Бзэ телъыджэ

Тырку Ищхъэрэм и бгылъэ щIыпIэхэм щыIэщ Кушкёй къуажэ цIыкIу. Абы щыпсэухэр зэрызэпсалъэ «кушдили» бзэм (бзухэм я бзэ жиIэу аращ) хуэдэ зыщIыпIи щыIэкъым. Абы къыхэкIыу ар ЮНЕСКО-м хигъэхьащ дунейпсо щэнхабзэ щIэинхэм.
Къуажэм дэт унэхэр бгыхэмрэ пкъыр зэхуакухэмрэ дэгуэшащ, зыр адрейм жыжьэу пэщIэхауэ. Зы унагъуэр адрейм кIэлъыкIуэным махуэ псо ихьынущ. ЗэманкIэ узэIэбэкIыжмэ, телефон зэпыщIэныгъэхэр щыIэтэкъым, цIыхур зэрызекIуэр бгы нэкIухэм кIэрыту екIуэкI лъэс лъагъуэ нэшэкъашэхэрт. Пщэдджыжьым дэкIар адрейхэм ялъэIэсыху жэщ къыщытехъуэкIэ, сыт ящIэнт - щIэфиикIыурэ бзухэм я бзэмкIэ зэпсалъэу щIадзащ. Ар зы километркIэ хуиту зэхэпхырти, абыкIэ зым адрейм хъыбар тыншу иригъащIэрт, апхуэдиз гъуэгуаер зэпычыни хуэмейуэ.
 Иджырей зэпыщIэныгъэ Iэмэпсымэхэр гъащIэм къызэрыхыхьэрэ куэдым зихъуэжащ: цIыхухэр нэхъыбэу щызэхуэс мэжджытымрэ шей ефапIитIымрэ екIуалIэ гъуэгум и фIыгъэкIэ къуажэм дэс цIыхухъухэр абдежым щызэхуосри, зэбгъэдэсыну Iэмал ягъуэт.
Бзухэм я бзэр нэхъыжьхэм ноби IэщIыб ящIыркъым икIи ар, япэхэм хуэдэу, къагъэсэбэп мэзыдэхэр, шейр къыщрахьэлIэжкIэ. Ахэр мы щIыпIэм гъунэжу щыхасэ икIи фIы дыдэу къыщокI. Iэр Iуэхум щыхэлъым е щыуэлбанэм деж жып телефоныр къалъыхъуэу, бжыгъэхэр къащтэу емылIалIэу бзухэм я бзэр куэдкIэ нэхъ IуэхузэфIэкIыу къалъытэ нэхъыжьхэм. 
Зыри зытемыкIуадэ бзэ телъыджэмкIэ абыхэм хуиту къаIуатэ дунейм и щытыкIэнур, ягу къыщыдэмыжыр, хьэщIэу щрагъэблагъэр, дэIэпыкъуэгъу щыхуейр… Бгы лъагэхэмрэ Iуащхьэхэмрэ макъыр (акустикэр) телъыджэу щызэтеублащ: «жьыбгъэ пощтымкIэ» яутIыпщар зыхурагъэхьым зы километркIэ щызэхех, къезыгъэхьри и макъымкIэ тыншу къецIыху. Мы зэманым Кушкёй дэсхэм ящыщу бзухэм я бзэр цIыху 200-м ящIэ икIи къагъэсэбэп. Макъыр зэраухуэр IэпхъуамбэжьакIитIырщ. Иджыпстуи къуажэм дэсщ кушдили бзэм абы хуейхэр хуезыгъасэ егъэджакIуэ.
Къапщтэмэ, а бзэр тырку бгырысхэм илъэс 500-кIэ яIурылъащ, я нэхъыжьхэм къыхуагъэна а тхыдэ щIэиныр ноби зэрамыгъэкIуэдыным хэтщ.
Апхуэдэ щIыпIэхэм нобэ цIыхур дауэ щыпсэурэ, жыпIэнщ, арщхьэкIэ къуажэдэсхэм ар зэрабгынэн щымыIэу, я щIыпIэр фIыуэ ялъагъу. Тыркум и адрей щIыналъэ щIы щхьэфэ гъущэхэм елъытауэ, къурш жьэгъум щIэсхэр щIыуэпс къулейм и курыкупсэм хэсщ: зыхуейр къыщагъэкI, иджы хуэдэ бжьыхьэ лъэхъэнэм, псыр къабзабзэу мэжабзэри, бдзэжьей къуэлэным и къэубыдыгъуэ лъэхъэнэм щIедзэ. Къуажэдэсхэм ящыщ куэдыр абыкIэ мэпсэу, хэт шей къегъэкI, хэти Iэщ егъэхъу. Апхуэдэ бгырысхэм Тыркум и Iэтащхьэм и нэIэ ятетщ, тхыдэр зэрахъумэм къыхэкIыу саугъэтхэри кърат. Къуажэм щыпсэу цIыхубзхэм зэрыжаIэмкIэ, пщэдджыжьым сыхьэтихым къызэфIоувэхэри, Iэщым яхохьэ, ар зэфIокIри, шейр кърахьэлIэж. Унэм щыщIыхьэжыр пшапэр зэхэуа нэужьщ. Абдежми абыхэм къапоплъэ пщыхьэщхьэшхэм и гъэхьэзырыныр. 
Ар псори гъэщIэгъуэнщ, ауэ ди къуажэдэс цIыхубзхэми а къалэн дыдэхэр я пщэм дэлъу къэгъуэгурыкIуащ, уеблэмэ ди нэхъыжьхэм ящIэжынущ щIалэ цIыкIу псори я IэпхъуамбэжьакIэхэмкIэ фийуэ зэрыщытар. Бжьыхьэм жабзэ псыри, абы хэс бдзэжьей къуэлэнхэри диIэщ. Бгырысхэм я гъащIэр щIыналъэ псоми щызэтехуэу къыщIэкIынщ, ауэ щыхъукIэ Тырку Ищхъэрэр Кавказым пэжыжьэ дыдэкъым.
Лъостэн Музэ.
Поделиться: