Лъагъуэр гъуэгум хуокIуэ

Художник, скульптор Тхьэзэплъыж Руслъан иджыри сабииуэ къыгурыIуат игъащIэкIэ имыутIыпщыну Iуэхур сурэт щIыныр арауэ зэрыщытыр. ЦIыхум я нэхъ насыпыфIэр и щхьэ и унафэ ищIыжу, и псэм Iэпихыр ищIэу дунейм тетырщ.  Тхьэзэплъыжыр абыхэм языхэзщ, и гур здэплъэм и лъэр зэрылъэгъэIэсам тепщIыхьмэ.

ТхылъымпIэм иту къытхуэмына ди тхыдэм, ди щэнхабзэм я зы Iыхьэщ Руслъан и лэжьыгъэхэр. Ар и IэщIагъэкIэ тхыдэ, филологие щIэныгъэхэм пэIэщIэщ, ауэ и хьэлкIи и гупсысэкIэкIи нэгъэсауэ гуманитарщ. ЩыхущIыхьи–щыхущIэмыхьи и зэманыр зыхуигъэпсыр зы Iуэхущ – адыгэ лъэпкъым и тхыдэм. 

Сытми щIэдзапIэ гуэр иIэщи, Руслъан  щIэдзапIэу иIар археологиерщ. Мейкъуапэ къыщыщIахыжа, къуэбэн лъэхъэнэхэм хуэкIуэ къэхутэныгъэхэрщ тегъэщIапIэ ищIари. А лъэхъэнэм ехьэлIауэ щIым къыщIахыжа тхыпхъэхэр жылапхъэ хуэхъуащ Руслъан. А жылэри къигъэлэжьэжыну хуежьащ и къэухь къызэрихь теухуауэ.

Руслъан къыхиха Iуэху бгъэдыхьэкIэр къызэремытыншэкIыр нэрылъагъу пщохъу и лэжьыгъэхэм уриплъэмэ. СурэтыщIым хиша гъуэгу бгъуфIэм езышэлIа Црым Руслъан и цIэр, фIыщIэ лей пылъу, къреIуэ езы Тхьэзэплъыжым.

Нэхъапэм зылъэмыIэсу, иджы къыIэрыхьа тхыгъэхэм защимыгъэнщIу щIеджыкI Тхьэзэплъыжыр. Тхыдэмрэ щэнхабзэмкIэ къэхутэныгъэхэр фIэгъэщIэгъуэн дыдэщ. Еджэурэ мэлажьэ, лажьэурэ йоджэ. АпщIондэху къигъэщIми нэгъуэщI купщIэ егъуэт.

    Аращ. Ар адыгэ дунейщ, адыгэ гупсысэкIэщ… Сыт хуэдэ и зы лэжьыгъэми къызыхэкIа лъэпкъым и псэр зэрыIуилъхьэным иужь итщ ар. Руслъан зэрыжиIэмкIэ, художникым гупсысэ къиIуатэу, гурыщIэ гуэрхэр къызэщигъэуфу зиузэщIын и мурадмэ,  абы и нэгъыщэхэр системэ хъун хуейщ, нагъыщэ къэскIэ игъуэта мыхьэнэр цIыхум ягурыIуэу. Руслъан и стилыр псэрыIуатэ стилщ. Иубыдауэ зытет лъагъуэр тхыдэм и зы къуэпс цIыкIущ, ижь-ижьыж зэманым къикIыу, цIыху Iэзэ Iэджэм къагъуэта дахагъэр ди нобэм къихьыу.  «Тхыдэм и къуэпсыр лъэпкъым и псэм етауэ щытыху, лъэпкъри псэущ, гъащIи къыпэщылъщ», - жи абы. СурэтыщIым и дуней еплъыкIэр, и гупсысэкIэр къыщиIуатэкIэ, зы упщIэ лейкIи зэран ухуэмыхъуу, упэрымыуэу,  ущIэдэIуу ущысыну уасэ иIэкъым. Ауэ щыхъукIэ, фыхэзнынкъым апхуэдэ теплъэгъуэм…

«Сыщеджэми сфIэфIтэкъым сыпIащIэу зыгуэр сщIэн. УпIащIэу, псоми ящIар сэри сщIэн хуейщ жыпIэу… Ар Iуэху хъукъым. Абы гурэ псэкIэ унэсын хуейщ. Сэ сызыхуейращ сщIэр. Си закъуэкъым апхуэдэр. Ахъшэ къызыпэкIуэ Iуэхухэм нэхъ тетхыхьи щыIэщ. Ауэ абы уигъэгуфIэркъым, уигъэгушхуэркъым. Мыр IэщIагъэ хъунукъым, мыбы урипсэуфынукъым жиIэу къэуваи щыIащ. Ар сэ къызгурыIуэркъым, мылъкум сигъэпщылIкъыми.

Сыт хуэдэ IэщIагъэми цIыхур зэрыхурагъасэм хуэдэу, дэри сурэт щIыным дыхурагъасэ. Ауэ а дызэрагъэсамкIэ адыгэ Iуэхум ухуэлэжьэфынукъым.  Аращи, лъэпкъ гупсысэкIэр къэбгъэлъэгъуэн щхьэкIэ, уэ езым уи сурэт щIыкIэ укъуэдиижын хуейщ. Аращ си лэжьыгъэхэм адыгэ тхыпхъэхэр къыщIыхэзгъэхьэр. Кавказым и археологиер Урысей псом япэ щит археологиещ. Сыт хуэдэ музей умыкIуами, абы щIэлъ къэхутэныгъэхэм я нэхъыжь дыдэр - мейкъуапэ культурэращ. Ар гъэпсагъэххэу нэрылъагъущ, къыбгурыIуэн, зыхэпщIэн фIэкIа къэмынэжу. Мис а информацэ хьэзырыр къыпIэрыхьа нэужь, уэри нэхъ псынщIэу уолажьэ, нэгъуэщI зыгуэрхэми уи гур хуопабгъэ, уолъыхъуэ.

Художник IэщIагъэр гъэщIэгъуэныщэщ. Хузогъадэ ар анэм… Ар сабийм тегузэвыхь зэпытурэ, быныр къожэпхъ, щхьэж и лъагъуэ тоувэжри, ппэIэщIэ мэхъу.  Анэр зэрыхуей дыдэу хъукъым псори, щызыхуэмыарэзыжи щыIэщ. СурэтыщIри аращ... Лэжьыгъэр уощI, боутIыпщри, зэман дэкIмэ, «мырауэ пIэрэт сызыхуеяр?!» жыуегъэIэ. Езым псэун щIедзэ. Абы уи Iуэху хэмылъыж хуэдэу мэхъу. Е езыр-езыру, зыми хуэмыныкъуэу, дунейм тетщ, е хокIуадэ, умыгъуэтыжу. Абыхэми, цIыхухэм хуэдэу, щхьэж езым и насып иIэжу къысфIощI. СурэтыщIми пщIэр уэзыгъэщIар уэра уи гугъэмэ, укъопцIэ. А пщIам набдзэгубдзаплъэу ухэплъэжа нэужьщ, уумей куэд зэрыхэлъыр къыщыбгурыIуэжыр. Пэжщ ар!

Зыгуэр уи щхьэм къохьэ, псалъэм папщIэ. Ар иджыри дунейм теткъым. Зыгуэрым къыхыбощIыкI. КъыхэпщIыкIам гъащIэ егъуэт. Къэхута хуэдэу мэхъу. КъэзыгъэщIыр уи гупсысэрщ. А гупсысэр ууей-умуей – гугъущ ар зэхэбгъэкIыну. Информацэм къыщеуфэрэзыхь мы дунейм. Абыхэм я процент 80 - 90-р нэкIэ тлъагъурщ. Ауэ щыIэщ нэм укъыщигъапцIэ. Дунейм, цIыхум, щIыуэпсым, гъащIэм я зэхэлъыкIэр умыщIэмэ, нэм укъигъэпцIэнущ. Ауэ щыхъукIэ, псэкIэ зыхэпщIэр нэхъ тэмэм си гугъэщ.

Ныбжьым ущыхыхьэм деж гурыгъуазэр IуокIуэтри, гупсысэн, зэпэпшэчын, бгъэунэхун щIыбодзэ.  Аращ ар зэрыщытын хуейри. ФIыуэ сакъыщыхъуну пIэрэ жыпIэу, уегупсысыжыркъым. УщыщIалэм деж закъыщыбгъэхъуну иужь уитщ. Ауэ ар зэрылейр къыщыбгурыIуэр иужькIэщ…

Уи щхьэм къиджэрэза гупсысэр нэсу зыхэпщIэмэ, ар уи нэгу хуиту къыпхущIэгъэувэмэ, акъылкIэ нэсу къыбгурыIуэмэ, ар къыпхуэмыгъэлъэгъуэнкIэ, фIы мыхъункIэ Iэмал иIэкъым. Мис абы щыгъуэщ лэжьыгъэм къикIыр цIыхухэм къащыгурыIуэри, щэнхабзэм къыщыхэнэри, езым и гъащIэрэ пщIэрэ щигъуэтыжри!», - жеIэ Тхьэзэплъыжым.  

Хъуэжэ Гуащэнэ.

Поделиться: