ГъащIэм ухуэзыущий

Адыгэхэм нэхъапэм хабзэ хьэлэмэт куэд зэрахьэу щытащ. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри епхащ лъэпкъым и дуней тетыкIэм, Iуэху зехьэкIэм, гупсысэм.  Абыхэм ятеухуа тхыгъэ куэд дэфтэр хъумапIэхэм щыбгъуэтынущ,  къыхощыж ахэр ди лъэпкъ художественнэ литературэми. Псом хуэмыдэу адыгэ хабзэмрэ  лъэпкъым къыдекIуэкI нэмысымрэ хэухуэнащ  Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIэныгъэлI цIэры­Iуэ, егъэджакIуэ, тхакIуэ, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м щIэныгъэмрэ литературэмкIэ и Къэрал саугъэ­тыр зрата, УФ-м и ТхакIуэ­хэм я союзым хэт, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор МафIэдз Сэрэбий Хьэжмэстафэ и къуэм и къалэмыпэм къыпыкIа лэжьыгъэхэм. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ,  МафIэдзым и  «ХьэщIэ махуэ», «Шыдыгъу»  повестхэр.

ТхакIуэм и IэдакъэщIэкIхэр бзэ шэрыуэкIэ, бзэ къулейкIэ тхащ.  Еджэн зэрыщIэбдзэу, гу лъумытэу къанэркъым абы къыхэщыж адыгэ хабзэхэм. «ХьэщIэ махуэ» повестым псом япэу дызыщрихьэлIэ    Iуэхугъуэщ адыгэхэм я бынхэр къану яту зэрыщытар. Ар адыгэхэм пасэ зэманым къадэгъуэгурыкIуа хабзэфIхэм ящыщщ.

Къаныр хэти ирату щытакъым, атIэ пщIэ зыхуащI, лIыгъэ зыбгъэдэлъ, акъыл жан зиIэ цIыху пэжщ зыхуагъэфащэу щытар. Тхыгъэм къызэрыхэщыжымкIэ,  апхуэдэу лэжьакIуэшхуэу, и пщIэнтIэпскIэ псэужу, хабзэкIи чэнджэщкIи уабгъэдыхьэ хъууэ,  зэращIэжрэ атэлыкъхэу щыта Къэнмыгъэс Джырандыкъуэ и унагъуэр и къуэрылъхум папщIэ къыхихат пщы уэлий  Болэт.  

Къан упIыныр гугъут, адыгэхэм гуфIэгъуэу ялъытэми. Къаныр унагъуэм я сабий цIыкIум дапIынут. Абы теубгъуауэ псэурт а дзыхь лъагэр, пщIэ иныр  зыхуащIахэр.

Къалэнышхуэт апхуэдэ Iуэхур емыкIуншэу, щIыхь пылъу  зэфIэбгъэкIыныр. Сабийр дунейм къызэрытехъуэу къащтэрти, ар лIыпIэ иувэху и атэлыкъым деж щыIэт. И ныбжь нэса иужь, хуэфащэ гъэсэныгъэр бгъэдэлъу, Iэщэхэр ягъэIэкIуэлъакIуэфу, пщIэрэ нэмысрэ хуащIу и адэ-анэм я деж яшэжу щытащ.

«ХьэщIэ махуэ» повестым къыхощыж Джырандыкъуэ и къаным кIэлъызэрихьэ хабзэ псори. Апхуэдэу, къаныр дунейм къытехьауэ зэрызэхахыу,   ар зыхуагъэфэщам и куэбжэм   нып хужь фIадзэрт. Къаныр быдзышэкIэ зыгъэшхэну цIыхубзри хабзэм тету  къыхахырт. Ар гуакIуэу,  щIалэу, къабзэлъабзэу щытын хуейт. Къаныр къашэну щыкIуэкIэ шу гуп  зэдэшэсырт, ерыскъы,  сытхэр къызэдащтэрт. Къаныр къыщыIахкIэ, зэпекъу зэдэджэгухэрт, нэщанэ зэдеуэрт, хэти шурылъэс е пыIэзэфIэхькIэ зэпеуэрт. Хэхъуэ зиIэ унагъуэм къыхуалъхуар щIалэмэ, кхъуейплъыжькIэрыщIэ тхьэлъэIу ящI хабзэт. ЩIалэхэр кIапсэкIэ дэпщейуэрэ кхъуейм едзакъэрт, хьэпшып гуэрхэр къыфIахыурэ къехыжырт. Псоми я лIыгъэр ягъэлъагъуэрт.

Хабзэм щыщу повестым къыхэщыжхэм ящыщщ лъыкIэ зэбий лъэпкъитIыр зэрызэгурыIуэжам и щыхьэту,  я щхьэр яупсу зэрыщытар. Апхуэдэу цIыхубзым дагъуэ щиIэм деж, къалъхунур щIалэрэ хъыджэбзрэ къащIэн щхьэкIэ, мэлыхъуэ нэпскIэ зэджэр, мэл  кIуэцIым илъ, псы зэрыт шэрыб цIыкIур,  мафIэм пэрадзэу щытащ. Мэлыхъуэ нэпсыр тежабзэмэ, хъыджэбз, къыдриутхеймэ, щIалэщ жаIэрт. Дахэнагъуэ, Джырандыкъуэ и щхьэгъусэм, и къаныр ныбэ щилъым ищIауэ щытащ апхуэдэу.  

Хабзэм нэмыщI, мы повестым ущрохьэлIэ псалъэжь, псалъэ шэрыуэ, зэгъэпщэныгъэ куэдым. Апхуэдэхэщ: «Мыбы и занщIэр и гъуэгущ», «3екIуэлIрэ хьэжырэтрэ пщIэгъуалэ шэсрэт сытми», «Махуэм дыIэхъуэщ, жэщым дыхьэдэ хъурейщ», «Дзыгъуэ гъуанэ здихьа къэмынэу», «Уипхъу зэрысрэ уи нысэ и дыщрэ», «Я бзаджэ я пIастэпс хэухуэжи», «ШыщIэ къамылъхум уанэ хузэщIыболъхьэри», «Фызыр унэ ихьэмэ, и цIэр къегъуэтыж», «ЗыщIын щхьэкIэ нэщI, зыщIэн щхьэкIэ фIей», нэгъуэщIхэри.

МафIэдзым и «Шыдыгъу» повестри хьэлэмэту тхащ. Мы повестым къыхощыж адыгэхэм   шыр ягъэлъапIэу, пщIэ хуащIу зэрыщытар. Шы пфIадыгъуныр мылъку пфIэкIуэд къудейтэкъым - ар напэтехт, лIыгъэншагъэт, емыкIут, хабзэм къемызэгът, щхьэпудыныгъэт. Апхуэдэ щIэпхъаджагъэ къыщыщIауэ  тхыгъэм къыхощыж Дамыщыкъуэ Жанхъуэт. Мы повестым щыдолъагъу адыгэхэм шы къадыгъуу зэрыщытар, абы къыхэкIыуи адыгэхэм  шыдыгъу Iэзэ куэд  зэрахэтар.

«Адыгэшыр адыгэлIым и щIэлъэныкъуэщ. Щауэ мафIэу уанэгум исыр зы зауэлI ес закъуэщ, шы имыIэжмэ. Сытми зыхуигъэныкъуэнщ, ерыскъынши унэнши зищIыфынщ адыгэлIым, иш зыхуей хуигъэзэн, ихъумэн щхьэкIэ. Iуэхугъуищ щыIэщ адыгэлIым ущIигъэщIэхъу: епIуэкIыпами, залымыгъэкIэ къытумыхауэ къыуимыт и пыIэ, и Iэщэ зэрихьэ, и уанэш. Адыгэшыр лыгъэми псыми къигъэувыIэнукъым. Абы зригъэнамэ, адэкIэ гъуэгу щымыIэжу аращ.   Гъуэгуанэ хьэлъэм ар щыбланэщ, къуакIэбгыкIэ къуейщIейм, джабэ задэм ар щыбжэнщ. Хъыбар щIагъуэ щыIэщ, уегуакIуэмэ, адыгэлIым и шым щхьэкIэ и нэ лъэныкъуэр ирыригъэщIыжауэ. Шыр чэнджэщэгъу губзыгъэщ, и бзэ мыпсалъэми, гъусэ жыIэщIэщ, ар къыбдогуфIэ икIи къыбдогузавэ. Уиш къеIам, къыуимыщIа къигъэнэжакъым. Абы щысхьырабгъу иIэкъым», -  къыхощ повестым.

Мы тхыгъэр, МафIэдзым и адрей тхыгъэ купщIафIэхэми  хуэдэу, бзэ дахэкIэ тхащ. Абы къыхэкIыуи мы повестым ущрохьэлIэ   псалъэжь, зэгъэпщэныгъэ, псалъэ шэрыуэ куэд. Абыхэм я щапхъэщ  «Удын зэхэдзэ нэхърэ - Iыхьэ зэхэдзэ»,   «Уи хьэлэлщ, уи анэ узригъэфа быдзышэу», «Узэсэ сэгъейщ», «Зы мэлыфэ тIэу трахыркъым»,  «Уи нэм къеIэмэ, и псэм еIэ», «Я ныбэ измэ, шхьэхынэщ, я ныбэ нэщIмэ, жыджэрщ», «Делэ хъуам гуэныхь телъыжкъым».

Адыгэ тхакIуэ МафIэдз Сэрэбий къыщIэна тхыгъэхэм ящыщ дэтхэнэри гъащIэм ухуэзыущий, пэжыр уи гъусэу абы ухэзыгъэт гъуэгугъэлъагъуэщ. КъызэрыслъытэмкIэ, адыгэ щIалэгъуалэр еджэн хуейщ  ди лъэпкъ тхыдэмрэ хабзэхэмрэ апхуэдэу наIуэу къызыхэщыж тхыгъэхэм.

ПЩЫУКI Дианэ.

 

Поделиться: