Нэхъыбэжым щогугъ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ УФ-м и Правительствэм ЩIыналъэхэм зегъэу­жьынымкIэ и комиссэм и Президиумым и зи чэзу зэIущIэм. Абы щытепсэлъыхьащ ухуэ­ны­гъэ къудамэмрэ гъуэгу ­хозяйствэмрэ блэкIа мази­блым щахузэфIэкIамрэ 2023 гъэм щIыналъэм щагъэзэщIэну я мурад лъэпкъ проектхэмрэ. ЗэIущIэр видеоконференц IэмалкIэ екIуэкIащ. 

Мазибл блэкIам яхузэфIэ­кIам и гугъу щищIым, УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат ухуэныгъэ Iуэхухэм я зыу­жьы­кIэм арэзы къызэрищIыр къыхигъэщащ - илъэс блэкIам елъытауэ, а пIалъэ дыдэм лэжьыгъэу проценти 9-кIэ нэхъыбэ ягъэзэщIащ. 
«Илъэсым зэрыщIидзэрэ псэупIэу метр зэбгъузэнатIэ ­мелуан 79,7-рэ ятащ, абыхэм ящыщу фэтэр куэду зэхэт унэхэм я бжыгъэр проценти 5,5-кIэ хэхъуащ. Ипотекэм ­хъарзынэу зэрызиужьри къы­хэзгъэщынут. Мазибгъум и кIуэцI­кIэ кредиту сом мелуан 1,45-рэ ятащ - ар процент 62-кIэ нэгъабэрей бжыгъэхэм нэхърэ нэхъыбэщ», - дыщIигъуащ Хуснуллиным. 
Гъуэгу хозяйствэми щытепсэ­лъыхьащ зэIущIэм. Хуснуллиным и гугъу ищIащ ар Урысейм и цIыхубэм хуэлажьэ, мыхьэнэ нэхъ зрат лъэныкъуэу зэрыщытым, «ФIагъ лъагэ зиIэ гъуэгухэр» лъэпкъ проектым къэралым и гъуэгу картэр хэпщIыкIыу фIыкIэ зэрихъуэжари къыхигъэщащ. 
Къэбэрдей-Балъкъэрыр ухуэ­­ныгъэ лэжьыгъэхэр щIэгъэ­хуэбжьауэ зэрыригъэкIуэкIым тетщ. Илъэс блэкIам и ма­зибгъум ар нэсащ проценти 109,4-м. А пIалъэ дыдэм псэупIэхэр метр зэбгъузэнатIэ мин 370-кIэ нэхъыбэ хъуащ, абы ущегъэгугъ цIыхубэм унэ нэхъыбэ зэраIэрыхьэнум.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: