Лъэр щIэзыгъэкI къару

 Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэм хыхьэхэм ящыщ дэтхэнэми  езым и гъуэгу еубзыху. «ЕгъэджэкIуэным къыхуалъхуауэ» зыхужаIэхэу зи насып къикIахэр  а IэнатIэм  пэрытщ, гурыфIыгъуэ куэд къахуихьу, ехъулIэныгъэфIхэр зыIэрагъэхьэу.   Апхуэдэхэм ящыщщ  Налшык дэт курыт школ №3-м илъэс куэд лъандэрэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ щезыгъэдж Къуней ФатIимэ Къасболэт и пхъур.

- Си лэжьыгъэм сыщыпэрыхьагъащIэм щыгъуэ сэ нэхъыбэу сыщIэгузавэр си предметым къызэщIиубыдэ щIэныгъэр сабийхэм нэхъыфIу  зарабгъэдэслъхьэным и закъуэт. АтIэми, къэралым, жылагъуэм щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм къагъэлъэгъуащ   егъэджэныгъэм псом псом нэхърэ щынэхъыщхьэр узыдэлажьэ сабийр арауэ зэрыщытыр, - жеIэ  ФатIимэ. - Уи нэIэм щIэт ныбжьыщIэхэм ящыщ дэтхэнэми и гу лъащIэм унэсыныр, зыхэт лэжьыгъэм и мыхьэнэр  цIыкIухэм къагурыгъэIуэныр,  гупым хэт псоми я зэхуаку зэхущытыкIэ дахэ, зэхэщIыкI, шыIэныгъэ дэлъыныр - мис ахэращ егъэджакIуэм и лэжьыгъэм щынэхъыщхьэр. Гурэ псэкIэ укъэзымыщтэ сабийр уи жыIэм ебгъэдэIуэфынукъым залымыгъэкIэ, уи предметри фIэхьэлэмэтынукъым.

ФатIимэ и дерсхэр дапщэщи купщIафIэу, хьэлэмэту зэхэухуэнащ. ЕгъэджакIуэм щIэныгъэ хьэзыр сабийхэм я пащхьэ ирихьэркъым, атIэ ахэр къыхуегъэуш езыхэм щIэныгъэщIэ къалъыхъуэным, къэхутэныгъэ лэжьыгъэхэм хишэу. Апхуэдэ Iуэху  бгъэдыхьэкIэр зыгъэнэхъапэ пашэм  гупыр къыдимыхьэхынкIэ, ахэр иужь къимыувэнкIэ Iэмал иIэкъым. Дауи, абы Iэпэдэгъэлэл ищIыркъым егъэджэныгъэм къигъэув мардэхэр гъэзэщIэныр, сабийхэм щIэныгъэ куу ябгъэдэлъхьэным дапщэщи хущIэкъуныр. Мыхьэнэшхуэ зиIэ а Iуэхугъуэхэр ФатIимэ екIуу хеухуанэ сабийм ядригъэкIуэкI псэкупсэ гъэсэныгъэм, цIыкIухэм я гупсысэм, къэухьым, зэхэщIыкIым заригъэужьу.

- Ди егъэджакIуэм сабиипсэм зрегъэузэщI, зэхъуэкIыныгъэхэр зи куэд иджырей гъащIэм тыншу хэзэгъэфын, ныбжьыщIэм игурэ и щхьэрэ зэтелъу къэкIуэнум хуэплъэфын, зэманым къыпигъэув лъэпощхьэпохэм къапимыкIуэту дапщэщи хэкIыпIэ  тэмэм къигъуэтыфын хуэдэу, - жеIэ  ФатIимэ иригъаджэ сабийхэм я адэ-анэхэм ящыщ, КъБР-м щIыхь зиIэ и дохутыр ЛэупащIэ Заремэ. - Класс унафэщI щыпкъэу щыт Къунейр апхуэдэуи хуабжьу йолIалIэ щIэблэр хэкупсэу, щалъхуа щIыналъэмрэ я анэдэлъхубзэмрэ фIыуэ ялъагъуу къэгъэтэджыным.

Илъэс 40-м нэсауэ егъэджэныгъэ IэнатIэм хьэлэлу пэрыт егъэджакIуэм  фIыуэ къыгуроIуэ лэжьыгъэм хэлъ щхьэхуэныгъэ псори. Зым и дежкIи щэхукъым къалэ школхэм анэдэлъхубзэхэр щебгъэджыныр зэрынэхъ гугъур, къуажэхэм еплъытмэ. Языныкъуэхэм деж къохъур сабийм и гупсысэр и анэбзэмкIэ хузэпымыщэу. ФатIимэ и нэIэм щIэт цIыкIухэр  адрейхэм къахощ а лъэныкъуэмкIи. Абыхэм адыгэбзэр гъэхуауэ яIурылъ къудейкъым, атIэ  бзэмкIэ екIуэкI зэпеуэ зэмылIэужьыгъуэхэм щIэх-щIэхыурэ хэтщ, я зэфIэкIхэр ягъэлъагъуэу. Хэтым и закъуэкъым – увыпIэфIхэри къыщахь.

УнэтIакIуэ Iэзэр ирогушхуэ иригъаджэхэм зыIэрагъэхьэ апхуэдэ ехъулIэныгъэхэм. Абыхэм яжриIэ псалъэ дахэхэм цIыкIухэр нэхъри трегъэгушхуэ еджэным, щIэныгъэщIэхэр къэхутэным.

- Си гъэсэнхэр - си лъэр щIэзыгъэкI къарущ. Срогушхуэ нобэ езгъаджэ цIыкIухэми нэхъапэIуэкIэ си нэIэм щIэта ныбжьыщIэхэми, - и гупсысэхэм пещэ ФатIимэ. - Сызэрылэжьа илъэсхэм къриубыдэу зы щIэблэкъым  гъащIэм лъэ быдэкIэ хэзгъэувар. Ди еджапIэм щагъуэта щIэныгъэм абыхэм иужькIэ щыхагъэхъуащ ди республикэм, къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм. Абыхэм яхэтщ къулыкъу лъагэ зезыхьэхэри, щIэныгъэм гъуэгу щыпхызышахэри, сэ схуэдэу егъэджакIуэ хъуахэри. Ар   фIыщ. Нэхъыщхьэр  абыхэм къахэкIащ цIыху пэжхэр, псэ къабзэхэр, гу зэIуха зиIэхэр. А псори гурыфIыгъуэ ин къызэзытщ, гъащIэм и IэфIыр зыхэзызыгъащIэщ.

Псэ хьэлэл,  лэжьыгъэ купщIафIэ къезыхьэлIэ егъэджакIуэм къэрал гулъыти игъуэтащ. Абы мызэ-мытIэу къратащ  щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр, къыфIащащ «УФ-м егъэджэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ», «Егъэджэныгъэм и отличник» цIэ лъапIэхэр.

ЩIэблэм щIэныгъэфIрэ  гъэсэныгъэ екIурэ  егъэгъуэтыныр лъэпкъпсо мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэу къэзылъытэ егъэджакIуэ IэкIуэлъакIуэм дохъуэхъу едызытехьэ гъэ еджэгъуэщIэ лъэхъэнэм хъулIэныгъэщIэхэр  зыIэригъэхьэу, и нэIэм щIэт  цIыкIухэм я текIуэныгъэ куэд илъагъуу, унагъуэ насып щымыщIэу дунейм тетыну.

ТАМБИЙ Линэ.

 

Поделиться: