Щэнхабзэ лъагэм и курых

Санкт-Петербург Шостакович Дмитрий и цIэр зезыхьэ и Къэрал филармонием и Ака­демическэ симфоние оркестрым и дирижёр нэхъыщхьэ Алексеев Николайрэ Къэрал ­филармонием и унафэщI Черкесов Ильярэ яхуэзащ КъБР-м и ­Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Академическэ сим­фоние оркестрыр иджыпсту Налшык щыIэщ, абы и художественнэ унафэщI, СССР-м и цIыхубэ ­артист Темыр­къан Юрэ къызэралъхурэ илъэс 85-рэ зэры­рикъум и щIыхькIэ концертхэр ет. 

Темыркъан Юрэ Санкт-Петербург Шоста­кович Дмитрий и цIэр зезыхьэ и Къэрал фи­лармонием и Академическэ симфоние оркест­рым 1988 гъэ ­лъандэрэ и унафэщIщ, илъэс куэдкIэ абы и дирижер нэхъыщхьэу щытащ. 
Коллектив цIэрыIуэм Налшык зэрызыкъыщигъэлъэгъуар ди къалащхьэм и щэнхабзэ зэхыхьэ гукъинэж хъуащ. Пшыхьым цIыхухэм щы­зэхахащ Чайковский, Брамс, Рахманинов, нэ­гъуэщI композитор лъэрызехьэхэм я Iэдакъэ­щIэкIхэр.
КIуэкIуэ Казбекрэ хьэщIэхэмрэ тепсэлъыхьащ Темыркъан Борис и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-­Балъкъэр къэрал филармонием и зыужьыкIэм. ­Iэтащхьэм жиIащ иужьрей илъэсхэм абы и лэ­жьакIуэхэм я улахуэм зэрыхагъэхъуар, музыкант ныбжьыщIэхэр зэрытрагъэгушхуэ ахъшэ зэрыратыр, творческэ проектхэм грант зэрыхухахыр, филармониер зыхуей-зыхуэныкъуэхэмкIэ къызэрызэ­рагъэпэщыр, а лэжьыгъэм дя­пэкIи зэрыпащэнур. 
Республикэ унафэщIым Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и цIыхухэм къабгъэдэкIыу фIыщIэ яхуи­щIащ оркестрым хэтхэм. «Республикэм и къэ­ралыгъуэм и махуэм ирихьэлIэу къытхуэфщIа гулъытэм, ди ­хэкуэгъу цIэрыIуэм хуэфщI пщIэм щхьэкIэ фIыщIэ лей фхузощI», - жиIащ КIуэкIуэм. 

Поделиться: