Лъэпкъыбзэм теухуауэ

Илъэс зыкъом ипэ къэралым, лъэпкъым анэдэлъхубзэм теухуауэ къыщекIуэкI Iуэхугъуэхэм тетхыхьат бзэщIэныгъэлI Джаурджий Хьэтыкъэ. А лъэхъэнэм ди бзэр зэрыта щытыкIэр къыщыгъэлъэгъуа мы тхыгъэр нобэрей махуэм куэдкIэ тохуэ. Ауэ щытыкIэр куэдкIэ нэхъ екIэкIуащ, телевиденэмрэ радиомрэ интернетри къыхыхьэри, Iуэхур нэхъ хэплъэгъуэ ищIащ. Газетым тыдодзэ Джаурджийр зыгъэпIейтейуэ итха тхыгъэм щыщ пычыгъуэ: 
«ГъащIэр демократизацэ щIыным и хабзэхэм тету къэунэхуа зэщIэхъееныгъэр зи ужь итыр лъэпкъ культурэмрэ анэдэлъхубзэмрэ зэфIэгъэувэжынырщ, армыхъумэ нэгъуэщI лъэпкъхэм я Iуэху Iей зэрихуэу аракъым. Нобэ, лъэпкъ культурэм «зыщиужь» лъэхъэнэм, ди деж адыгэбзэкIэ щрагъаджэ школ щыIэкъым, 1989 гъэм къызэIуаха класс зыбжанэм я гугъу умыщIмэ. Куэд мэхъу зи анэдэлъхубзэр зымыщIэ адыгэ ныбжьыщIэхэр. Уи гур хощI я къуэрылъху-пхъурылъхухэм жаIэр къызыгурымыIуэ лIыжь-фызыжьхэр щыплъагъукIэ, абыхэм жаIэ таурыхъхэмрэ уэрэдхэмрэ, зыжраIэхэм къагурымыIуэу, ахэр щIэнэкIалъэ ящIыну щыхуежьэкIэ, е урысхэм къагурымыIуэ «урысыбзэкIэ» адыгитI щызэпсалъэкIэ. Лъэпкъ культурэ щыIэ, лъэпкъым и бзэ хэмыту? Лъэпкъым и бзэр IэщIыб ищIыжмэ, ар хэкIуэдэжынущ. АнэдэлъхубзэкIэ щрагъаджэ школ… Сыт хуэдэу пIэрэ абыхэм я къэкIуэнур лъэпкъ куэд щыпсэу ди къэралым деж? Сыт адыгэхэм я нэхъыбэм я анэдэлъхубзэр щIамыщIэжыр? Хэт ар абыхэм япэзыубыдыр? Дауэ зэрекIуэкIар икIи хэт и жэрдэм адыгэ (адыгэбзэкIэ щрагъаджэ) школхэр зэхуэщIыжыныр? Зэрынэрылъагъущи, узыгъэпIейтей упщIэ куэд къоув. Абыхэм яхуэфащэ жэуап ептыжын папщIэ, лъэпкъ школым и къекIуэкIыкIам щыщ Iуэхугъуэ гуэрхэр уигу къыумыгъэкIыжу хъунукъым. Ди республикэм щыпсэу адыгэхэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ. Абы къыхэкIыу школхэри еджакIуэхэри нэхъыбэ мэхъу. Ахэр хэхъуэху, Iуэхугъуэ гуэрхэр къоунэху, абыхэм псынщIэу заубгъу. ХыщI гъэхэм я пэщIэдзэм лъэпкъхэр зэхагъэхьэжын папщIэ, къэралым ис псори зы бзэм хуэгъэкIуэн хуейуэ ягъэIуу щIадзэ, абы и щхьэусыгъуэуи къагъэув дзэм нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIауэ къулыкъу щызыщIэхэм урысыбзэр фIыуэ зэрамыщIэр. Ди къэралым и лъэщагъыр абы игъэтIасхъэу жаIэрт. ЯпэщIыкIэ районхэм, къалэ цIыкIухэм щыIэ школхэм щIэсхэр езанэ классым къыщыщIэдзауэ урысыбзэкIэ ирагъаджэу щIадзэри, иужькIэ лъэпкъ школ псори абы хуашащ. ИтIанэ тIэкIу-тIэкIуурэ лъэпкъ школхэр зэхуащIыжащ. Урысыбзэм и пщIэр нэхъри лъагэ хъури, ар лъэпкъхэр зэрызэгурыIуэ бзэуэ уващ. Урысыбзэмрэ урыс школымрэ щIалэгъуалэм деж зэщIыгъуу, и зэманкIэ зэпэджэжу зызэдаужьащ, я пщIэри къэIэта хъуащ, адыгэ лъэпкъ школым и пщIэр ехуэх зэпыту щыкIуэм. Лъэпкъ школым 30 гъэхэм иIа пщIэм хуэдиз имыIэж хъуащ. 
Адыгэбзэм и пщIэр лъахъшэ зэрыхъуар адэ-анэхэми зыкъомкIэ я лажьэщ. Абыхэм къызэралъытэмкIэ, анэдэлъхубзэр куууэ щIэбджыххэн щыIэкъым: къулыкъу зратыр, адыгэбзэм нэхърэ урысыбзэр нэхъыфIу зыщIэхэрщ. 60 - 70 гъэхэм куэдрэ дрихьэлIащ адыгэхэм я бынхэр урысыбзэкIэ фIэкIа, анэдэлъхубзэкIэ школхэм щрагъэджэну ямыдэу къэувхэу. «Дэнэ а бзэм ныбжьыщIэр здынигъэсынур? КъалэкIыхьым уфIэкIмэ, абы зыкIи ухуеижкъым», - жызыIэхэм республикэм къыщыдэкI газет нэхъ пажэхэри дежьууэ щытащ. Зи бзэ зыIурымылъыж лъэпкъыр мэкIуэдыж, абы дэщIыгъуу лъэпкъым и Iущагъыр щызэхуэхьэса IуэрыIуатэри хокIуэдэж. Усэ жьгъырухэр, уэрэд дахэхэр, лъэпкъ щэнхабзэм и лъапсэр мэгъуж. Абы адыгэ лъэпкъым фIы къыхуишэну пIэрэ? Хьэмэрэ псоми ди зэхуэдэ культурэм нэхъ сэбэпыныгъэ къихьыну пIэрэ? Хьэуэ, къихьынукъым! Ди жагъуэ зэрыхъущи, куэдым ар къагурымыIуэ нэпцI защIырт. Абы и закъуэкъым. Иджыри лъэпкъыбзэм социальнэ къалэну игъэзащIэр икъукIэ мащIэщ. Къапщтэмэ, абыкIэ тха щIэныгъэ, техническэ литературэ щыIэкъым, журналрэ газету къыдэкIыр, урысыбзэкIэ къыдэкIым ебгъапщэмэ, мащIэ дыдэщ. 
Ди обществэмрэ гъащIэмрэ зэрызаужьым теухуауэ радиомрэ телевиденэмрэ къат хъыбар убгъуахэр цIыхум зэраIэрыхьэр урысыбзэкIэщ, лъэпкъыбзэм абыхэм зрипщытыркъым. Къэралым иригъэкIуэкI политикэм, абы и псэукIэм теухуа Iуэхугъуэ псоми зэрытепсэлъыхьыр урысыбзэкIэщ. Къуажэ, район зэIущIэхэм, зэхуэсхэм анэдэлъхубзэкIэ къыщыпсэлъэн я щхьэ тралъхьэркъым парт, советскэ лэжьакIуэ нэхъыщхьэхэми. Абыхэм ядэплъеящ къуажэм дэс къулыкъущIэхэри. А зэIущIэхэри зэрекIуэкIыр урысыбзэщ. Абыхэм ящыщ гуэр щыуэрэ и анэдэлъхубзэмкIэ зыгуэр жиIамэ, ар зэрыпсэлъар адыгэбзэрэ урысыбзэрэ къэщIэгъуейщ. 
Мэкъумэшым елэжь адыгэ цIыхум мыпхуэдэ псэлъэкIэ иIэмэ, ямылей хэлъу куэдым къащыхъужыркъым: «Веснэ вспашкэм пятый мартым щIэддзащ, ауэ запчастхэмрэ горючэхэмрэ достаточнэу диIэкъым». Мыбы адыгэбзэкIэ пхужымыIэн хэткъым, ауэ нэгъуэщIыбзэм щыщ псалъэ нэхъыбэ къэбгъэсэбэпмэ, нэхъ Iэзафэ къуаплъу къызыщыхъу щыIэщ. Дэтхэнэ зы лэжьапIэми урысыбзэкIэ фIэкIа Iуэху гуэр анэдэлъхубзэкIэ щызэрахьэркъым. Абыи къыщынэжыркъым. Адыгэбзэм щелэжь IуэхущIапIэхэми щызекIуэр урысыбзэщ. АдыгэбзэкIэ къыдэкIа тхылъым урысыбзэкIэ щытепсэлъыхь куэдрэ къохъу. Адыгэ Хэкум теухуауэ щыIэр кинофильм закъуэтIакъуэщ, ахэри урысыбзэ зымыщIэм къыгурыIуэнукъым. Уи гур мэуз телевизорым ди лъэпкъым, тхыдэм, щIыпIэм теухуауэ къитхэм я нэхъыбэр зытепсэлъыхьыр къагурымыIуэу лIыжь-фызыжьхэр щыплъагъукIэ: «КхъыIэ, къызжеIэт мы къагъэлъагъуэхэм къикIхэр, абы хэтхэм жаIэхэр».
ЗэрыгурыIуэгъуэщи, узыгъэгуфIэ IуэхугъуэфI куэд къыдэкIуащ зэхъуэкIыныгъэхэм. Къапщтэмэ, адыгэбзэкIэ радиомрэ телевизорымрэ къатым хухах зэманыр нэхъыбэ ящIащ. Адыгэбзэр нэгъуэщI лъэпкъхэм ящIэнымкIэ сэбэпышхуэ хъухэр телевизоркIэ къат. Адыгэбзэр щаджу класс зыбжанэ къызэIуахащ, абыхэм щхьэкIэ программэхэмрэ тхылъхэмрэ зэхалъхьащ. Ауэ а псори япэ лъэбакъуэу аращ, абы укъуэдияуэ ущIытепсэлъыхьыни тхъупс щIытебгъэлъэдэни иджыпстукIэ тлъагъуркъым». 

КъыкIэлъыкIуэнущ. 

 

Къэбарт Мирэ.
Поделиться: