ИлъэсиплIым зэфIагъэкIахэм ятеухуауэНалшык дэт «Тетраграф» тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдэкIащ «Дунейпсо Адыгэ Хасэ: къыкIэлъыкIуэ илъэсиплIыр» зи фIэщыгъэ тхылъыр. 2015 гъэм и фокIадэ - 2019 гъэ и дыгъэгъазэ пIалъэм къриубыдэу ДАХ-м зэфIигъэкIа лэжьыгъэхэр къыщызэщIэкъуэжа тхылъщ ар. КъыдэкIыгъуэр ягъэхьэзыращ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ НэщIэпыджэ Замирэрэ. Абы ихуащ хамэ къэралхэми, адыгэ хэгъэгухэми Дунейпсо Адыгэ Хасэм щригъэкIуэкIа зэIущIэхэм, абы и жэрдэмкIэ къызэрагъэпэща фестивалхэм, зэпеуэхэм ятеухуа тхыгъэ гъэщIэгъуэнхэр.
Поделиться:
Читать также:
20.05.2024 - 17:22 →
Сабийхэми яхуэгуапэт
17.05.2024 - 11:18 →
Къахьар Сосрыкъуэ ихьыжащ
16.05.2024 - 16:28 →
Бзэ тыншкIэ тхэуэ щытащ
15.05.2024 - 15:00 →
Я Лъахэ цIыкIу - «Прометей и лъахэ»
15.05.2024 - 12:44 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
|