Москва зыхъумахэм ящыщащ

Ди къэралым щагъэлъапIэ махуэщIхэм ящыщщ СССР-м и Совет Нэхъыщхьэм и Унафэ щхьэхуэкIэ 1946 гъэм ягъэувауэ щыта Танкистым и махуэр. 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм советыдзэм хэта танкистхэм щызэрахьа лIыгъэхэмрэ хахуагъэмрэ къыхагъэщу, къэралышхуэр зэрызэхэту щыта республикэхэм я къалащхьэхэм фокIадэм и етIуанэ тхьэмахуэ махуэм уафэм щыдрагъэуейуэ щытащ хьэрэкIытIэ тIощI-тIощI. Совет Союзым пэщIэдзэ щызыгъуэта махуэщIыр адэкIи гъэлъэпIэным теухуа унафэ 2006 гъэм и накъыгъэм къищтауэ щытащ УФ-м и Президентым. Къэралым IэщэкIэ зэщIэузэда и дзэхэм къулыкъу зэхуэмыдэхэр щезыхьэкIхэм мыхьэнэшхуэ ират абы, танкыдзэхэм, зауэ техникэм иIэ мыхьэнэр къалъытэу.

Танкистым и махуэщIым ирихьэлIэу дигу къыдогъэкIыж ди лъахэгъу щIалэ-танкистхэу Хэку зауэшхуэм лIыгъэ щызезыхьахэр. Апхуэдэ зауэлI хъыжьэхэм ящыщащ Джэрмэншык къуажэм щыпсэуа Тау Борис Хьэмщэт и къуэр. «Адыгэ псалъэм» и щIэджыкIакIуэхэм и адэ къуэш нэхъыщIэм къытхутопсэлъыхьыж Тау (Чыл) Иринэ. Ар илъэс куэдкIэ щылэжьащ Къэхъун дэт курыт школ №1-м, урысыбзэмрэ литературэмрэ щIэблэм яригъэджу.

«Ди къэралым зы унагъуи ису къыщIэкIынкъым 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэм и гузэвэгъуэмрэ бэлыхьымрэ зымышэча, куэдми мащIэми абы и мафIаем имылыпщIа. Сэ сыкъызыхэкIа Таухэ я унагъуэми къытехуащ а зэман хьэлъэм и удын. ЛIыхъужьыгъэ хэлъу фашист зэрыпхъуакIуэхэм япэщIэтащ ди адэ Тау ХьэзрэIил. Абы и шынэхъыщIэ Бориси хахуэу зэуащ, къикIуэт имыщIэу, и псэри ди хуитыныгъэм папщIэ итащ.

Хэку зауэшхуэр къэхъея нэужь, ахэр зэуапIэм Iухьащ икIи лIыгъэрэ хахуагъэрэ къигъэлъагъуэу бийм пэщIэтащ. Си адэр яхэтащ Сталинград нэмыцэхэм ящызыхъумахэм. Абы и Iэшэлъашэхэм щекIуэкIа зэзауэ гуащIэхэм ящыщ зым ди адэр уIэгъэ хьэлъэ щыхъуащ икIи сымаджэщым зэман кIыхькIэ щIэлъащ. Абы къыщIэкIыжа нэужь, ХьэзрэIил хущIэкъуащ зэуапIэм Iухьэжыну, арщхьэкIэ и узыншагъэм иIэ хъуа сэкъатым тращIыхьри, ар и щIыпIэм къагъэкIуэжащ. 1943 гъэм и пэщIэдзэм ар хахащ Налшык къалэм и цIыхубэ судыщIэу, иужькIэ НКВД-м пыщIа IэнатIэхэм щылэжьащ. Апхуэдэу ХьэзрэIил пэрытащ парт, нэгъуэщI лэжьапIэ IэнатIэхэм.

ХьэзрэIил хуэдэу цIыху Iэдэбу, жыджэру, пэжыр и гъуазэу щытащ нобэ зи гугъу фхуэсщI абы и къуэш нэхъыщIэ Бориси. Школ нэужьым Борис къиухащ егъэджакIуэхэр щагъэхьэзыр курсхэр, иужькIэ Къэбэрдей-Балъкъэр пединститутым и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ. Школым щызэфIих егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ лэжьыгъэм къыдэкIуэу, Борис усэным, тхэным дихьэхырт. Абы и къалэмыпэм къыпыкIа усэхэр щызэхуэхьэса «Догъагъэ» тхылъыр дунейм къытехьауэ щытащ 1939 гъэм. А илъэс дыдэм ар хагъэхьауэ щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм. Зауэм и пэ илъэсхэм Борис Москва щыIащ, НКВД-м и школым и курсанту.

Хэку зауэшхуэм щIидза нэужь, ар зыхэт 35-нэ танк бригадэр Москва бийм щызыхъумахэм ящыщащ. ИужькIэ Калининскэ фронтым и 16-нэ дзэм хагъэхьэжащ. Тверь областым хиубыдэ Старицэ къалэм 1942 гъэм и гъэмахуэкIэм щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэхэм ящыщ зым уIэгъэ хьэлъэ щыхъуащ ди адэ къуэшыр икIи и псэр итащ.

Ди анэм куэдрэ жиIэжу зэхэтхат ди анэшхуэ Баблинэ и къуэм ежьэурэ дунейм зэрехыжар. Ар гугъэрт и къуэ нэхъыщIэри, нэхъыжьым хуэдэу, псэууэ къыхуэкIуэжыну, хуэхъуапсэрт абы унагъуэ насыпкIэ, бын цIыкIухэмкIэ. Ди анэшхуэр сымаджэ хъуауэ куэдрэ хэлъащ. Нэхъ хьэлъэ щыхъуа зы пщыхьэщхьэ гуэрым ар Тхьэм елъэIуауэ жаIэ мыпхуэдэу: «Си Борис сымылъагъужынумэ, Алыхь дыщэ, ныжэбэ си псэр хэх…». Нэхущым ди анэшхуэр дунейм ехыжащ…

Тау Борис зауэм щызэрихьа лIыгъэхэм папщIэ къэрал дамыгъэ зыбжанэ къыхуагъэфэщауэ щытащ. Абы и цIэр дыщэпскIэ къыщыхаIущIыкIащ зи хуитыныгъэм папщIэ и псэр щита Старицэ къалэм Хэку зауэшхуэм хэкIуэдахэм папщIэ щагъэува фэеплъым. Тау Борис Хьэмщэт и къуэм и цIэр тетщ КъБКъУ-м и пщIантIэм дэт апхуэдэ фэеплъми, КъБР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм деж фIэлъ фэеплъ пхъэбгъуми, Джэрмэншык къуажэм дэт курыт школым щаухуа фэеплъми.

Ди адэ къуэшым ещхьу, сэри егъэджакIуэ IэщIагъэр къыхэсхащ. Абы теухуауэ зэхэсха хъыбархэмрэ унагъуэм къытхуэна сурэтхэмрэ я лъабжьэу Борис и шыфэлIыфэр си нэгум куэдрэ къыщIохьэ. ЛIыхъужьыгъэ зэрихьэу зауэм хэкIуэда си адэ къуэшым и фэеплъыр сакъыу дохъумэ нэхъыжьхэм къащIэна бынхэм, ди щIэблэм».

Ди къэралым и хуитыныгъэм папщIэ я псэр зытахэм я фэеплъхэр, зауэ IэнатIэм хахуэу Iутахэм я цIэхэр тщымыгъупщэу, яхуэфэщэн пщIэрэ щIыхьрэ ялъыдгъэсу дыпсэун хуейщ. Москва нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэм щызыхъумахэм ящыща Тау Борис Хьэмщэт и къуэм, абы хуэдэхэм зэрахьа лIыгъэр ди тхыдэм къыхэнащ хэмыгъуэщэж лъэужьу.

ТАМБИЙ Линэ.
Поделиться:

Читать также: