Псыхъуэхэр пхъэнкIий идзыпIэ зыщIар хэт?

 Адыгэ къуажэхэр псы Iуфэ IутIысхьэ хабзэт, псыншэу упсэуфыркъыми. БжьамийкIэ пщIантIэхэм псы къакIуэ зэрыхъурэ псы ежэххэм, псынэхэм дызэфэну псыр къитхыжыркъым, дипсхэри япэм хуэдэу къабзэжкъым. Псы ежэххэр зэрымыкъабзэм нэмыщI, ди псыхъуэхэм я щытыкIэр нобэ хьэлэч дыдэщ. Зы хамэ гуэр къакIуэу зэтриуцIэпIауэ аракъым, дэ езым ди IэкIэ тхьыуэ хыфIэддзэ пхъэнкIийм щIигъэнауэ аращ ди псыхъуэ дахэ къомыр.
Илъэс тIощI-щэщI и пэкIэ ди псыхъуэхэр къабзэу щытащ. Сабий щыджэгунуи балигъхэм зыщагъэпсэхунуи гурыхьу апхуэдэт ди псы Iуфэхэр.
Псыхъуэ жытIэмэ, хэт сыт и нэгу къыщIэувэрэ? Псыхъуэм хеубыдэ псы ежэх IуфитIым декIуэкIыу къыщылъ щIы IэнэщIхэр, нэхъапэм псыр зэрыжэу щыта, псым дидзыха е драгъэдзыха нэужькIэ щIыгулъ зытрихьэу удз къызытекIэжахэр. Ар уолъагъу, жыжьэу укъыщеплъмэ - жылэ щIагъуэ щыIэкъым  псы Iуфэм Iумыс, псыхъуэ зимыIэ. ИкIи нобэ зы жыли щыIэжкъым зи псыхъуэр къабзэу зыIыгъ. Псыр псэхэлъхьэжщ жызыIэу щыта адыгэр и псыхъуэмрэ и мэзымрэ щысхьырт, иджы  зы илъэс тIощIырыпщIым хьэщхьэрыIуэ хъуам хуэдэщ - ихъуреягъыр пхъэнкIий  идзыпIэ ещI. Къуажэ щыIэщ пхъэнкIийр зыдамыш, ар здахьын ямыгъуэту, къащыпэщIэхуэм деж щыхыфIадзэ. Ауэ, псалъэм щхьэкIэ, Аушыджэри Къамылыкъуи дыхьэурэ пхъэнкIийр даш, зы мазэм зы унагъуэм пхъэнкIий дэшыпщIэу итын хуейр соми 100 къудейщ. Ар ирамытын щхьэкIэ, шэрхъ зыщIэт гу цIыкIу иракIутэ я кIэрыхубжьэрыху къомри, псы Iуфэхэм (Шэрэджрэ Балъкърэ) яшэри, абдеж щракIут.
ПхъэнкIий хэкIыкI хъуащ адыгэ къуажэхэр. Япэм къабзагъэм зыри пэзымыщIу щытахэм къатехъукIахэр сытуи дыгъэщIэгъуэн…
Хэт зымыщIэр зэ фIэкIа къамыгъэсэбэп хьэкъущыкъу, кумбыгъэ хуэдэхэри, псыпс хъуржынхэри илъэсищэ бжыгъэкIэ щIым зэрыхэмыкIуэдэжынур? Псоми ящIэ. Хэт зи нэ мыплъэр, хэт зымылъагъур а зыгуэрым ихьу ирикIута пхъэнкIийм адрейхэм зэрыхакIутэр? Псоми я нэр маплъэри, псоми ялъагъу. Апхуэдизу пхъэнкIийр щытфIэфIкIэ, ар мыгувэу ди бжэIупэм къэсыжынурэ ди унэм къыщIыхьэжынущ. Ар къэмысыну зи гугъэр щоуэ. Уэ ар умылъагъуми, уз зэмылIэужьыгъуэу уи бжэщхьэIу къебэкъуэжынущ.
Иджыпсту ди сабийхэм сыткIэ я фIэщ пхуэщIын дэ псыхъуэ къабзэ дыщыджэгуу щытауэ? ЗэрыпхуэщIынур зыщ - псыхъуэ къабзэрэ къуажэ къабзэрэ ебгъэгъуэтыжмэщ.

 

Къаныкъуэ Заринэ.
Поделиться: