Зыужьыныгъэм и къалэ

Хэкумрэ лъахэмрэ ягъуэта зыужьыныгъэр, ди къалэхэм, къуажэхэм я ефIэкIуэныгъэмрэ я зэфIэкIхэмрэ - псори зи Iэужьыр лъэ быдэкIэ щыт ди къэралыгъуэрщ. Урысей къэралым щIыналъэу хиубыдэм кIуэ пэтми щофIакIуэ зыужьыныгъэм и пщалъэ нэхъыщхьэу къалъытэ цIыхухэм я псэуныгъэр.

Къэбэрдей-Балъкъэрым иужьрей илъэситIым къриубыдэу ухуэныгъэ 60-м нэблагъэ и кIэм щынагъэсащ, къанэ щымы­Iэу зыхуей хуагъэзэжахэри хэту. Абы хиубыдащ еджапIэхэр, медицинэ, щэнхабзэ, спорт IуэхущIапIэхэр. Гъэ кIуам и закъуэ а ухуэныгъэхэм сом мелардиблым нэс трагъэкIуэдащ.
Республикэм гулъытэшхуэ щигъуэтащ псэу­пIэ унэхэр ухуэнми: мы гъэм и япэ ма­зитхум къриубыдэу фэтэр куэду зэхэт унэ ­зэтету хьэзыр ящIащ гъэ кIуам елъытауэ ­хуэдитIым нэблагъэкIэ нэхъыбэ. Апхуэдэу ди республикэр хабжащ жьы хъуа унэхэм цIыху­хэр къыщIэгъэIэпхъукIынымкIэ лэжьыгъэш­хуэ щызэфIагъэкIа щIыналъэхэм.
Къапщтэмэ, Налшык и къалэкум щекIуэкI ухуэныгъэ нэхъ инхэм ящыщщ Хъураным и уэрамым жьы дыдэ хъуауэ тета къалэ сы­маджэщым и хирургие къудамэр ирахыу абы и пIэм къыщрагъэжьа поликлиникэщIэр. ­Метр зэбгъузэнатIэ мини 4-м нэс зи инагъ унэм хэтынущ узыфэхэр пасэу къыщахутэ, иджырей мардэхэм тету сымаджэхэм ще­Iэзэ, медицинэ еджапIэхэм щIэсхэм я щIэныгъэм щыхагъахъуэ къудамэхэр. Абы хуэдэу Кавказ Ищхъэрэм итынур тIу къудейщ.
Къалащхьэм Головком и цIэр зезыхьэ и уэрамым апхуэдэу къыщызэIуахащ сабий ­поликлиникэ №1-р. Ар а щIыпIэм ита по­ликлиникэм пащIыхьыжащ зэман кIэщIым къриубыдэу. Иджы абы сабий цIыкIухэм зыхуеину медицинэ Iуэхутхьэбзэ псори ща­гъуэт, щIыпIэм екIуэлIэгъуафIэщ, унэр и ­теплъэкIи псоми къахэщу архитектурэ лэ­жьыгъэ дахэ иращIылIащ, бжэIупэхэр зэ­Iу­зэпэщ ящIащ.
Ди щыхьэрым и теплъэр нэхъри иригъэ­фIэкIуащ «ЗэгурыIуэныгъэмрэ» «Абхъа­зым­рэ» я утыку нэхъыщхьэхэм я зэхуакум къы­щызэIуаха лъэс зекIуапIэм. Зэман куэд ипэкIэ хаса мыIэрысейхэр, кхъужьейхэр, уэздыгъейхэр куэду щызэхэт а щIыпIэ лъэщIэ­-хур сыт щыгъуи къабзэу, абдежхэм лъэсу щызекIуэхэм хаша лъагъуэхэм фIэкIа нэ­гъуэщI уи нэм къыфIэнэн щымыIэу нобэм къэсат. Мы зэманым а лъэс зекIуапIэр я нэхъ дахэхэм ящыщщ. Абы иIэщ сабий джэгупIэ шынагъуэншэхэр, лъэныкъуэ псомкIи щы­зэбгрыкI, мывэкIэщхъкIэ къищIыкIа лъа­гъуэхэр, дизайн гъэпсыкIэ щхьэхуэхэм тету ящIа тетIысхьэпIэхэр. Скверым и кум итщ ди республикэм щыпсэу цIыху IэпщIэлъапщIэ­хэм я IэдакъэщIэкIхэр щагъэлъагъуэ абджыпс унэшхуэ.
Налшык и къэкIуэнур зэхьэлIар Кавказым  и курорт къалэхэм ящыщ зы хъужынырщ. Абы къыхэкIыу, къалэм и унафэщIхэр ­хущIокъу жыгхэмрэ щхъуантIагъэхэмрэ зэ­рагъэбэгъуэным, а яIэр зэрахъумэным. Зы къали щыIэу къыщIэкIынкъым нэхъапэIуэ­-кIэ хаса пхъэщхьэмыщхьэ жыгхэр апхуэдэу щыкуэд. Сыт хуэдэ ухуэныгъэхэр ирамыгъэкIуэкIми, жыгхэм зэран хуэхъуркъым, ирахын хуей хъуахэр нэгъуэщI щIыпIэкIэ ­щыхасэж. 
ЛIэщIыгъуэ блэкIам къалэкум щаухуауэ щыта гъущI гъуэгу станцыр (иужькIэ вокзалыр) ноби Налшык зыгъэдахэ, ныбжь зиIэ ухуэныгъэхэм ящыщщ. Абы и Iэхэлъахэр иджыпсту зыхуей хуагъазэ. Мы гъэм икIэм ирихьэлIэу а щIыпIэм теплъэ дахэ игъуэ­тынущ. Къапщтэмэ, а зы щIыпIэм сквери 3 щаубзыхунущ: гъущI гъуэгу вокзалым и гупэ­кIэ къилъщ Лениным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэм и щIэдзапIэм хуэзэр. Абы ­лъэбакъуэ тIощIрыпщIкIэ фIэкIа пэмыжы­жьэу, иджыблагъэ ираха автовокзалыр зэ­рытам деж, аргуэру зы лъэс зекIуапIэ щаухуэнущ.
Хъураным и уэрамым илъэситI ипэкIэ къы­щызэIуаха скверыр зэуэ цIыху кIуапIэ хъуащ. Гипс хужьыбзэкIэ къещIэкIа утыр, щхьэ зы­телъ хъыринэхэр, жыг щIагъхэм щIэт тетIыс­хьэпIэхэр - псоми уатхьэкъу. Ар зэрыдахэм къыхэкIыу зэрышагъащIэхэм сурэт щызы­трагъэх щIыпIи хъуащ.
Апхуэдэу Тэрчокъуэм и цIэр зезыхьэ уэрамым (5-нэ микрорайоным) мы гъэм къы­щы­зэIуахынущ мэжджытжыгхэмкIэ (сирень) ягъэ­дэха лъэс лъагъуэ. Щыхьэрым иIэщ ­бзииху, дэшхуей хадэхэр, розэ защIэкIэ ягъэдэха щIыпIэхэр. ЩэкIуэгъуэм ирихьэ­-лIэу абыхэм яхэувэнущ зи гугъу тщIыр. Ар езы ­къалэдэсхэм IэIэткIэ къыхахащ.
Абы щаухуэнущ сыткIи зыхуей хуэзэу къызэгъэпэща сабий джэгупIэ, спорт утыку, зи лъэм къримыхьэкIхэм папщIэ дэкIуеи­пIэхэр. Жьауэу икIи зэгъуэкIыу щыта уэрамыр къагъэнэхунущ, жэщыр хэкIуэтэху къалэдэсхэм я нэгу зыщрагъэужьын, зыщагъэпсэхун хуэдэу. Мэжджыт гуэрэн жытIэ щхьэкIэ, абы и гъэгъахэр кудрэ зэрыпымы­тым къыхэкIыу, абдеж нэгъуэщI щхъуантIагъэхэри щыхасэнущ, лъэс зекIуапIэр гъэм и кIыхьагъкIэ зэщIэгъэгъауэ щытын хуэдэу.
Головкомрэ Лениным и проспектымрэ я зэхэкIыпIэм пэмыжыжьэу бжэIупэшхуэ иIащ илъэс куэд щIа жыгыжьхэмрэ къуацэ зэ­щIэ­кIэжахэмрэ уапхымыплъыфу. Ахэр щырахым зыри пэплъакъым апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэм: жыгыщIэхэр хасащ, удз гъэгъа гъэ­кIыпIэхэмкIэ унэ бжэIупэхэр ягъэдахэри, ­тетIысхьэпIэхэр ягъэувыжащ, блэкIри къыб­лэкIыжри абдеж щетIысэхрэ загъэпсэхуу. ­ГъущI хъар екIухэмкIэ къагъэувыхьа щIы­пIэмрэ уэхым узэрех дэкIуеипIэхэмрэ я гъэп­сыкIэкIэ зэрызэтехуэм удехьэх. Скверым ­щагъэувыжащ уэрамым и цIэр зезыхьэ ­Головко Арсений и домбеякъ бюстышхуэр. Къуацэ фIэкIа зэрымыт апхуэдэ щIыпIэ ­дапщэ зы мардэм тету зыхуей щыхуагъэза къалэ кIуэцIым иужьрей илъэс зыбжанэм… 
Ди республикэм нобэ бжьыпэр щызыIыгъ­хэм ящыщ «ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» пэ­хуэщIэм деж мащIэу дыкъыщызэтеувыIэнщи, абы химыубыда къалэ кIуэцI гъуэгухэм къахэгъуэтэгъуейщ. Лениным, ЩоджэнцIы­кIум, Головком, КIыщокъуэм, Идарым я цIэ­хэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэхэм я лъэс зекIуапIэхэр плиткэ нэхъыфIхэмкIэ къагъэ­щIэрэщIэжащ, асфальт зытелъыпхъэм иджы­рей мардэхэм тету тралъхьащ. Апхуэ­дэ лэжьыгъэхэр къыщрахьэлIащ къалэм и къы­дыхьэпIэхэм, асфальт зытемылъа уэрамдыхьэхэм. Иджыпсту Iуэхум щыпащэ Къэ­бэрдей, Осетин, Къалмыкъым, Щоджэным, Нэхущым, Мэзлом, Руставели, Тамань шуу­дзэм я цIэхэр зезыхьэ, Полевой, Пятигорск, Профсоюзнэ уэрамхэм. ПащIэмрэ Лермонтовымрэ я уэрамхэм кумблIэмбхэр щадыжащ. Псом нэхърэ нэхъ лэжьыгъэшхуэ щы­зэфIахащ Головком и цIэр зезыхьэ уэрамы­мымрэ абы и лъэс зекIуапIэхэмрэ: ас­-фальтыр трахри щIэуэ тралъхьащ. Гъуэгу лэ­жьыгъэхэм къадэкIуэу къалэм и уэрам ­нэхъыщхьэхэм абджыпсым къыхэщIыкIа ­автобус къэувыIэпIэщIэхэр щагъэуващ, адрейхэми мыгувэу нэсынущ. 
Налшык и къалэухуэхэм я нэIэм щIэтщ ­зэман кIыхькIэ гулъытэншэу къэнауэ щыта къулыкъущIапIэхэри. Абыхэм ящыщ унитI тетщ Лермонтовымрэ Яхэгуауэмрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэр щиух гъуэгу зэхэкIыпIэм. Ахэр къагъэщIэрэщIэжри, IуэхущIапIэ куэ­дым я хэщIапIэ хъуащ, абыхэм егъэщIылIа щIыпIэхэри зыхуей хуагъэзащ. Къалащхьэм къыщыгъуэтыгъуейщ, куэд мащIэми, зыхуей хуамыгъэзарэ, лэжьыгъэ пакIэ къыщрамыхьэлIа зы плIанэпэрэ. Псом ящхьэращи, апхуэдэ щIыпIэхэр зыхуей хуагъазэ, цIыхухэм къахуэсэбэпын, Iуэхутхьэбзэ щхьэхуэхэр ­щагъуэтын хуэдэу. 
Къалащхьэр кIуэ пэтми нэрылъагъуу йофIакIуэ, йофIакIуэ цIыхухэм я псэуныгъэри. 

Лъостэн Музэ.

Поделиться: