НОБЭЩIышылэм и 11, махуэку ♦ФIыщIэ щIыным и дунейпсо махуэщ ♦Урысейм и мэзгъэфIэнхэмрэ (заповедникхэмрэ) лъэпкъ паркхэмрэ я махуэщ ♦1943 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм къыIэщIагъэкIыжащ. ♦1995 гъэм УФ-м и Къэзыбж палатэр къызэрагъэпэщащ. Абы и япэ унафэщIу ягъэуващ Къэрмокъуэ Хьэчим. ♦1890 гъэм къалъхуащ адыгей тхакIуэ, драматург, зэдзэкIакIуэ Цей Ибрэхьим. ♦1899 гъэм къалъхуащ пшынауэ Iэзэ, РСФСР-мрэ КъБАССР-мрэ я цIыхубэ артисткэ Къашыргъэ КIурацэ. ♦1925 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессору щыта, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Медалы Хьэчим. ♦1985 гъэм къалъхуащ «Адыгэ псалъэ» газетым и лэжьакIуэ Жыласэ Замир. Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уфауэ щыщытынущ. Махуэм хуабэр градуси 2, жэщым щIыIэр градуси 4 - 3 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Лыгъэ зыдзыр хесхьэж.
Поделиться:
Читать также:
27.04.2024 - 09:56 →
НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 →
НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 →
ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 →
НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 →
НОБЭ
|