Къандур зэщхьэгъусэхэр ягъэлъапIэ

«Синдика» хьэщIэщым шыщхьэуIум и 3-м щагъэлъэпIащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, Америкэм и Штат Зэгуэтхэм я ТхакIуэхэми я Режиссёрхэми я зэгухьэныгъэхэм хэт, тхыдэтх, экономикэ, философие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, кинорежиссёр, сценарист, продюсер, композитор, уэрэдус, дирижёр, псапащIэ Къандур Мухьэдин илъэс 85-рэ, адыгэ усакIуэ цIэрыIуэ, Урысей Феде­рацэм, дуней псом я ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэхэм хэт, УФ-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, филоло­гие щIэныгъэхэмкIэ доктор, Сочэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIа лъэпкъыбэ ки­нофестивалымрэ SIFFA киносаугъэ­тымрэ къызэзыгъэпэща икIи абы и президент хъуа, литературэмрэ кинематог­рафиемкIэ дунейпсо саугъэтхэр, медалхэр, щIыхь тхылъхэр зыхуагъэфэща, зи киносценарийхэмрэ художественнэ ­филь­мхэмрэ дунейпсо кинофестивалхэм я дамыгъэ нэхъыщхьэхэр зы­хуа­гъэфэща усакIуэ, зэдзэкIакIуэ, журналист, продюсер, ЩIДАА-м и академик Бэлагъы Любэ илъэс 55-рэ зэрыри-        къур. Зэщхьэгъусэхэр зэрызэдэпсэурэ мы гъэм илъэс 30 хъуащ.

Пшыхь гуапэр иригъэкIуэкIащ Що­джэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и артист Хьэмырзэ Ахьмэд.
- Сыт хуэдэ лъэбакъуэ ичми, дэнэ щIы-пIэ щыIэми, къызыхэкIа лъэпкъыр зэригъэбжьыфIэр, зэригъэдахэр щызэхэтхкIэ дрогушхуэ. УкъызыхэкIа лъэпкъым и ­фIыгъуэмкIэ ущыгушхуэм и деж уи зэ­фIэкIри нэхъыбэ хъууэ къыщIэкIынущ, - жиIащ Хьэмырзэ Ахьмэд. - Псом хуэмыдэжу зи ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ ирикъу, жьыщхьэ махуэ хъуа, зи теплъэр къекIу,  зи псалъэм акъылрэ чэнджэщрэ къы­хэпх нэхъыжьым и махуэр зэригъэ­лъапIэр узыщыгуфIыкIынщ. Ныщхьэбэрей пшыхьым лъэпкъыр зэрыгушхуэн, ди гъащIэ гъуэгуанэр зэрыдгъэдэхэн щапхъэ, дерс куэд къызэрыхэтхыфынур уасэн­шэщ. 
- ПщIэ зыхуэтщIхэу Мухьэдинрэ Любэрэ фи унагъуэ дахэм и гуфIэгъуэ щащIэм си гуапэу сыкъеблэгъащ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэр, гъуазджэр, литературэр зыгъэбея зэщхьэгъусэхэм фи зэ­фIэкIым дрогушхуэ, - жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Кар­чаевэ Iэминэ. Ар къеджащ КъБР-м щэн­хабзэмкIэ и министр Къумахуэ Му­хьэдин Къандур зэщ­хьэгъусэхэм яхуи­гъэза и хъуэхъу тхыгъэм. Абы къыхегъэщ Мухьэдинрэ Любэрэ гъуазджэм и лIэу-жьыгъуэ куэдымкIэ яIэ зэфIэкIым дуней псор зэрыщы­гъуазэр, ахэр лъэпкъым ­хуэфащэ цIыхуу зэрыщытыр. Министрыр абыхэм йо­хъуэхъу узыншагъэ, насып яIэну, я Iэдакъэ­щIэкIхэр зигу дыхьэхэр иджыри илъэс куэдкIэ ягъэгуфIэну, дяпэкIи ефIэкIуэну. 
- Иорданием щыIэ Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэу щытащ Къандур Мухьэдин и адэ генерал Иззэт. И анэри ЦIыхубз Ха­сэм тетащ, куэду хэлэжьыхьащ. Адыгэр зыгъэлъапIэм и щхьэр лъапIэ ухъу! - жиIащ зэхыхьэм и тхьэмадэу щыта, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и уна­фэщI, тхакIуэ, публицист ХьэфIыцIэ Му­хьэмэд  Мухьэдинрэ Любэрэ я лэжьыгъэфIхэм къыпащэу, я пщIэм хэхъуэ зэпыту куэдрэ Тхьэм тхуигъэпсэу!
- Адыгэ тхыдэм и напэкIуэцIхэр, щэн­хабзэр, макъамэр, литературэр игъэбеящ, адыгэшым и пщIэр къиIэтащ Къан-дур Мухьэдин. Амман къыщалъхуами,  къызыхэкIа лъэпкъымрэ хэкумрэ хуэ­пэжщ, и зыужьыныгъэм еш имыщIэу толажьэ. Лъэпкъ хабзэмрэ щэнхабзэмрэ  и тегъэщIапIэу, нэгъуэщI лъэпкъ куэдым дакъызэригъэцIыхуамкIэ фIыщIэ хуэфащэщ. Сыт хуэдэ Iуэхуи пщIэрэ щхьэрэ  иIэу, къызыхэкIам и лIыкIуэу зэрыхэтыф-ми дегъэгушхуэ, дегъэлъапIэ. КъытщIэувэ щIэблэм урищапхъэу уолажьэри, уи ­IэдакъэщIэкIхэм я хъер Тхьэм уигъэлъагъу! Ди шынэхъыжь лъапIэр лъэпкъым куэдрэ Тхьэм утхуигъэузыншэ! Ди лъэп­къым щыщ бзылъхугъэ гъусэ пхуэхъуу ­ бын дыгъэхэр къызэрыфщIэхъуар гуа­пэщ. Уи щIэблэм уи хьэл дахэхэр зыхалъхьэн, уи лъэужь ирикIуэн Тхьэм ищI! - жиIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэма дэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. - Любэ, Мухьэдин щIэгъэкъуэн къыпхуэхъуу, гукъыдэж епту, и дунейр бгъэбжьыфIэу фыкъыздокIуэкIри, фи бын дахэхэм я гуфIэгъуэ куэд флъагъуу Тхьэм фыздигъэузыншэ!
Сэхъурокъуэ Хьэутий Дунейпсо Адыгэ Хасэм и фIыщIэ тхылърэ и дамыгъэрэ, ­саугъэт щIыгъуу яхуигъэфэщащ Къандур Мухьэдинрэ Бэлагъы Любэрэ. Апхуэдэу ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зэщхьэгъусэхэм яритыжащ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ  Академием  и президент Къано­къуэ Арсен къыбгъэдэкI фIыщIэ тхылъыр.
Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал институтым и ­уна­фэщI, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Дзэмыхь Къасболэт и псалъэм къыхигъэщащ гуфIэгъуэ пшыхьым  и гуапэу къызэреблэгъар. Ар зэщхьэ­гъусэхэм ехъуэхъуащ лъэпкъ щэнхабзэр дяпэкIи яIэту, я бынхэм ящхьэщытыну, ­гъащIэ дахэ къызэдагъэщIэну. Къасболэт  и псалъэм къыхигъэщащ пщIэ зиIэ ап­хуэдэ цIыху щэджащэхэм лъэпкъыр зэрагъэгушхуэр, лъэпкъми зэрикъалэныр апхуэдэхэр игъэлъэпIэну. 
- 90 гъэхэм къыхалъхьауэ щытащ ­Къандур Иззэт и саугъэтыр. Ар зыхуа­гъэ­фэщахэм сазэрыщыщым срогушхуэ. Дуней псом тепхъа адыгэхэм я зэфIэкIхэр къагъэсэбэпмэ, лъэпкъ щэнхабзэм, анэ­дэлъхубзэм зрагъэужьыным хэлъхьэ­ныгъэфIхэр зэрыхуащIыфынур, абы и лъэ­ныкъуэкIэ адыгэбзэ, урысыбзэ, тыркубзэ, хьэрыпыбзэ, инджылызыбзэ, нэ­гъуэщIхэри зыщIэ Къандур Мухьэдин зэрыщапхъэр, - жиIащ филологие щIэ­ныгъэхэмкIэ доктор, профессор, ­ЩIДАА-м и академик БакIуу Хъанджэрий. - Зэщ- хьэгъусэхэм сохъуэхъу узыншагъэ, на-сып, ехъулIэныгъэ яIэу, лъэпкъыр ягъэ­гуфIэу иджыри илъэс куэдкIэ къыздекIуэкIыну. 
Къэпсэлъахэм и гугъу ящIащ Мухьэдинрэ Любэрэ я щIэблэм. Алим пасэу скрипкэм дихьэхащ. Илъэсий щрикъум абы Евросоюзым и камернэ оркестрым      и солисту зыкъыщигъэлъэгъуащ Амман       и Цитадель цIэрыIуэм и утыкум. Па­варотти Лучанэ и фэеплъ пшыхьым артист цIэрыIуэхэу Каррерас Хосе, Домингэ ­Пласидэ, Стинг сымэ ныбжьыщIэр илъэс пщыкIущ щыхъум ядыхэтащ икIи Iэ-               гуа­уэ­шхуэ хуаIэтащ президентхэмрэ пащ­тыхьхэмрэ. Алим Бах и концертыр дитащ «дуней псом и дыщэ флейтэу» ­къалъытэ Гриминелли Андреа. А концертым и дискыр къыдагъэкIыжащ икIи абы            и видеонэтыным еплъыжащ макъамэр фIыуэ зылъагъу цIыху мелуани 150-рэ. НыбжькIэ щIалэми, Алим дунейпсо зэ­пеуэхэм я лауреат, скрипач цIэрыIуэ ­хъуащ. Языныкъуэхэр абы зэреджэр адыгэ Паганинищ икIи къызэригъэпэ-щащ «Къандур» скрипкэ квартетыр. Оперэр зыпищI щыIэкъым. Я щIалэ нэхъыщIэ  Къазбэч   щIэсщ Черчилль ­Уинстон, Байрон Джордж, нэгъуэщI цIыху цIэрыIуэ  куэдым къауха Лондон дэт ­Харроу школ нэхъыфIым. Ар Пащтыхь музыкэ колледжым виолончелым щыхуе­джащ,  а макъамэ  Iэмэпсымэм  хуэIэ­кIуэ­лъа­кIуэщ, етIуанэ IэщIагъэу хуоджэ  экономикэм. ТIури я нэхъыжьхэм яхуэфащэщ, я зэфIэкIхэр узэрыгушхуэнщ. 
Зэщхьэгъусэхэм псалъэ гуапэхэр хужа­Iащ икIи я IэдакъэщIэкIхэм тепсэлъы-хьащ лъахэхутэ, тхылъ тедзапIэм и уна­фэщI Котляров Виктор, КъБР-м и цIыху бэ усакIуэ Бицу Анатолэ, усакIуэ, дохутыр ПщыукI Латмир, филологие щIэныгъэ­хэмкIэ кандидат, КъБКъУ-м и доцент Темрокъуэ Ларисэ, Москва щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я цIэкIэ псэлъа Егъэно­къуэ  Ксение, Адыгэ  Республикэм и лIы­кIуэ Къандур Сэфарбий, нэгъуэщIхэри.
Зэхыхьэм къыщеджащ Адыгейм  щэн­хабзэмкIэ  и   министр  Аутлъэ  Юрэ,   КъБР-м и Iэтащхьэу щыта, по­литик цIэ­рыIуэ, УФ-м и Федеральнэ ­Зэ­хуэсым  ФедерацэмкIэ и Советым ­Къэ­бэр- ­дей-Балъкъэр Республикэм къыб­гъэ- ­дэкIыу сенатору щыIэ, Федеральнэ Советым Хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и комите-тым и Iэтащхьэм и къуэдзэ, ­ЩIДАА-м и президент Къанокъуэ Арсен, Сочэ къа-лэм и Творческэ-методикэ центрым и унафэщI Стародуб Татьянэ сымэ къагъэхьа хъуэхъу тхыгъэхэм.
Къандур Мухьэдинрэ Бэлагъы Любэрэ пшыхьым зыкърезыгъэхьэлIахэм, псом хуэмыдэу нэгъуэщI республикэхэм, къэ­ралхэм къикIыу я гуфIэгъуэр къыдэзыIэ­тахэм фIыщIэ псалъэ мыухыжхэр ­хужаIащ. Абыхэм къыхагъэщащ илъэс бжыгъэкIэ ямылъэгъуа я лэжьэгъухэр, ныбжьэгъухэр, Iыхьлыхэр зэрызэхэплъар гуапэ зэращыхъуар. Любэ къеджащ и усэхэм ящыщ.
Пшыхьыр ягъэдэхащ зэщхьэгъусэхэм уэрэдрэ къафэрэ тыгъэ яхуэзыщIа   «Шагъдий» (художественнэ унафэщIыр ­Унэжокъуэхэ Тимуррэ Заремэрэщ) са­-          бий къэфакIуэ ансамблым, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и артист, уэ­рэд­жыIакIуэ цIэрыIуэ ДыщэкI Артур, уэрэд­жыIакIуэхэу Абэзэх ФатIимэ, Чылар Нэс­рэн, Бэлагъы Любэ и усэхэм къеджа, Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм и артисткэ Хугаевэ Александрэ, Адыгейм и уэрэджыIакIуэ Аутлъэ Даринэ, нэ­гъуэщIхэми. 

ТЕКIУЖЬ  Заретэ. 

Поделиться: