Гулъытэ хэха зыхуащIыну унэтIыныгъэхэр

КъБР-м и Парламентым и президиумым хэтхэм я бжьыхьэ лэжьэгъуэ пIалъэр яублащ. Абы и япэ зэIущIэм щытепсэлъыхьащ Iуэхугъуэ 20-м щIигъум, депутатхэм гулъытэ хэха зыхуащIыну унэтIыныгъэхэр къагъэнаIуэу. Апхуэдэхэм халъытащ хэхакIуэхэм ядэлэжьэныр, гъунэгъу щIыналъэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэт ди ­зауэлIхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ядэIэпы­къуныр. 

Презиумым хэтхэм я зэхуэсыр къызэIузыха,   КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ а Iуэхугъуэхэр къыхигъэбелджылыкIащ икIи жиIащ депутатхэм я бжьыхьэ сессиер лэжьыгъэ купщIафIэхэмкIэ гъэнщIауэ зэрекIуэкIынур. 
- Дубзыхуа планым ипкъ иткIэ, жыджэру де­лэ­жьынущ хабзэхэр къэщтэным, къэпщытэныгъэ-аналитикэ Iуэхугъуэ куэди зэфIэтхынущ: «стIол ­хъурейхэр», комитетхэм я зэхуэс инхэр, «прави­тельствэ сыхьэтхэр», Iуэхугъуэ хэхахэмкIэ едэIуэ­ныгъэхэр, Парламентым и президиумым щIы­пIэхэм щригъэкIуэкIыну зэхуэсхэр, нэгъуэщIхэри. Иужьрей Iуэху бгъэдыхьэкIэм щхьэхуэу сыкъытеувыIэну сыхуейт. Комитетхэм жыджэру къагъэсэ­-бэп а Iуэху зехьэкIэ мардэр. АтIэми, дяпэкIэ, «пра­ви­тельствэ сыхьэтым», «комитетхэм я сы­хьэтым» ипэ къихуэу дывгъакIуэ абыхэм къыщаIэтыну Iуэ­хугъуэхэр зытещIыхьа щIыпIэхэм, дахуэвгъазэ цIыхухэм икIи щыгъуазэ зыхуэдвгъэщI а «сыхьэтхэр» зытещIыхьауэ щытынухэм. ИтIанэ, дэри Iуэ-хум хэтщIыкIыу, дедэIуэнщ властым и органхэм абы теухуауэ къыджаIэм. Псом хуэмыдэу гулъытэ нэхъыбэ хуэщIыпхъэщ Парламентым къищта уна­фэхэр щIыпIэхэм зэрыщагъэзащIэм кIэлъып­лъы­ным, - къыхигъэщащ Егоровэ Татьянэ. 
Бжьыхьэ зэхуэсыгъуэм къы­зэщIиубыдэну лэ­жьыгъэшхуэхэм ящыщщ республикэм 2024       гъэм тещIыхьа и финанс дэфтэ­рыр къэщтэныр, 2025 - 2026 гъэхэми абыкIэ яIэ планхэми хэплъэныр. Къи­нэмыщIауэ, хабзэубзыху IэнатIэм и пашэм депутатхэр къыхуриджащ хэхакIуэхэм ядэ­лэжьэным гулъытэ хэха хуащIыну. 
- Апхуэдэу ди нэIэм щIэдгъэкI хъунукъым СВО-м хэт зауэлIхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ ядэIэпы­къуныр. А Iуэхугъуэм теухуауэ дызэхуэсынущ мы­гувэу. Дэ жыджэру дыдэлэжьэн хуейщ «Хэкум и ­хъумакIуэхэр» къэрал фондым, абы и IуэхущIафэ-хэм щыгъуазэ зыхуэтщIу, хуей хъумэ, дэIэ­пыкъуэгъу дахуэхъуу, ди зауэлIхэр ныхуэныкъуэ­хэмкIэ къызэ­дгъэпэщыну дыхьэзыру, - жиIащ абы. 
 Дызэрыт илъэсыр Парламентыр илъэс 30  щрикъу зэману зэрыщытым къыхэкIыу, абы теухуа Iуэхугъуэ куэди игъэбелджылащ спикерым. Ап­хуэ­дэхэщ, къапщтэмэ, курыт школхэм я еджакIуэхэм, студентхэм, щIалэгъуалэм ядегъэкIуэкIыпхъэ зэ­IущIэхэр, хэхакIуэхэм яхуэзэныр, спорт зэхьэ­зэ­хуэхэр къызэгъэпэщыныр, нэгъуэщIхэри. КъБР-м и ЩIалэгъуалэ палатэм и еянэ зэхуэсым лэжьэн зэрыщIидзар къыхигъэщри, Егоровэм депутатхэр къыхуриджащ зи щIалэгъуэхэм нэхъ жыджэру япыщIауэ щытыным. 
А Iуэхугъуэхэм нэмыщI, президиумым и зэхуэ-сым щыхэплъащ хабзэ зыбжанэм зэхъуэкIыныгъэ­хэр хэлъхьэным епха Iуэхугъуэхэм. Абы и лъэны­къуэкIэ зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м и Парламентым МэкъумэшымкIэ, щIыуэпсыр къэгъэ­сэ­бэпынымрэ ар хъумэнымкIэ и комитетым и пашэ ТекIушэ Артур. 
Президиумым хэтхэм гулъытэ зыхуащIа унэ­тIыныгъэхэм ящыщщ социальнэ IэнатIэм, узыншагъэр хъумэным, хьэрычэтыщIэ Iуэхум, жылагъуэ шынагъуэншагъэм, нэгъуэщIхэми епха федераль­нэ хабзэхэм я проектхэр. Ахэр арэзы техъуащ хабзэ зыбжанэм зэхъуэкIыныгъэ хэлъхьэнымкIэ щыIэ жэрдэмхэу УФ-м щызекIуэ кодекс зэмылIэужьы­гъуэхэм ехьэлIахэм. 
Парламентым и президиумым и зэхуэсым къы­щып­сэлъахэм ящыщщ абы и комитетхэм я пашэхэу Кривко Михаил, Къэжэр Хъусен сымэ. 
Зытепсэлъыхьа Iуэхугъуэхэр зи лъабжьэ уна­фэ­­хэмрэ чэнджэщхэмрэ къыщащтащ зэхуэсым. 
КъБР-м и Парламентым я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться: