школ №1-м ЕгъэджакIуэмрэ гъэсакIуэмрэ я илъэсым хуэгъэпса концерт иджыблагъэ щекIуэкIащ.
Ар ятеухуат Сафонов Василий и цIэр зэрихьэу пианист ныбжьыщIэхэм я XV дунейпсо зэпеуэ Пятигорск (Псыхуабэ) къалэм щекIуэкIам Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу къыщыхэжаныкIа ныбжьыщIэхэу Балий Дианэрэ Мэсей Iэдэмрэ. Мыхэр егугъуу зыгъэхьэзырар музыкэ школым и егъэджакIуэ Iэзэ Щоджэн Мадинэщ.
ИпэкIэ газетым тетами, къытезгъэзэжу жысIэну сыхуейщ, илъэс 30 хъуауэ ирагъэкIуэкI мы зэхьэзэхуэм республикэм щыщу хэтыну зыхуагъэфэщар зытхух фIэкIа зэрымыхъур.
Дианэрэ Iэдэмрэ мыр я япэ ехъулIэныгъэкъым. «Ди гугъапIэхэр» фIэщыгъэм щIэту 2022 гъэм Владикавказ щекIуэкIа XIX щIыналъэ зэпеуэм Iэдэм япэ, Дианэ ещанэ увыпIэхэр къыщахьауэ щытащ. А зэпеуэм ухэтынри тынштэкъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, Осетием я щIэблэм макъамэр фIыуэ ялъагъуу, абы хурагъаджэу къагъэтэдж, егъэджакIуэ бэлыхьхэр яIэщ. Мэсей Iэдэм нэгъабэ зэпеуэ куэдым хэтати, япэ увыпIэ фIэкIа къихьакъым. Абыхэм ящыщщ «Творческие вершины» фIэщыгъэм щIэту Кавказ Ищхъэрэм щекIуэкIа зэпеуэр.
Дианэрэ Iэдэмрэ нэгъабэ зэдагуэшащ Темыркъан Юрэ и саугъэту музыкэ школым щатыр. Ахэр хэтащ Москва дэт консерваторэм и доцентхэу Шибко Андрей, Лидский Михаил сымэ я мастер-классхэм. Камернэ макъамэмкIэ «Камерато» ансамблым и гъусэу утыку къихьащ ныбжьыщIэхэр.
Сафоновым и цIэр зезыхьэ зэпеуэм Дианэ Iэмал щигъуэтащ Саратов дэт къэ- рал консерваторэм фортепианэмкIэ кафедрэм и профессор Ангерт Лолитэ и мастер-классхэм хэтыну.
Дианэрэ Iэдэмрэ гъэхьэзырынымкIэ щIэгъэкъуэнышхуэ мэхъу ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым и профессор Нестеренкэ Ольгэ.
НыбжьыщIитIым зэфIэкI ябгъэдэлъым ерыщу зэрыхагъахъуэр хьэкъщ. Ахэр мы IэщIагъэм къызэрыхыхьэрэ куэд мыщIами, фIыкIэ къыхощ. Ар концертым щIэсахэм ящыщу гъуазджэм и лэжьакIуэхэми цIыху къызэрыгуэкIхэм я дежкIи нэрылъагъут. НыбжьыщIитIым гум зыдигъэпсэхуу, макъамэм и нэрынэ къэс зэрызыхащIэр уагъэгъэщIагъуэу композицэ хырых ягъэзэщIащ. Гъуазджэм и къарур зэрыиныр куэдым ящIэ, ауэ а гъуазджэр зи псэр къабзэ ныбжьыщIэхэм зэрызыхащIэр, абыхэм зэрагъэIур щыплъагъукIэ, а къарур тIуащIэ-щащIэу мэбагъуэ. Абы щыхьэт тохъуэ музыкэ школым и унафэщI Поплавская Светланэ концерт нэужьым жиIа псалъэ гуапэхэр.
- Мыхьэнэшхуэ зиIэ зэпеуэм ди ныбжьыщIэхэм икъукIэ дахэу зыкъыщагъэлъэгъуащ, нобэрей концертыр абы иджыри зэ щыхьэт тохъуэ. Си гуапэ дыдэу иджыри зэ сынывохъуэхъу. Сабийхэм ядэлажьэ Щоджэн Мадинэ и IэнатIэм хуэпэжу, пщIэ ин къыхуащIу къытхэтщ, лэжьакIуэшхуэщ. Апхуэдэу зэпеуэ иным зы сабий хуэбгъэхьэзырыныр Iуэху цIыкIукъым, Мадинэ зы мыхъуу, тIу игъэхьэзырыфащ. Щхьэхуэу къыхэгъэщыпхъэщ абы сабийхэр фIыуэ зэрилъагъур, дэтхэнэми бгъэдыхьэкIэ къызэрыхуигъуэтыр. КъыжыIапхъэщ мы ныбжьыщIэхэм я ехъулIэныгъэм я адэ-анэм я фIыщIэ зэрыхэлъыр. Абыхэм я быным трагъэкIуадэ зэманымрэ хуащI гулъытэмрэ куэд и уасэщ, - жиIащ Светланэ икIи я еджапIэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэр ныбжьыщIэхэм, абыхэм я адэ-анэм - фIыщIэ тхылъхэр яритащ.
КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и методикэ IуэхущIапIэм и унафэщI Бэрбэч Ислъам абы и псалъэхэм пищащ:
- Мы IуэхущIапIэр ди къэралым и музыкэ школ нэхъыфIхэм ящыщу къалъытэ, абы щыхьэт тохъуэ ныбжьыщIэхэм я ехъулIэныгъэхэр. Лъэпкъым фIыкIэ къыхэщ цIыхум къызыхэкIам и цIэр дахэкIэ егъэIу, а цIыхум и фэ лъэпкъ псом ираплъ. Ар ныбжьыщIэхэм ягу ирагъэлъыну сыхуейт. Мы школым щеджащ дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа дирижёр Темыркъан Юрэ. Мы ныбжьыщIэхэми куэдкIэ дащогугъ. Щоджэн Мадинэ Сабий гъуазджэхэмкIэ школхэм я егъэджакIуэ нэхъыфIыр къыщыхах зэпеуэм и хэгъэгу Iыхьэм и лауреат хъури, бжьыхьэм екIуэкIыну федеральнэ зэпеуэм хэтыну ирагъэблэгъащи, къехъулIэну ди гуапэщ, - жиIащ Ислъам.
Ар я IуэхущIапIэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъкIэ Щоджэным хуэупсэри, сабийхэм фэеплъ саугъэтхэр яритащ.
«Япэ итхэр» урысейпсо зэгухьэныгъэм» и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Шыпш Аслъэн псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ ныбжьыщIэхэм. Абы жиIащ мы цIыкIухэр нэхъыбэм къегъэцIыхун, я зэфIэкI дахэхэм щыгъэгъуэзэн хуейуэ къызэрилъытэр икIи езыхэм я зэгухьэныгъэм хузэфIэкI къызэримыгъэнэнур жиIащ.
- Насып инщ мыпхуэдэ щIэблэ лъэпкъым, унагъуэм къыпщIэхъуэныр. Я насып нэхъыбэ хъуну си гуапэщ. Мы цIыкIухэм я цIэр фIыкIэ къыщIраIуэн ехъулIэныгъэ куэд яIэну сахуохъуахъуэ, - жиIащ Шыпшым. Абы ныбжьыщIэхэм яритащ «Япэ итхэр» я урысейпсо зэгухьэныгъэм къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр.
ЕгъэджакIуэ IэнатIэм илъэс 50-м щIигъукIэ пэрыта Безрокъуэ Маритэ сабийхэм я зэфIэкIыр зэригъэщIэгъуам къинэмыщIауэ, ахэр макъамэм и дунейм хэзышэфа Щоджэн Мадинэ бгъэдэлъ зэчийр къыхэгъэщын зэрыхуейр, цIыхум фIыуэ илъагъу IэнатIэм гурэ-псэкIэ зэрыбгъэдэтым и щапхъэу ар къызэрилъытэр жиIащ. Ар ехъуэхъуащ мы сабийхэр здынэса лъагапIэм нэзышэсыфа егъэджакIуэхэмрэ адэ-анэхэмрэ.
Музыкэ школым, ГъуазджэхэмкIэ институтым я егъэджакIуэхэмрэ лэжьакIуэхэмрэ къыщыпсэлъащ абы. Дианэрэ Iэдэмрэ я ехъулIэныгъэм зэрыщыгуфIыкIыр жаIэу, сабийхэми ахэр зи гъэсэнми ехъуэхъуу.
Ди редакцэм къыбгъэдэкIыу ныбжьыщIэ цIыкIуитIми абыхэм я егъэджакIуэми дохъуэхъу, ефIэкIуэну, заужьыну, зэрырагъэжьам хуэдэу, я гъащIэ гъуэгуанэр дахэу, фIыкIэ къыхэщу екIуэкIыну ди гуапэщ.