ЛъэхъэнэщIэм и щIэблэ

Я художественнэ дуней лъагъукIэкIи я хъэтIкIи япэ итахэм къащхьэщыкIыу, уеблэмэ «лъэхъэнэщIэм и щIэблэкIэ» уеджэ хъуну иужьрей илъэсхэм лъэпкъ лирикэм ныбжьыщIэ зыбжанэ, гуп щхьэхуэу, къыхыхьащ. Лъэпкъ литературэм и бэуэкIэм кIэлъыплъ щIэныгъэлIхэри къызэрыгуэкI щIэджыкIакIуэхэри зыщыгуфIыкI а щIэблэм хохьэ Хьэвжокъуэ Людмилэ, КъуэщIысокъуэ Марьянэ, Жамбэч Рабия, Гугъуэт Заремэ, Бэрбэч Аслъэнджэрий, Беслъэней Нинэ, Иуан Аксанэ, Къэзан (Гъыдэ) ФатIимэт, Шорэ Маринэ, Кумыщ Маринэ, нэгъуэщIхэри. Художественнэ дуней гъунапкъэншэм абыхэм къыщалъыхъуэхэмрэ я къэхутэныгъэхэр зыхуаунэтIымрэ а усакIуэ, прозаик ныбжьыщIэхэм я тхыгъэхэр щызэхуэхьэса тхылъхэм итхэм къуагъащIэ. НыбжьыщIэхэм я зэфIэкIыр усэми прозэми къыщагъэлъагъуэ. КъищынэмыщIауи, ищхьэкIэ къедбжэкIа усакIуэхэм зи IэдакъэщIэкIхэр тхылъ щхьэхуэу къыдэзыгъэкIаи яхэтщ.

Усыгъэм  жыджэру хэлэжьыхьхэм ящыщщ Хьэвжокъуэ Людмилэ. Абы тхэн пасэ дыдэу щIидзащ, и усэхэр Къэбэрдей-Балкъэрым къыщыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ куэдрэ традзащ, 2011 гъэм «Гухэлъ налъэ» япэ усэ тхылъыр къыдигъэкIащ.

Людмилэ и усыгъэм мотив куэд щызэхэухуэнащ. Зыужьыныгъэ нэхъ зыгъуэтахэм ящыщщ лъагъуныгъэ, философие лирикэ лIэужьыгъуэхэр, абы щыгъуэми хэкумрэ лъахэмрэ яхуэгъэзауэ, хэкупсэ мотивхэр ебэкIыу гъэпсауэ усэ куэд пщащэм и Iэдакъэ къыщIэкIащ. «Тхьэм укъихъумэ, си Адыгэ!» зыфIища усэм щызэхэухуэнащ лъэпкъми дыщыпсэу щIыналъэми я блэкIар, нобэр, къэкIуэнур. Псом хуэмыдэу усакIуэр нэхъ тогузэвыхь къэкIуэну дунейм, щIэблэщIэ къэхъур зыщIапIыкIыну хабзэхэр зэрыкIуэдыжым, бзылъхугъэхэм я нэмыс зэрамыIыгъыжым, цIыхухъухэм лIыгъэ къазэрыкъуэмыкIыжым. Псалъэм папщIэ, а гупсысэхэр щызэгъэуIуащ мы сатырхэм:

Тхыдэжь и мафIэм ноби уес…

Тхьэм укъихъумэ, си Адыгэ!

ЩыпхэмытыжкIэ зекIуэлI ес,

Нэмыс хэлъыжу зы нэрыбгэ

УщимыIэжкIэ, дэнэ нэс

Уэ укIуэфыну, уису шыбгым,

УкIуэцIрыкIыу лыгъей мэз,

УщхьэпрыкIыу Жьыгъэибгым…

 Апхуэдэ гупсысэ гугъусыгъухэм зэщIаIыгъэуи, усакIуэм усэр лъэпкъыр къэзыхъумэнкIэ зыщыгугъ тхьэлъэIу псалъэхэмкIэ еухыж:

…Сыхъуху гусыс, сыпщIогупсыс.

 Тхьэм укъихъумэ, си Адыгэ!

 Усыгъэм къигъэщI гупсысэкIэм куэд щIауэ хабзэ хуэхъуа Iэмалхэм щIэ къыщыхэщым деж е усакIуэр зыгуэркIэ абыхэм бгъэдэкIыну, нэгъуэщI мыхъуми, щIэщыгъуэ гуэр хилъхьэну щыхэтым деж, ар ныбжьыщIэм гъуэгу щхьэхуэ къызэрилъыхъуэм и нэщэнэу жыпIэ хъунущ. Адыгэ усыгъэм куэдрэ узыщрихьэлIэ Iуэхугъуэхэм щахуэусэкIи, къэIуэтэкIэ щIэщыгъуэхэмрэ бзэм и Iэмал гъэщIэгъуэнхэмрэ я лъыхъуакIуэу гу лъыботэ Хьэвжокъуэ Людмилэ. Хэкумрэ адыгэ лъэпкъымрэ я щыIэкIэ-псэукIэр, тхыдэр, нобэрей гъащIэр къыхэщу гъэпсащ, ищхьэкIэ щызэпкърытхахэм нэмыщI, абы и адрей усэхэри. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Адыгэ пшынэ», «Мухьэжырым и нэпс» жыхуиIэхэр, нэгъуэщI зыбжани.

Хьэвжокъуэ Людмилэ и усыгъэм зыужьыныгъэ ин щызыгъуэтахэм ящыщщ пейзаж лирикэри. Абы и усыгъэм бжьыхьэр щытепщэщ, гъэм и хъугъуэу къалъытэ бжьыхьэмрэ псэм и хъугъуэ лъагъуныгъэ къабзэмрэ щызэщIэлъщ. А псоми къадэкIуэу, «Адыгэ фащэ щыстIэгъауэ…» усэм лъэпкъ зэхэщIыкI лъагэкIэ псыхьа эстетикэ куу къыпкърощ:

Адыгэ фащэ щыстIэгъауэ,

Нэхущым щэхуу сыхыхьауэ,

Уэшх шылэхъар къызэпхъухауэ,

 Жьым тхьэмпэ гъуэжь къызипхъыхауэ,

Пшынауэ-уафэр къэлъэхъшауэ,

КъэфакIуэ-жыгхэр къыдашауэ,

Сыхуашэжауэ бжьыхьэ-щауэм

СопщIыхь, сымыщIэу сэ нэху щауэ.

Жамбэч Рабия усыгъи прозэ тхыгъи и Iэдакъэ къыщIокI, ауэ ахэр литературэ къэхутэныгъэм и шыбзэм щыщIэбгъэкIкIэ, наIуэ къохъу абы и творчествэм прозэ гупсысэкIэр зэрыщытепщэр. Апхуэдэу щытми, Рабия и усыгъэм поэзие лъагэм и щапхъэу образ гъэщIэгъуэнхэм ущрохьэлIэ. Псалъэм папщIэ, «КъитIысхьэ си гъащIэ хъыринэм…» усэм деж усакIуэм гухэлъым и кууагъымрэ къабзагъымрэ телъыджэу къыщеIуатэ:

КъитIысхьэ си гъащIэ хъыринэм,

ДещIэнкъэ мо мазэм нэсыху.

ДыщIэплъэу дыгъэми и нэм,

ЗыдгъафIэу дисынщ дрикъуху.

Жамбэч Рабия и усыгъэм ущрохьэлIэ философие гупсысэхэмкIэ къулейуэ гъэпса едзыгъуэ шэрыуэхэм. Абыхэм нэхъыбэрэ лъабжьэ яхуэхъур лирикэ лIыхъужьым и гухэлъ жэуапыншэрщ, гъащIэм щимыгъэувыфа насыпырщ. Абы щыгъуэми апхуэдэ едзыгъуэхэм къызэрыкIуэ къэIуэтэкIи, гушыIэ щаби щахэплъагъуэ щыIэщ: «Тумыгъэхьэ сабэ лъагъуныгъэм, / БжьыщIкIи пIуэткIи пхуимыгъэкIыжын. / КъыпхуихьынкIэ хъунущ зы мыгъуагъэ - / ПфIыхэпкIэнщи, укъигъэсыжынщ». Языныкъуэхэм деж, усакIуэм бзэр Iэзэу зэригъэIэкIуэлъакIуэм и щыхьэту, образ къэгъэщIынымрэ псалъэрыджэгумрэ зэхэшыпсыхьауэ къызэдокIуэ. Ар щынаIуэщ, къапщтэмэ, мы едзыгъуэм:

Узмылъагъуми, ущыслъагъукIи

ФIыщэу узолъагъу.

Сыплъагъу мыхъуу, сумылъагъуми,

Зызумыгъэлъагъу.

Мыбдежым «лъагъун» глаголым и фащэ зэхуэмыдэхэр, и мыхьэнэ зэпэщIэуэхэр зэридзылIэкIэрэ усакIуэм ритмикэ шэщIа къегъэщI, композицэ гъэщIэгъуэн еухуэ, абы щыгъуэми, нэхъыщхьэращи, усэм и купщIэри IэщIэхуркъым.

ХЭЖЬ Ленэ.
Поделиться: