УзыншагъэмкIэ зэранщ

 Зи бжыгъэм зэпымычу хэхъуэ машинэхэм къалэхэр ущымыбэуэжыф ящI. Ахэр зэрылажьэ гъэсыныпхъэм къапкърыкI Iугъуэм и закъуэкъым зэраныр, атIэ, гъуэгум телъ асфальтыр нэхъ шынагъуэжщ.
 

Асфальт лIэужьыгъуитI щыIэщ: щIыдагъэр къыщыщIах щIыпIэхэм пэмыжыжьэу хьэзыру къыщагъуэтымрэ IэрыщIымрэ. ЩIым къыщIахыр щабэщ, махэщ, псынщIэу мэткIу. АсфальтобетонкIэ зэджэ IэрыщIыр битумкIэ зэкIэрышха мывэкIэщхърэ пшахъуэу зэхэлъщ, зэрызэпкърылъ пкъыгъуэхэм я процент бжыгъэм елъытауи асфальтыр лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщокI.
 И щабагъкIэ зэхуэмыдэ мывэкIэщхъ лIэужьыгъуэ зыбжанэ щхьэхуэ-щхьэхуэу ягъэкъабзэ, щIагъэкI, ягъэгъущ, зы кумбыгъэ иракIутэжри битум (проценти 9 нэхърэ нэхъыбэ мыхъуу) хакIэж. Асфальтым и фIагъымрэ ар гъуэгум зэрытелъ зэманымрэ зэлъытыжар битумращ.
Асфальтыр нэхъыбэрэ гъуэгум телъын, жьыр, псыр, уаер, хуабэр, машинэ хьэлъэхэр зэран хуэмыхъун папщIэ, ар щагъавэкIэ тхъуэбзащхъуэ, яжьэ, хьэфэ, нэгъуэщI гуэрхэри халъхьэ.
ПщIантIэ кIуэцIхэм иралъхьагъащIэ асфальтыр апхуэдэу зэранкъым, илъэси 2-5 хъуауэ телъхэм елъытауэ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, хьэуам хэлъ гъуэз щхъухь куэд зыщIешэ асфальтым, икIи нэхъыбэрэ телъыху, нэхъыбэ зэхуехьэс. ЗыщIишар къыпкърынэу аракъым, атIэ зэман гуэр дэкIа нэужь, алъандэрэ зэхуихьэса гыныр къеутIыпщыж (псалъэм папщIэ, бдзапцIэр), абы цIыхур иробауэ, и узыншагъэмкIи къызэрымыкIуэу зэранщ.
ГъэщIэгъуэнракъэ, машинэхэр куэду щызэблэкI гъуэгущхьэхэм бдзапцIэр (свинецыр) щынэхъ мащIэщ, пщIантIэ кIуэцIхэм деж къыщыщахутэм елъытауэ. Ар къызыхэкIыр - машинэм къыпих Iугъуэр гъуэгум деж къыщызэтемыувыIэу, жьы зэпихум кърихьэкIыурэ, пщIантIэ кIуэцIхэмрэ лъэс лъагъуэхэмрэ зэрыдихьэрщ.
Апхуэдэ къэхутэныгъэм щыгъуазэ ухъуа нэужь, уогупсыс: пщIантIэ кIуэцIхэмрэ лъэс лъагъуэхэмрэ асфальтым и пIэкIэ нэгъуэщI зыгуэр телъхьэн хуейкъэ?! Асфальтыр нэхъ пудщ, дауи, дэнэкIи ар щIытралъхьэр гурыIуэгъуэщ. Пэжщ, машинэхэр зэрызекIуэ гъуэгум къозэгъ, ауэ, щIэныгъэлIхэм жаIэм уедаIуэмэ, цIыхухэр, сабийхэр нэхъыбэрэ щызэхэзекIуэ лъэс лъагъуэхэмрэ пщIантIэ кIуэцIхэмрэ мывэкIэ е плиткэкIэ къищIыкIамэ, узыншагъэмкIэ нэхъ сэбэпщ.
«ПщIантIэ кIуэцIхэмрэ лъэс лъагъуэхэмрэ асфальт тезылъхьэ машинэшхуэхэр щызэблэкIыфыркъыми, аращ ахэр нэхъ псынщIэу къыщIихужыр. IэкIэ яуба асфальтымрэ машинэм иубамрэ я фIагъыр зыкъым: пщIантIэ кIуэцIым телъыр нэхъ щабэу къонэ, махэщ. Апхуэдэм Iугъуэр нэхъ псынщIэу зыщIешэ, гын нэхъыби къыпкърокIыж, жьымрэ псыIагъэмрэ нэхъ псынщIэуи егъэлажьэ. ХэкIыпIэу щыIэр зыщ - цIыхухэр нэхъыбэу щызэблэкI щIыпIэхэм мывэ е плиткэ идзын хуейуэ    аращ. Пэжщ, абы мылъкушхуэ ихьынущ, ауэ нэхъыбэрэ лэжьэнущ, цIыхум и узыншагъэми лей  ирихынукъым», - жеIэ УФ-м и Санэпидемнадзорым и технолог нэхъыщхьэ Геральдов Вениамин.

 

ФЫРЭ Анфисэ.
Поделиться: