ЩIалэгъуалэм я жэрдэм

Ди лъэпкъ щэнхабзэмрэ къыддекIуэкI хабзэхэмрэ ятеухуауэ  дызыщIэупщIэнкIэ хъунур дяпэкIэ къыщытщIэфынущ жып телефонхэми. Апхуэдэ гуэдзэн зэхэгъэувэным текIуэдэну ахъшэр къыщахьащ «Росмолодёжь» федеральнэ агентствэм илъэс къэс иригъэкIуэкI зэхьэзэхуэм.  Ар гъэхьэзырыным сом мин 800 хуагъэфэщащ икIи етIанэгъэ яублэнущ лэжьыгъэр.

Проектыр зейр Бахъсэн къалэм щыщ Ныр ФатIимэщ. Ар и унафэщIщ 2018 гъэм Москва къыщызэрагъэпэщауэ Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым я щIалэгъуалэр зэкIуалIэ зэгухьэныгъэм. Ныр ФатIимэ къытхутепсэлъыхьащ мы гупсысэм зэрыхуэкIуамрэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэмрэ.

- «Гунэс» зыфIэтща Iуэхур зытеухуар цIыхухэм жып телефоныр къагъэсэбэпу адыгэхэм я щэнхабзэм зэрыщыгъуэзэн гуэдзэн  зэрызэхэдгъэувэнурщ, - жеIэ абы. - Ар къыхэтлъхьэн хуей щIэхъуар къэхутэныгъэ едгъэкIуэкIахэм кърикIуар, пэжыр жысIэнщи, ухэзыгъаплъэти аращ - дуней псом къыщекIуэкI Iуэхушхуэхэм лъэпкъ щэнхабзэм иIэ мыхьэнэр къызэрыхэмыщырщ, абы дихьэх щIалэгъуалэм кIуэ пэтми я бжыгъэр нэхъ мащIэ зэрыхъурщ. Мы зэманым анэдэлъхубзэкIэ тхылъхэр къыдагъэкIми, иужьрей техникэм теухуауэ зыдужьауэ пхужыIэнукъым. Псом хуэмыдэу нэхъ узытегузэвыхьыр школакIуэхэмрэ  студентхэмрэщ - хъыбар къызэращIэ Iэмалу къагъэсэбэпыр жып телефон къудейрщ. Аращ абы гуэдзэн хуэтщIыну дыщIызэгурыIуар.

Абы елэжьын щыщIэддзэм, икъукIэ щIэгъэкъуэнышхуэ къытхуэхъуащ АкIэгъу Зэкиррэ Къуэшмыдэ Русланрэ, тIуми фIыщIэ яхузощI.

Псыпэр къыщежьэр

Пщащэм зыкъыдигъэцIыхуну сыщелъэIум, мыращ къызжиIар: «Си адэ-анэр зэпымыууэ егугъуащ зэрызызужьынум: стIол теннисым, шахматым, къафэхэм, уеблэмэ каратэм зыхуэзгъасэу щытащ. Апхуэдэу жыджэру псоми сызэрыхэтам и фIыгъэу къызолъытэ илъэс 16-м сызэрыщIэтIысхьэфар къэралым и еджапIэ нэхъыфI дыдэхэм щыщым - УФ-м и Суд Нэхъыщхьэм епхауэ Москва дэт ПравосудиемкIэ Урысей къэрал университетым. Абы илъэсиблкIэ  юрист IэщIагъэм сыщыхуеджащ.

Къалэнхэмрэ пщэрылъхэмрэ

- Къыхэзгъэщыну сыхуейт, адыгэхэм я щэнхабзэр ди къэралым и щыхьэрым къыщедгъэщIэным, ди хабзэхэр абы щытхъумэным илъэс еханэ хъуауэ иужь дызэритыр. Зэгухьэныгъэм хэтыр, зэрыжысIауэ, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым, Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу Москва еджакIуэ кIуахэрщ. Зы унагъуэшхуэ хуэдэу къыдолъытэ ар, икIи, ди лъахэм дыпэIэщIэми, мыбдеж дэтхэнэми ныбжьэгъу къыщигъуэтыфынущ, и къару щеплъыжыфынущ, апхуэдэуи и къэухьым зыщригъэужьыфынущ, - пещэ ди псэлъэгъум. - Дэ дыхуейщ дыкъызыхэкIа лъэпкъым иIа хабзэхэр тхъумэну, ди ужь къэкIуэнухэми ахэр ящыдмыгъэгъупщэну. Къалэшхуэхэм деж гугъущ нэгъуэщI лъэпкъхэм закъыхэбгъэщыныр, лъэпощхьэпо куэди упхыкIын хуей мэхъу. Аращ ЩIалэгъуалэ зэгухьэныгъэр къыщIызэдгъэпэщар. Абы щекIуэкI лэжьыгъэм жыджэру щIалэгъуалэр къыхохьэ икIи мы зэманым цIыху миным щIигъу хэтщ, ди лъэпкъ хабзэхэм пщIэ хуащIу, абыхэм тету.

ЗэгухьэныгъэмкIэ ди мурад нэхъыщхьэхэм ящыщщ щIалэгъуалэр я гъэсэныгъэм едгъэгугъуныр, абыхэм зедгъэужьыныр. Зэгухьэныгъэм и фIыгъэкIэ республикищым щыщ щIалэгъуалэр зэрощIэ, гугъуехь яIэмэ, зыр адрейм доIэпыкъу. Зэгъусэу къызыдогъэпэщ щэнхабзэм, спортым, егъэджэныгъэм, щIэныгъэм, нэгъуэщIхэми ятеухуа Iуэхухэр. Псалъэм папщIэ, «ЩIалэгъуалэ зэгухьэныгъэм и ныбжьэгъухэр» зыфIэтща зэIущIэхэм  дащыIуощIэ цIэрыIуэ хъуа ди лъэпкъэгъухэм. Абыхэм ящыщщ Сэралъп Мадинэ, Быштэ Азэмэт, Къуэныкъуей Аслъэн, Къэжэр Лянэ, Битокъу Владимир сымэ, нэгъуэщIхэри.  

Жылагъуэм дежкIэ мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэу едгъэкIуэкIхэм ящыщщ лъы тыным дызэрыхэтыр, зыхуэмеиж щыгъынхэр зэхуэтхьэсу хуэныкъуэхэм зэрахуэдгуэшыр. КъищынэмыщIауэ, адыгэ тхыдэмрэ щэнхабзэмрэ теухуа дерс зэIухахэр Москва къалэм дэт курыт школхэм щыдогъэкIуэкI, псэущхьэхэм щакIэлъыплъ IуэхущIапIэхэм защIыдогъакъуэ.

Хабзэ дахэ хъуауэ, «Старость в радость» фондым дыдолажьэри, зэгъусэу зи ныбжь хэкIуэтахэр щыпсэу унэхэм дадоIэпыкъу. «Шаг в будущее» зыфIэтща Iуэхур зытетщIыхьыр студентхэмрэ IэщIагъэлIхэмрэ зэхуэзэн, зэпсэлъэн зэрыхуейрщ, къыхахауэ зыхуеджэ IэщIагъэм нэхъ тыншу хэзэгъэн папщIэ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

 

 

 

Поделиться: