Хэку зауэшхуэр зэриухрэ илъэс 79-рэ зэрырикъур ирагъэлъапIэу, КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ къулыкъущIэхэмрэ удз гъэгъа Iэрамэхэр тралъхьащ МафIэ мыужьыхым.
Iуэхум хэтащ КъБР-м и Парламентым, Правительствэм я УнафэщIхэу Егоровэ Татьянэрэ Мусуков Алийрэ, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд, УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м и аппаратым КъБР-мкIэ федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Васильченкэ Дмитрий, Парламентым и депутатхэр, Правительствэм щыщхэр, хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр, дзэ Iуэху хэхам хэтхэр, жылагъуэр.
ПэкIум хэтахэр дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ ТекIуэныгъэ Иным зи псэр щIэзытахэм икIи удз гъэгъахэр фэеплъым тралъхьащ.
А махуэхэм КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек яхуэзащ дзэ Iуэху хэхам и ветеранхэу Алъэсчыр Заур, Коваленкэ Роман, Шевчук Герман, Шэшэн Елдар сымэ.
Iэтащхьэм щIалэхэм, ди лъахэм икIа зауэлI псоми фIыщIэ яхуищIащ Урысейм иригъэкIуэкI Iуэхум и телъхьэу хахуэу зэрыхэтым папщIэ.
Щхьэхуэу къыхигъэщащ щIалэгъуалэр хэкупсэу гъэса хъуным теухуауэ щIалэхэм къыхалъхьэхэм, Урысейм и тхыдэр, ди къэралым ис лъэпкъхэм я хабзэмрэ псэкупсэ къулеягъымрэ хъума хъуным зэрыхэлIыфIыхьым щхьэкIэ фIыщIэ зэрахуищIыр. Iэтащхьэмрэ зауэлIхэмрэ щызэпсалъэм и гугъу ящIащ дзэ Iуэху хэхам хэтхэмрэ абыхэм я унагъуэхэмрэ зэрадэIэпыкъу щIыкIэми.
Урысейм и ЛIыхъужь Тэмазэ Тимур и фэеплъыр Къэрэгъэш къуажэм къыщыщызэIуахым хэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
Дауэдапщэм зыкърагъэхьэлIат КъБР-м и Парламентым и депутатхэм, Правительствэм хэтхэм, щIыналъэм хыхьэ къуажэхэм я Iэтащхьэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лIыкIуэхэм, Тэмазэм и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ, юнармейцхэм.
«Накъыгъэм и 9-м ди ЛIыхъужьым и фэеплъыр къызэрызэIутхым мыхьэнэшхуэ иIэщ. Хэку зауэшхуэм ди лъахэгъу мин 60-м щIигъу хэтащ. Абы щыгъуэм фашизмым дытекIуат, совет цIыхубэрщ дуней псор а залымыгъэм щызыхъумар. Ди жагъуэ зэрыхъущи, зэман дэкIри, аргуэру я щхьэр къаIэтын щIадзэжащ абыхэм, къытщIэ-хъуэ лIакъуэм и хуитыныгъэр IэщIахыну иужь ихьащ.
Сэ быдэу си фIэщ мэхъу Тэмазэ Тимур хуэдэ къуэ хахуэхэр, нобэ зауэ губгъуэм ит ди сэлэт къэмылэнджэжхэр диIэху къыдэкIуэтей щIэблэм я уафэр къабзэу зэрыщытынур. Дэ ахэр сыт щыгъуи дигу илъынущ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
2022 гъэм дыгъэгъазэм и 14-м УФ-м и Президентым и УнафэкIэ Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь цIэр къыфIащащ ди хэкуэгъу щIалэ, десант-штурм дивизэм и капитан Тэмазэ Тимур Мухьэмэд и къуэм. Ар къэралым иригъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхам къулыкъу щигъэзащIэу хэкIуэдащ.
ЩIалэр 2022 гъэм мазаем и 24-м щегъэжьауэ хэтащ Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам икIи япэ махуэм щыщIэдзауэ къигъэлъэгъуащ псэемыблэжу хэкум къыщхьэщыжыныр япэ дыдэ иригъэщ къалэну зэрыщытыр. Зэгуэрым ар зи унафэщI «Шторм» десант-штурм дивизэр къаухъуреихьат, арщхьэкIэ Тэмазэр абы щтэIэщтаблэ имыщIу, тегушхуауэ бийр иригъэкIуэтыжащ, уеблэмэ хэщIыныгъэшхуэхэри яритащ. ИужькIэ «Къэбэрдей» цIэ лейр къызыфIаща щIалэ хахуэр командир ящI икIи щытыкIэр щынэхъ гугъу щIыпIэхэм ягъакIуэ, абы щыгъуэми къимыкIуэту и къалэн игъэзащIэурэ къекIуэлIэжырт. Апхуэдэу Херсон областым иту абы и отрядым бийр иригъэкIуэтащ, бронетехникэ 15-рэ националисти 150-рэ хэкIуадэу.
Тимур къыхуагъэфэщащ Суворовым, Жуковым я медалхэр, ЛIыхъужьыгъэм и орденыр, «Хахуагъэм папщIэ» медалыр.