Макъамэ уахътыншэхэр зи IэрыкI

Урысей Федерацэми Адыгэ Республикэми я цIыхубэ артист, УФ-м гъуазджэхэмкIэ, щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгейм и Къэрал саугъэтым и япэ лауреат, СССР-м и композиторхэм я союзым и унафэщIу щыта  Тхьэбысым Умар къызэралъхурэ шыщхьэуIум и 16-м илъэси 104-рэ зэрырикъур тегъэщIапIэ ящIри, тхыгъэкIэ, фильмкIэ ягу къагъэкIыжащ зыцIыхуу щытахэм, щIэблэр щагъэгъуэзащ зи цIэр щэнхабзэм къыхэна цIыхум и гъащIэм. 

Япэ махуэхэм щыщIэдзауэ уэрэдыр цIыхум къыдогъуэгурыкIуэ, сабий ирагъэдаIуэу, ирагъэжейуэ, ирагъэджэгуу. Балигъ гъащIэми уэрэдыр хэтщ, къыгуэхыпIэ имыIэу. Лъэпкъ гуфIэгъуэхэр ирагъэбжьыфIэ, хьэгъуэлIыгъуэр ирагъэдахэ, Iуэхур ящегъэпсынщIэ. УзэIэбэкIыжмэ, уэрэдкIэ лIыхъужьыр ягъэлъапIэрт, уIэгъэм шэр къыхахыжырт, лъагъуныгъэр ираIуатэрт, къэрабгъэр ауан иращIырт… Уэрэдыр фэеплъу къонэ… Аращи, уэрэдыр щIыгъуу цIыхур къалъху икIи мэлIэж. 
Нэхъыжьхэм къаIуэтэж хъыбар гъэщIэгъуэнхэм, ягъэзащIэ уэрэдыжьхэмрэ гъыбзэхэмрэ къыщIэтэджа Тхьэбысым Умар къызыхуигъэщIар уэрэдымрэ макъамэмрэт. Ар утыкум итыху, цIыху куэд игъэгуфIащ, и концертхэр гукъинэж ящыхъуу. Адыгэ пшыналъэр хъума хъуным хэлъхьэныгъэфI зэрыхуищIам и щыхьэтщ абы и уэрэдхэр, дзапэ уэрэду лъэпкъым къыхуэнахэр. Тхьэбысым Умаррэ Бахъуэ БетIалрэ зэдатхащ «Адыгэ нысэ унэ идошэ», «Хэт епта си гъатхэр?», «Адыгэ пшынэр мэджэгу», «Сэракъым узирозэр», «Адыгэм ипхъу», «Лъагъуныгъэм и уэрам» уэрэд цIэрыIуэхэр. ЦIыхубэ уэрэд хъуа пэлъытэщ КIыщокъуэ Алим и псалъэхэр зыщIэлъ «ТекIуахэм сэлам», «Лъагъуныгъэ уэрэд», «Зэныбжьэгъубжьэ», «Си Хэку», «Шумахуэ», Жанэ Къырмызэ и псалъэхэр зыщIэлъ «Си къуажэ», «Си вагъуэ», «Уэ уи нитI» жыхуиIэхэр, нэгъуэщIхэри. 
Макъамэ училищэм щIэтIысхьэну зи хъуэпсапIэ Умар уэрэд жыIэным хуэIэзэт икIи макъамэтх хьэзырт, ауэ, зауэр къэхъейри, и мурадхэр зэпигъэун хуей хъуащ. Ажалым пэщIэту зауэм щыIутми, Умар пшынэмрэ адыгэ пшыналъэмрэ IэщIыб ищIакъым. Бийм щхьэмыгъазэу щыпэщIэткIи, абы гитарэр игъэтIылъыртэкъым, пщIэхэдзауэ къыздрихьэкIырт, гитарэр биишэм кхъузанэм хуигъэкIуами. 
Хэнейрэ ар уIэгъэ хъуащ, плIэ фэбжьышхуэ игъуэтащ. Берлин къыщащтэм Умар уIэгъэ хьэлъэ хъууэ сымаджэщым щыщIэхуам, игу къеуэрт гитарэр. ТIэкIу нэхъыфI къызэрыхъужу, и макъым къызэрихькIэ уэрэд къыхидзащ. АпхуэдизкIэ и уэрэдхэм сымаджэхэри къеIэзэ дохутырхэри дахьэхати, къелъэIухэрт иджыри яжриIэну. Аккордеон щIэрыпс я унафэщIым къызэрыхуищэхуам абы гукъыдэжу къритар къэIуэтэжыгъуейщ. Дивизэм и нэхъыщхьэм абы щыгъуэ къыжриIат зауэр иухыху адэкIэ Iэщэм и пIэкIэ макъамэр Iэпэгъу ищIыну.
 Зи гур зауэм ириуда цIыхухэр мамыр гъащIэм къыхэшэжынымкIэ, тегъэгушхуэнымкIэ Умар лэжьыгъэшхуэ иригъэкIуэкIащ икIи жыпIэ хъунущ я гукъыдэжым хэзыгъахъуэ, дэрэжэгъуэ езыт защIэу щытауэ абы и уэрэдхэр. Адыгэу дунейм тетым и цIэ къудеймкIэ Тхьэбысым Умар ящIэ хэтми. И уэрэдхэращи - ахэр уахътыншэщ. 
 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: