Уэрэдыр гъыбзэ зыхуэхъужар

 Нобэ зи гугъу тщIыну уэрэдыр зэрызекIуэр куржыбзэщ, и псалъэхэри и макъамэри зэхэзылъхьар Кумсиашвили Теонэщ. 
 Зэманым къигъэувыр нэгъуэщI мардэми, зэпIэзэрыту уэрэд зыгъэзащIэ уэрэджыIакIуэхэр игъащIэми щыIащ, адыгэхэми ди хамэкъым. ЦIыхур зэрыцIыхур, гъащIэр зэрыгъащIэр… Къыпхуиуха илъэсхэр напэмрэ щIыхьымрэ уафIэлIыкIыу епхьэкIыныр зэрымытыншыр, лъагэу ущиIэти, щIым ущригъэдзакъи гъащIэм къызэрыхэхуэнур… А псори къыщыбгъуэтынущ нобэ зи хъыбар етшэжьа «Иори» уэрэдым. 
 Куэдым ягъэзащIэ мы уэрэд цIэрыIуэр. Сыту пIэрэ абы апхуэдизу псалъэхэр къызыгурыIуэри игъащIэм Куржым щымыIа, я бзэр зымыщIэхэри щIыдихьэхыр? И кIэри и пэри псыежэхым теухуа уэрэд къудейкъэ? А упщIэхэр уигу къэмыкI щIыкIэ, гум йотIысхьэ уэрэдым щIэлъ макъамэр. «Сыт мы къысщыщIыр» - жыпIэу, узэупщIыжу, нэгъуэщI дуней укъыщегъэхутэ. 
 «Узмылъагъуу, дауэ Iуащхьиблым я щIыбагъ сыдэтыну?» «УщызимыIэж махуэм абы силIыкIынущ», - апхуэдэ лъагъуныгъэбзэкIэ гъэнщIащ уэрэдым нэхърэ тхьэлъэIур уигу нэхъ къэзыгъэкI «Иори»-м и сатырхэр. А лъагъуныгъэ куур зыхуэгъэзар псыежэхрами, уэрэдыр зэхэзылъхьа Кумсиашвили Теонэ и лIэкIэ гуузым ар езымрэ и бынитIымрэ гъыбзэу ящхьэщигъэувэжащ. Иджы «Иори» уэрэдыр зыгъэзащIэ псоми зызыхуагъазэр зи уэрэдыр фэеплъ зыхуэхъужа хъыджэбзырщ. 
 «2010 гъэм бадзэуэгъуэм и 23-м Куржы щIыналъэм хъыбар гууз щызэбгратыкIащ. Хевсур щIыпIэм хиубыдэ Муцэ къуэм дэхуэри, гъуэгу къэхъукъащIэм цIыхуибл хэкIуэдащ, абыхэм ящыщу щыр сабийт. Хевсурым и усакIуэшхуэу къалъытэ Даиуари Гелэ и унагъуэр щыIэщIэкIащ а гузэвэгъуэм: и щхьэгъусэ Кумсиашвили Теонэрэ я къуитIымрэ: нэхъыжьыр – илъэситI, нэхъыщIэр мазих хъурт. Анэми сабийхэми я хьэдэхэр ягъуэтыжакъым», - Куржыр гуауэм хэзыдза хъыбарыр а псалъэуха зыбжанэм ихуащ. 
 Аргун псыежэхым щхьэщыт щыхупIэм ехуэха джипым унагъуитI исащ: Даиаури, Арабули унагъуэхэмрэ абыхэм я Iыхьлыхэмрэ. Псори гуфIэгъуэ пшыхьым кIуэуэ арат. Арабулихэ ящыщу зэщхьэгъуситIымрэ я сабиймрэ хэкIуэдащ. Даиаури унагъуэм щыщу къелар Даиаури Гелэ и закъуэщ. Псэууэ машинэм къикIар цIыхуищ къудейщ. 
 Кумсиашвили Теонэ 1984 гъэм Сиони куржы къуажэм дунейм къыщытехьащ. Хъыджэбз цIыкIум зэчий къызэрымыкIуэ зэрыбгъэдэлъым пасэу гу лъатат и адэ-анэм. Илъэс 17-м Теонэ и япэ уэрэдыр зэхилъхьащ. Хуэмурэ и макъри Тхьэм къыбгъэдилъхьа и тыгъэри хэIущIыIу хъуащ, арщхьэкIэ ар IэщIагъэ зыхуищIын имыдэу, хъыджэбзыр дэкIуэри щIалэ цIыкIуитIи игъуэтат. 
 2007-2010 гъэхэрщ Теонэ къыщацIыхуари и уэрэд цIэрыIуэхэр щызэхилъхьари. Ахэр уэрэдым нэхърэ духьэхэм нэхъ зэрещхьми гу лъатат цIыхухэм, гъащIэм уригъэгупсысу, уи щхьэм ущIигъэгупсысыжу. И щхьэгъусэ Гелэ къызэриIуэтэжымкIэ, Теонэ уэрэд иусын зэрыщIидзэжами щхьэусыгъуэ иIащ. Зэгуэр, жьыуэ псыежэхым щхьэщыхьа хъыджэбзым мелыIыч илъэгъуауэ къыфIэщIащ. Тхылъхэм зэрыхэтым хуэдэу, дамих тетрэ нурым щIигъэнауэ. Теонэ зыгуэркIэ игъэкъуаншэ хуэдэу къыIуплъэри, мелыIычым и Iэпхъуамбэр уафэмкIэ ишиящ, жи. Абдежым хъыджэбзыр уэрэд зэхэлъхьэным къызэрыхуигъэщIар куууэ зыхищIэри, усэ итхын щIидзащ, хевсур макъамэхэр ящIилъхьэурэ игъэзащIэу щытащ. Ауэрэ унагъуэм щыхагъэзыхьым, хъыджэбзыр IуэрыIуатэ зэпеуэхэм макIуэ, гу къылъатэ, къацIыху. Апхуэдэ пшыхьхэм я зым Теонэ щыхуэзащ хъыджэбзыр дунейм ехыжа нэужь, «Иори» уэрэдым псэщIэ къыхэзыгъэхьэжа макъамэтх, уэрэджыIакIуэ щэджащэ Кенчиашвили Дато. 
 Теонэ и уэрэдхэм еуэ-еуэу заубгъурт, Куржым и гъунапкъэм дэмызэгъэжу. Къэралым и дин унафэщIу а зэманым щыта Илие ЕтIуанэм хъыджэбзыр ириджэри, зэхилъхьэ уэрэдхэр къабыл зэрищIыр къыжриIащ, уеблэмэ псапэхуэщIэ ахъши къритащ, и зэчийм зригъэужьын папщIэ. 
 2007 гъэм и гъэмахуэм Кумсиашвили Теонэ хэтащ Тыркум щекIуэкIа, лаз лъэпкъым щыщ Коюнджу Кэзим хуагъэфэща IуэрыIуатэ пшыхьым. Хъыджэбзым цIыхухэм я щхьэфэцым зригъэIэтащ жыпIэмэ, ущыуэнукъым, жаIэжырт. 
 «Хэти Тхьэм щихъумэ абы и лIым и натIэ хъуа гуауэм», - жаIэ цIыхухэм. Езыр псэууэ къызэрелар къалэну къилъытэри, Даиаури Гелэ къыхуэна гъащIэр Теонэ и IэдакъэщIэкIхэр цIыхухэм захригъэхыным триухуащ. Абы и фIыгъэщ иджы «бгырыс уэгунэбзур» дуней псом къызэрыщацIыхур. 
 Наврозашвили Бичикорэ Кенчиашвили Даторэ «Таобэ» уэрэджыIакIуэ гупым хэт пщащэхэр я гъусэу ягъэзащIэ «Иори» уэрэдыр. Мелуан пщIы бжыгъэм щхьэдэхащ абы едэIуахэм я бжыгъэр. ФIыщIэ псалъэ кIэщIэзытхахэм яхэмыт лъэпкъ къэмынэжа пэлъытэщ. «Тхьэм куржы лъэпкъыр фригъэфIакIуэ, фIыуэ фызолъагъу!», - етх зым. «Зы псалъэ къызгурыIуэркъым, ауэ семыдэIуэну схузэфIэкIыркъым», - етх адрейм. «Сыщынэщхъейхэм деж, мы уэрэдым содаIуэри, сщхьэщех», - дыкъыщоджэ ещанэм. УэрэджыIакIуэхэр зыцIыху я лъэпкъэгъуми къыдыщегъу: «Си дежкIэ Наврозашвили Бичико Куржы лъэпкъым игущ, Кенчиашвили Дато - а гум ирикIуэ лъэпкъым и лъырщ. Ансамблым хэт хъыджэбзхэр зыхуэзгъадэр лъыми гуми ямыIэу мыхъуну хьэуарщ». 
 Куржыхэр зыщигъэтхъуу, «Иори» уэрэдыр дахэу егъэзащIэ Адыгейм щыщ уэрэджыIакIуэ Даут Сусанни.
 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: