Мурадхэмрэ хъуэпсапIэхэмрэ зи куэд

Краснодар крайм и Лазаревскэ щIыпIэм фокIадэм и 15 - 19 махуэхэм щызэхэтащ къэфакIуэхэм я XXII лъэпкъыбэ олимпиа-дэ. «Дахагъэмрэ гуапагъэмрэ дунейр яхъумэнущ!» зи фIэщыгъэ а Iуэху дахэр къызэригъэпэщащ Дунейпсо Арткомитетым (и унафэщIыр Бейтыгъуэн Iэуесщ). Абы ехъулIэныгъэхэр щы­зыIэрагъэхьэу хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ гуп зыбжанэ. Псалъэм папщIэ, «JamRaT» (Джамрат), «Дыгъэ шыр» (тIу­ри Нарткъалэ ейщ), «Инармэс» (Шэджэм), «Псыгансу» (Псыгуэнсу) къэфакIуэ гупхэр. 
ХъыбарыщIэхэм я нэхъыбэр къыщытщIэ интернетым сыщрихьэлIащ къэфэкIэ телъыджэ зиIэ, фащэ дахэ дыдэхэр къы­зы­щы­лыдыкI хъыджэбз цIыкIухэм я видеохэм, сурэтхэм. Гъуэгум иригъэзэшауи, концертхэм гугъу щехьауи умыщIэну, хьэщIэщ пщIантIэр адыгэ джэгукIэ къэзыгъэпсалъэ хъыджэбз цIыкIухэм уа­хэп­лъэну гухэхъуэт. СыщыщIэупщIэм ипэкIэ зи цIэр зэхэзмыха «Jam­RaT» гупрауэ къыщIэкIащ. Хъыджэбз цIыкIу защIэу зэхэт лъэпкъ къэфакIуэ ансамблым и къызэгъэпэщакIуэр Теунэ зэщ­хьэгъусэхэу Джэмалрэ Радимэрэщ. ТелефонкIэ зыпысщIащ Радимэ икIи кIэщIу сыщигъэгъуэзащ я лэжьыгъэм, я Iуэху зехьэкIэм, зэпеуэм зэрыкIуа-зэрыхэтам.
 
- Къэфэныр сфIэфIу, абы сигури си псэри етауэ сыпсэуащ, къэфакIуэ гуп зыбжанэми сыхэтащ. Унагъуэ сихьа иужь, си щхьэ­гъусэри гъуазджэм и лэжьакIуэт, уэрэджыIакIуэти, мурад тщIащ уэрэд жыIэным, къэфэным щыхуэдгъасэ студие духуэну. Ан­самбль абы къыхэтщIыкIынуи, утыкушхуэ дихьэнуи дигу къэкIыртэкъым, 2019 гъэм цIыкIухэр щызэхуэтшэсам. Гупым хэт хъыджэбз цIыкIу къызбгъэдыхьэу: «Адрейхэм хуэдэу дэри фестивалхэм, зэхьэзэхуэхэм дыхэтыну дыхуейт», - къыщызжиIэм, ди Iуэху бгъэ­дыхьэкIэм тIэкIу зедгъэхъуэжащ. Ди гъэсэнхэм ансамбль къахэтшыну мурад тщIыри, хореографие лэжьыгъэ купщIафIэхэр дгъэувыным зетпщытащ. Зэи тщыгъупщэжынкъым япэ къафэ- хэр гъэувыным, фащэхэр гъэхьэзырыным гугъу дызэрыдехьауэ щытар. Ауэ псори тщигъэгъупщэжащ ди сабийхэм зэуэзэпсэу цIы­ху­хэр къызэрыдахьэхам. 2022 гъэм и кIэм ансамблыр (!) утыкум къыщитшар концерткъым, атIэ занщIэу зэпеуэщ. Гран-при саугъэтыр абы щыгъуэ къыщытхуагъэфэщам сытым хуэдиз гуфIэ­гъуэ диIат цIыкIухэми дэри!  Тегушхуэныгъэшхуэ, гу­къы­дэжышхуэ диIэу иужькIэ Iуэхум пытщащ. 
КъызэгъэпэщакIуэ куэдым дыкъащIэри, зэхыхьэхэм драгъэб­лагъэ хъуащ, ди сабийхэм я бжыгъэм хуэдитIкIэ хэхъуащ. Ан­самблым и гуп нэхъыжьымрэ и гуп нэхъыщIэмрэ хэтми, иджыпстукIэ дгъасэми, псори зэхэту цIыху блыщIым нос ди къэфакIуэ цIыкIухэр. Абыхэм гъуазджэр апхуэдизкIэ я псэм хэлъщ, хуаIэт Iэгуауэм игъэгушхуэху яхузэфIэкIыр нэхъыбэж хъууэ къызэрокIхэ-ри, хуабжьу дагъэгуфIэ. Сыт хуэдэ зэпеуэ дыкIуами, ди гупыр зэрыщыIэ илъэс иримыкъу зэманым къэхъуакъым япэ увыпIэ, ­саугъэт лъапIэ къэдмыхьу. Ар я фIыщIэщ ди гъэсэнхэм, ди гукъэкIхэр сыт и лъэныкъуэкIи къыддэзыIыгъ адэ-анэхэм. ФIыгъуэу щыIэр къайхъулIэну ди гуапэщ! 
- Сыт хуэдэ къафэхэмкIэ олимпиадэм и утыкум фыкъихьа, Радимэ? 
- ЯпэщIыкIэ дгъэхьэзырауэ щыта къафитIри - «Хъыджэбз къа­фэ», «Адыгэ сюитэ» - дгъэзэщIащ. Абыхэм къадэкIуэу иджыри лэ­жьы­гъэщIэу тIу здэтшат Лазаревскэм - «Гъатхэ къафэ», «Гуащэ гъа­сэ». «Гъатхэ къафэм» гъэщIэгъуэну хэлъыр нэхъ цIыкIу ды­дэ­хэм я гуп зэхуэтшэсагъащIэм зэригъэзащIэрщ. НомериплIми япэ увы­пIэ­хэр къыхуагъэфэщащ, тенджыз Iуфэм зыщаплъыхьыну Iэмал зиIэ ди ныбжьыщIэхэм я гукъыдэжыр нэхъри абы къиIэтащ.
КъызэгъэпэщакIуэхэм я фIэхъус, щытхъу псалъэ зэхэтхащ, ди сабийхэм яхузэфIэкIыр зэпеуэм и утыкум щагъэлъэгъуа иужьи, еш ямыщIэу къафэрт, джэгурт, дызыщIэс хьэщIэщым дыкъыщIрагъэхужынкIэ дышынэу (мэдыхьэшх). АрщхьэкIэ дыкъэзылъа­гъу­хэр къэувыIэурэ къыдэплъырт, ягу зэрырихьыр къыдагъащIэрт. 
- АдэкIэ сыт хуэдэ мурадхэр фиIэ? 
- Лэжьэн, лэжьэн, адэкIи лэжьэн. Iэмал имыIэу къафэщIэхэр дгъэувынущ, Iэмал имыIэу фестивалхэм, зэхьэзэхуэхэм дыхэтынущ, Iэмал имыIэу ансамблым папщIэ сабийхэр дгъэсэнущ, дгъэ­хьэ­зырынущ. Сэ быдэу си фIэщ мэхъу къэфэным, гъуазджэм дихьэха сабийм цIыху Iей къызэримыщIыкIынур, аращи, адыгэ пщащэ лъэпкъыпсэхэр, бзылъхугъэ щыпкъэ цIыкIухэр къызэрыдгъэтэджыным яужь сыт щыгъуи дитынущ. 
- Упсэу, Радимэ! Джэмалрэ уэрэ фи хъуэпсапIэ дахэхэр къывэхъулIэну ди гуапэщ! 
Епсэлъар  ИСТЭПАН  Залинэщ. 

Поделиться: