ФIым къимыхь Iейм къихьыркъым

Iуэтэж

- Щхъухь етхьэлIэу дгъалIэрэ? – сыщIоупщIэ сэ.
- Къэнэжыр аращ, - къызетыж жэуап хьэпшырыр къэзыхьа бзылъхугъэм. – Сэ абы зыкIи сыхуейкъым.
 Хьэпшырым и дзэ папцIэхэмкIэ си джанэ кIапэр иубыдауэ йокъу. ЦIыкIу жыхуаIэракъэ, джэгун фIэкIа Iуэху иIэкъым. Ар щышынэркъым си лэжьапIэ пэшым къыщIих хущхъуэмэми, цIыху хамэми, уеблэмэ абы зыри хищIыкIыркъым зи Iэгу ишхыкI бзылъхугъэм и псэр игъэныну зэримурадым. 
- Мыр къыхуэт щымыIэу узыншэщ икIи хуабжьу хьэ фIэрафIэщ,- бзылъхугъэр хущIезгъэгъуэжыну сыхэтщ сэ.
- НтIэ сыт абы щхьэкIэ? Сэ абы сыхуейкъым! 
И пэжыпIэкIэ жыпIэмэ, хьэпшырым лажьэ иIэт, ари лажьэшхуэ. Ар хьэпшыр къызэрыгуэкIт, уэрамыхьэ бэлацэ цIыкIухэм хуэдэт. Илъэс ныкъуэ хуэдиз щыхъум деж хьэпшыр псори моуэ гъэщIэгъуэн цIыкIу гуэр мэхъу, балигъыпIэми имыувауэ ауэ цIыкIу ныбжьми икIауэ. Мы хьэр бзылъхугъэм бэзэрым къыщищэхум грифонщ (хьэ лъэпкъ) жаIэри къращат. Апхуэдэ хьэхэр цIыкIуу къонэ, езыхэри егъэлеяуэ джэгурейщ. Мыри джэгурейт, ауэ ин хъуат армыхъу. 
 Ар хьэ ягъэбанэхэми овчаркэми ещхьт. Уеблэмэ нэхъ хьэ теплъэгъуейхэм я зэпеуэ ящIрэ мыр хагъэхьамэ - текIуэну къыщIэкIынт. 
- Сэ хьэ цIыкIут сызыхуеяр, - тхьэусыхэрт щыкIаифэ зытет бзылъхугъэр, - сыкъагъапцIэри мы Iейр къыскIэщIаукIащ…. 
- Хьэ лъэпкъыфI бэзэрым зэрыщамыщэр умыщIэу арат?- сызэгуэпауэ соупщI сэри.
- СщIэрт, ауэ тыкуэнхэм щылъапIэти…
 Иджы согупсыс. Мы Iуэхум хэкIыпIэ зыбжанэ иIэу солъагъу. Ауэ сэ нэхъ сигу ирихьыр япэрат: ар мы бзылъхугъэ щIыкIейм къежэхыу зелёнкэ тескIэу, щIэсхужынырт, тхьэмахуэкIэ зыхуэмыгъэкъэбзэжын хуэдэу. Пэжщ, абы полицэ къриджэу клиникэр псалъэмакъ дыхадзэнкIэ хъунущи, зызэтесIыгъэмэ нэхъыфIу къыщIэкIынщ. ЕтIуанэр: хьэпшыр узыншэхэр зэрыдмыгъалIэр мы бзылъхугъэм къыгурызгъэIуэнырт. Ауэ мы бзылъхугъэр абы къызэримыгъэувыIэнур хьэкът, абы къилъыхъуэнут икIи къигъуэтынут а «Iуэхутхьэбзэр» къыхуэзыщIэну нэгъуэщI клиникэ (цIыхум ахъшэ щхьэкIэ ямыщIэн щыIэ?). Дунейр щIымахуэ щIыIэщ. Ещанэу сигу къэкIам зэман сфIихьынут, ауэ… Си телефоныр къасщтэри хьэ хьэулейхэр щаIыгъым сыпсэлъащ.
- Светэ, уи махуэ фIыуэ! Хьэпшыр къэзылъыхъуэ пщIэрэ? ЛъэпкъкIэ зыхуэсхьынур сщIэркъым, ауэ Iей цIыкIущ, жэщ псом сылажьэу махуэми си нэбдзыпэ щызетезмылъхьам сызэрыхъум ещхьщ. Ауэ хьэфIщ. Сурэт ныпхуезгъэхьынщ. Уи деж щыбгъэIыфын. Ы? Аргуэру щIэз хъуауэ ара фи дежи? Хъунщ, зэкIэ си деж щрыреIэ. Ауэ Iэмал зэриIэкIэ нэхъ псынщIэу къызэрыпщтэным яужь ит, клиникэр зейм къищIэмэ, къызэшхыдэнущ. 
 А псор зэхэзых бзылъхугъэм и нэр къыстримыгъэкIыу къызэрызэплъымкIэ, мы хьэр ауэ сытми къызэрызимытынур къызгурыIуащ. Зыгуэр къэгупсысын хуейт.
- Иджы мыдэ къэдаIуэ, - хэкъузауэ сопсалъэ сэ. Мы хьэр сэ схуэгъэлIэнукъым, ИлъэсыщIэр къызэрысам и ягъэкIэ и уаситIи пIахынущ, нэгъуэщI гуэрхэри къыпхуагупсысурэ ахъшэшхуэ птрахынущ. 
- Ар дауэ? Мыр сыт Iуэху? – и Iупэхэр иришэкIащ бзылъхугъэм. 
- Сыарэзыщ, емыкIущ абыхэм ящIэр, ауэ уасэхэр зыгъэувыр сэракъым. Абы къыхэкIыу, ахъшэ лей умыгъэкIуэдын папщIэ, хьэм ухуэмеижу жыIи тхы. Сэ ар хьэхэр щаIыгъым естынщи, хуей гуэрым къищтэнщ. 
- Хуей гуэрым жыпIа? Хэт абы хуейр? Мы хьэр тэмэму плъэгъуауэ пIэрэ уэ? Зэт! Мыр хьэ лъэпкъыфIу къыщIэмыкIауэ пIэрэ? Иджы ар уэ сIэщIэбгъэкIыу пщэжыну ара хъунщ узыхуейр? 
А дакъикъэм зеленкэ зэрыт абджымкIэ си Iэр сфIэкIуат. Си щхьэм илъыр мырат: «Бэяу, зэхэпхрэ, бэяу. Уэ IэщIагъэрэ щIэныгъэрэ зиIэ цIыху гъэсащ, мыр бзылъхугъэ щIыкIейуэ аркъудейщ». 
- АтIэ, апхуэдэу щыхъукIэ, уэ къащти, бэзэрым щыщэ. Мастэ псори хебгъэIуа?
- Сыт хуэдэ мастэ? Бзылъхугъэ бзаджэм зыри къыгурыIуэжыртэкъым, абы хузэмыгъэзахуэр зыт - сэ хьэм сигу зэрыщIэгъурт. 
- Мастэ уаси естын хуейуэ… Арыншэу схуэщэнукъэ?
- Еплъ пхуэщэм, - жысIащ сэ къызыфIэзмыгъэIуэхуу. -Укъаубыдмэ, къуэды птынщи аращ. 
 - Хьэуэ Тхьэ, жиIэщ, хьэпщэхъур къитIатэри, хьэр си дежкIэ къигъэкIуэтащ. Къащтэ мыр. Арыншами си унэлъащIэр къэмынэIауэ игъуащ. Дэнэ деж Iэ зыщIэздзынур…
Хьэм сурэт тесхри, Светэ хуезгъэхьати, мыгувэу я сайтым кърилъхьэну сыкъигъэгугъащ. Хьэр згъашхэри, къуэгъэнапIэм щызэхуэсщIа тIысыпIэ деж згъэтIысащ. Сэри, цIыхур зэтекIати, ауэ щыт шэнтиуэм ситIысхьэри, дзапэ уэрэд къыхэздзащ (гукъыдэж сыщимыIэхэм деж уэрэдкIэ зытезгъэу си хабзэщ).
- Уууууу- къыздожьу хьэри, згъэщIагъуэми уэрэдыр зэпызмыгъэууэ икIэм нэс здыжытIащ. Аргуэру зы, итIани зы. Арати, зыкъыщытщIэжар Iэгуауэ макъ щызэхэтхарщ.
- Афэрым, афэрым, къэIуащ лIы макъ. Ар си ныбжьэгъужь дохутыр Александрт.
- Ей, сыкъэбгъэщтащ, - жызоIэ сэ. 
- Уей уэрам сыкъэзыгъэщтар, сыблэкIрэ пэт къугъ макъ зэхызох, улажьэурэ ухэзэрыхьа сфIэщIри, уи Iуэху зытетыр къэсщIэну сыкъыщIыхьащ. Сыбэп сыхъуфыну?
- Ауэми ухъуфыну! Мы хьэ «тхьэIухудыр» зы тхьэмахуэкIэ здэщызгъэIын къызолъыхъуэ. 
- Щхьэ мыгъуи жысIат? Уэ бощIэ, Мухътар тхьэмыщкIэ зэрылIэрэ нэгъуэщI хьэ сызэремыплъыжыфыр. 
Гъэ кIуам Мухътар щIэтлъхьэжат. Ар зи фIэщ мыхъуни щыIэу къыщIэкIынщ, ауэ а хьэм Александр и гъащIэ ныкъуэ здихьам ярейт, абы лъандэрэ игу щызу гуфIэу слъэгъуатэкъым. Ауэ мы хьэпшырыр зыщIыпIэ хьын хуейт. Арати мыр дэщIызгъуащ: 
- Мыр уэстыпэну аракъым! Хьэхэр щаIыгъ щIыпIэр хуит къызэрыхъуу… 
Е, мыр хьэ лъэпкъыфI гуэрщ, лъэпкъым иджыри цIэ къыхуагупсысакъым, ауэ, ухущIегъуэжынкъым, мыбы хуэдэу щыIэр мы зыращ. Дауэ къыпщыхъурэ, мы цIыкIур ягъэлIэну къатесхыжауэ аращ.
- Арати, уэ гу тхьэмыщкIэм къебгъэгъэнащ.
- Аргуэру!
- УцIыхуфIыщэ нэхъ лажьэ уиIэкъым.
- Хьэуэ, сыцIыхуфI дыдэри хэт ищIэн, ар къэзыхьа бзылъхугъэм зелёнкэ тескIэну си Iэпэлъапэр шхэуэ ерагъыу щIэзгъэкIыжауращ. 
- Сыбгъэдащ, къащтэ уи хьэр. Махуэ–махуитI нэхъыбэкIэ щызгъыIэфынукъым, къыбгурыIуа?
- НтIэ, нтIэ.
АбыкIэ дызэгурыIуэри, хьэр си ныбжьэгъум къищтащ. Махуэ зыбжанэ нэхъ темыкIыу хьэхэр щаIыгъ щIыпIэр хуит къэхъуауэ абы хъыбар щезгъащIэм:
- ПщIэрэ, сыхущIегъуэжащ, уэстыжынукъым. Мы дунейм теткъым зэростыжын. Пщыхьэщхьэ къэс зэгъусэу уэрэд жыдоIэ. Си щхьэгъусэр ныбафэузым ихьыным нэсауэ дытхъэжу дызэхэсщ. Ауэ ди унэм шэнту щIэтыр игъуащ, ауэ ар Iуэху сытми. Иджы ди къуэрылъху - пхъурылъхухэр ди деж имыкIыу щыIэщ, япэм мазэм зэ къакIуэу арат. Упсэу, си ныбжьэгъужь! Абы нэхъ тыгъэфI игъащIэм къысхуащIакъым.
ИлъэсыщIэр къэсащи цIыхухэр зэрызохьэ, уэсыр цыIэрылъхьэу къос, гурыфIыгъуэм си бгъэр къызэгуичыным хуэдэу си лэжьыгъэм пызощэ. ФIым къимыхь Iейм къихьыркъым.
Интернетым къитхащ.
 

 

ЗэзыдзэкIар Щомахуэ Залинэщ.
Поделиться:

Читать также: