ШукIасэрэ щIалэм и адэмрэ

  ШукIасэ зекIуэ ежьэри, илъэс гъуэгуанэ зэпичащ. Илъэс гъуэгуанэ щызэпичым зы щIалэ и гъусати, и цIи-и щхьи щIэупщIакъым, щIалэми зыкъригъэцIыхуакъым. 
ЩIалэм лIыгъэ дилъэгъуати, и унэ ихьэжа нэужь, и хъыбар иIуэтэжащ ШукIасэ. 
- Хэт щыщ уи гъусар? - къеупщIащ ШукIасэ и унэгуащэр. 
- И цIи-и щхьи сщIэркъым, зыщыщкIи сеупщIакъым, -жиIащ ШукIасэ. 
- ЕмыкIу къэпхьри укъекIуэлIэжащ, - къыжриIащ унэгуащэм. - Илъэс хъурейкIэ уи гъуса щIалэм и цIэрэ и щхьэрэ зэбгъэщIакъым, зыщыщкIэ уеупщIакъым - ар хабзэ? 
«ЩIалэм и цIэрэ и щхьэрэ зэзмыгъэщIауэ сыкъекIуэлIэжынкъым», - жери ШукIасэ дэшэсыкIащ. ЩIалэм и шыфэлIыфэкIэ щIэупщIэурэ и псэупIэ зригъащIэри и хьэщIэщым ихьащ. ЩIалэр къыщыгуфIыкIащ, къигъэхьэщIащ, къигъэлъэпIащ. ЩIалэм и цIэрэ и щхьэрэ зригъащIэри, игу зэгъауэ, махуищкIэ исащ хьэщIэщым. 
ХьэщIэщым махуищ иса нэужь, щIалэм ШукIасэр унэм иригъэблэгъащ. Унэм ихьэмэ - жьантIэм зы лIыжь дэсщ, и пащIэ-жьакIэ къетхъухауэ.
  ФIэхъус ириха щхьэкIэ, лIыжьым зы псалъи къыпидзыжакъым, зымащIэкIэ зыкъытриIэтыкIа фIэкIа. Ар зыхуихьынур имыщIэу, ШукIасэ унэм къикIыжащ. ХьэщIэщым ихьэжа нэужь, ШукIасэ щIалэм еупщIащ: 
- Унэм сыщихьэм лIыжьым зыкъиIэтакъым, фIэхъус есхати, псалъэ къыпидзыжакъым. СыткIэ игу зэзгъэбгъа? – жери. 
- Ар си адэщ, - къыжриIащ щIалэм. - Си адэм и лъэ къыщIэувэркъым, и бзи псалъэркъым. «Нарт ШукIасэ уи унэ къихьэрэ къыпщIэупщIэмэ, уи лъэри къыщIэувэжынущ, уи бзэри къиутIыпщыжынущ», - къыжраIауэ, лIы ныбжьым щита лъандэрэ къыппоплъэ - и пащIэ-жьакIэр зэрытхъуар плъэгъуащ. Иджы ди унэ укъихьащи, хъужынкIэ дыщыгугъынущ. Алъандэм сыщIалэти, гъусэ зыпхуэсщIыфакъым. ЗекIуэ сежьэ хъури, илъэскIэ сыщIыпщIыгъуар ди унэ укъисшэн щхьэкIэщ. 
- СывэкъуэншэкIащ жыпIэркъэ атIэ - ар сэ сщIакъым, - игурэ и щхьэрэ зэбгъэжащ ШукIасэ. 
ШукIасэ хьэщIэщым здисым, щIалэм и адэр къызэфIэувэжащ, и бзэри къиутIыпщыжащ.
Поделиться:

Читать также: