Ди щIыналъэр къыхах

Къэбэрдей-Балъкъэрым Курортхэмрэ туризмэмкIэ и министерствэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, иужьрей илъэсхэм нэрылъагъуу хэхъуащ ди щIыпIэм зыгъэпсэхуакIуэ къакIуэхэм я бжыгъэм.
 Мэкъуауэгъуэм къыщыщIэдзауэ шыщхьэуIур къриубыдэу турист мин 600 къэкIуащ. Ар гъэ кIуам нэхърэ процент 25-кIэ нэхъыбэщ. Къыхэгъэщыпхъэщ щIымахуэм нэхърэ гъэмахуэм нэхъыбэ къызэрыкIуэр. Мы илъэсым дызэрытехьэрэ ди республикэм зыщагъэпсэхуащ цIыху мелуан нэблагъэ. Ар гъэ кIуам нэхърэ процент 20-кIэ нэхъыбэщ. Iуащхьэмахуэ лъапэ и лыжэ къэжыхьыпIэхэм цIыху мин 740-рэ щыIащ. 2023 гъэр и кIэм нэсыху а бжыгъэр мелуаным щIигъуну мэгугъэхэр.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къэпсэлъэныгъэхэм ящыщ зым щыжиIащ, 2024 гъэм ди щIыналэм турист мелуани 2-м нэблагъэм зыхуей хуэзэу зэрызыщагъэпсэхуфынур. 
 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: