«ЩIакIуэкIапэ ныпхузодз»

ИщIагъымкIэ къэтхьыну псэлъафэхэмрэ псалъэ шэрыуэхэмрэ Тыркум и Узун-Яйлэм щIыпIэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм IуэрыIуатэу къадогъуэгурыкIуэ.

Абазагъэ - псынщIагъэ, тэмакъкIэщIыгъэ кърагъэкIыр. «Уи абазагъэр умыгъэлъагъуэ» жиIэмэ, зэпIэзэрыту щыт, екIуу цIыхум яхэт, губжьыр зытомыгъакIуэ, жыхуиIэщ. Этностереотип гупсысэкIэм, гушыIэ культурэм и зы псэлъафэщ.
Дэущын - «ущын» псалъэм къытекIащ, «хуэмыфащэми, жиIэр пцIыми, ар дэIыгъын» жыхуиIэщ: «Уэри удэущащ». Тыркум щыпсэу адыгэхэм яIэщ мы псэлъафэм и лъабжьэгъуу нэгъуэщI зыи: «ЩIэущыхьын» – уэркъыгъэм, адыгагъэм, лIыгъэм, цIыхугъэм къемызэгъыу зекIуэн, зэми зэ, зыщIыпIэ деж щыуагъэ зыIэщIэгъэкIын. «ЦIыху къыхэмыкIар кIуэнущ-кIуэнурэ щIэущыхьынущ». «ЗэрыщIэущыхьыну» щIыкIэм и щапхъэу къахь хабзэр: уи щэху, уи тIасхъэ, уи дагъуэ ищIэмэ, и псалъэ епцIыжынщи, зыщIыпIэ деж тIысынщи, ущиIуэтэжынщ; къалэм еджакIуэ-лэжьакIуэ кIуэнщ, и Iуэхури дэкIынщ, ауэ ахъшэмрэ фадэмрэ ягъэжэкъуэнщи, ари зыуэ «щIэущыхьа» хъунщ; цIыхубз IуэхукIэ къэпцIэнщи, и унагъуэ, и щхьэгъусэ игъэпудынщ, зыхуей хуигъэзэфынкъым, н. къ.
Псэлъафэр феодализм лъэхъэнэм и щIэин гупсысэкIэм щыщми, лIыгъэ телъхьэпIэрэ щапхъэрэ дэтхэнэ зы адыгэми хуэхъуфын дуней тетыкIэр, щэн-зекIуэкIэр зыгъэлъагъуэ гъэсэпэтхыдэхэм яхэту къокIуэ.
«Жаным енэцIыну...» – пщым и пхъум тIэкIу епсэлъыхъуну, дэуэршэрыну.
«ЖиIар игъэхъуу...» – и унафэр тэрэзу, и псалъэр пхыкIыу.
ЖыIэхуэ – цIыху цIэрыIуэм къыщIэна и псалъэ, псэлъафэ, жыIэгъуэ (афоризм): «Хьэфиз-ефэндым и жыIэхуэхэр», «адыгэ жыIэхуэ».
«ЖыIын тIэкIу сиIэщ...» – нэхъыжьхэм я пащхьэ нэхъыщIэм и псалъэ къызэрыригъажьэ жыIэгъуэ.
КIагуэ, лъапагуэ – адыгэр тыркум зэреджэ цIэ лей, щIагъыбзэ (эпитет-эвфемизм).
Къэбэрдеигъэ – адыгагъэ, лIыгъэ, хыхьэхэкI; гушыIэ-ауану къапсэлъмэ – кIыхьлъыхьыгъэм, псалъэ гъущэ гъэджэгуным (узун-яйлэ уэршэрым) и дамыгъэщ. «Абазагъэм» еплъытмэ, «къэбэрдеигъэ» щэныр «нэхъ зэтеубыда, зэпIэзэрыт» жыхуиIэу къокIуэ. Этностереотип гупсысэкIэм, гушыIэ культурэм я зы псэлъафэщ. 
«ЛъэпкъкIэ мыщIагъуэ щхьэкIэ шыфI шэсу...» - «мылъэпкъ-мыжэпкъми, мылъэпкъ-мыкъупщхьэми лIы зэкIэлъыкIуэ, лIыгъэ зыхэлъ», жыхуиIэщ.
Насыппыуд - насып къэмыгъакIуэ.
ПащIэмыщ - адыгэр курдым зэреджэ цIэ лей (эпитет-эвфемизм).
ПсалъапIэ-увыпIэ етын – гъуэгу етын (еплъ Хабзи гъуэгуи).
Псалъэ къэубыд - губзыгъэ, гурыхуэ, акъыл жан.
Уэркъыжь - уэркъыгъэр анэкъилъхуу лъэхъэнэ кIыхькIэ къызыдэгъуэгурыкIуэ лъэпкъыфI, лъэпкъышхуэ, абы щыщ цIыху («уэркъышхуэ»-м мыхьэнэкIэ щытехуэ къохъу). Эпитет папщIэу къапсэлъ, «уэркъыгъэр зыгъэпэж» мыхьэнэ иIэу.
Уэркъ цIафтэ - мылъку зимыIэж уэркъ.
Уэркъым ипкъ - къудан, зэкIуж. Псалъэжь: «Уэркъым ипкъ кIуэдыркъым» (Лъэпкъ и зыпкъ кIуэдIым).
Узун-Яйлэ хабзэ (Iузнейлэ хабзэ) - къэбэрдей гупсысэкIэм, хабзэ зехьэкIэм нэхъ тету Узун-Яйлэ щыува, щекIуэкIа хабзэ. ЖызыIэм елъытауэ (хэгъэгум щыщ, щымыщ) позитив мыхьэнэуи негатив мыхьэнэуи урохьэлIэ. «Жэбагъы хабзэ» (Къэзэнокъуэ Жэбагъы игъэува хабзэ) жыхуиIэ псэлъафэри Узун-Яйлэм и хабзэ унейхэм епхауэ къапсэлъ: «ЗыгуэркIэ зэныкъуэкъу хъумэ, къэбэрдейм - дыдейм - жаIэр арат: «Уэлей, а сэ жысIэр Джэбагъы и къануным напиплI къызэбдзэкIым етхуанэм итым!». “Уэлей, ар Джэбагъы идэмэ, си пащIэр уэзгъэупсынтэм!».
Узун-Яйлэ хьэщIэщ зэхэс - унафэ къыщащтэу, хъыбар щаIуатэу, жаIар зэрагъэхъуну щIыкIэхэр къыщахутэу Узун-Яйлэ хьэщIэщхэр икIэм нэс къэгъуэгурыкIуащ. ХьэщIэщ зэкIэлъыкIуэ - цIыху кIуапэу, унафэ къэщтапIэу - уиIэныр, ар пIыгъыфыныр унагъуэм, лъэпкъым, лIым дежкIэ нэмысышхуэт. Узун-Яйлэ нэхъ лъэпкъыфIу щыпсэуахэм я хьэщIэщхэм щаухэса хэгъэгупсо унафэхэм я хъыбархэр IуэрыIуатэм куэду къыхэнэжащ. 
Узун-Яйлэ уэршэр – «уэршэрын» псалъэм литературэбзэм къикI мыхьэнэм нэхърэ нэхъыбэ мыбдеж къыщрагъэубыд: «хуиту, гушхуауэ зэпсэлъэн» жыхуиIэм щегъэжьауэ «гушыIэн», «сэмыркъэуэн», «щIагъыбзэ куу хэлъу псэлъэн», «жьабзэ дахэ гъэлъэгъуэн», «псалъэншэу, гурыгъуазэу дамыгъэкIэ зэрыщIэн» жыхуиIэхэм нэсыжу. Нэхъыжьхэм мыпхуэдэ жыIэгъуэхэр къахьыр: хьэщIэщ уэршэр, щIалэгъуалэ уэршэр, лэгъунэ (псэлъыхъу) уэршэр, хъыджэбз хьэщIэ уэршэр, пхъужь уэршэр, удж уэршэр, нэгъуэщIхэри. Зы псалъэкIэ жыпIэмэ, уэршэрым мыхьэнэ нэхъыщхьэу иIар псалъэм уриджэгуфынрат, абыкIэ уэршэрэгъур къыдэпхьэхынырат (еплъ «Псынэ» журналым и 9-нэ къыдэкIыгъуэм, Налшык-2010).
Узун-Яйлэ унафэ (къэбэрдей унафэ) – жызыIэмрэ щIыжиIэмрэ елъытауэ и мыхьэнэр тIууэ зэщхьэщокI. ГушыIэ культур контекстым тету къэбэрдейм я «дагъуэр» яIуэтэн хъумэ, «кIэ зимыIэ зэхэс», «гъунэ зимыIэ псалъэ» – ар «къэбэрдей (узун-яйлэ) унафэщ». Езы къэбэрдейхэм «унафэ къэхьыныр кIыхьлъыхьми, щыуагъэу къремыгъэзэж» жыхуаIэу, «Унафэр къремышынэуэж!» – жаIэ.
Жэбагъы къыщIэна уэсятхэм хуахь: «ТIэухеежьэ къэвмыублэ», «Псалъэр тIэужыIэу жывмыIэ». НэгъуэщIу жыпIэмэ, унафэ къэхьыныр кIыхьлъыхьми, а зэ къэхьыгъуэм щыпкъэм тету, ней-нэфI хэмыту къэхьын хуейщ.
«Унафапэ кърихьэжьэу...» – Iуэхур зэфIэха зэрыхъун псалъэ Iущ къыхилъхьэфу. «Тохъу Хьэжумар унафапэ кърихьэжьэфт».
Унафэгъу (тIысэгъу) - къотIысылIэу къопсэлъэфын, унафэ къыбдищтэныр зыхуэфащэ, къызытехуэ.
«Унафэр къремышынэуэж…» («унафэр къэшынэуэжынус…») – еплъ Узун-яйлэ унафэм.
ФызкIэ лIыфIщ – фызым тегушхуэ лIыгъэншэм хужаIэ.
ХэвэщIэн (гуемыIу жыIэкIэ) – лей жыIэн, хуэмыфащэу псэлъэн, «къэвэн».
Хабзи гъуэгуи - хуэфащэ пщIэрэ нэмысрэ хуэщIын. 
Хъурыпэ пыуд – Iуэхупэ кърихьэжьар Iэпыудын. ЖыIэпIэ-щIапIэ цIыхур щрамыгъахуэм деж жаIэ.
Хьэгъэ - напэншагъэ, хабзэншагъэ; «цIыхугъэм», «адыгагъэм», «уэркъыгъэм» я антониму къокIуэ. 
ЦIэ тын, цIэ щытын – цIэрыIуэ хъун. Псалъэм папщIэ: «Ягъэнхэ цIэ ятащ».
«Щаухуэсурэ…» (ухуэсын) – щаухэсурэ, хасэ зэхашэрэ унафэ къыщащтэурэ.
«ЩIакIуэкIапэ ныпхузодз!» - «ЩIакIуэкIапэ зэдытеувэн» хабзэжьым епха псэлъафэ, нобэрей мыхьэнэуэ кърагъэкIыр: «еуэ, дызэпегъэIэ, дызэгъэныкъуэкъу!».
«Iэдэж зыщI!» – епсыхи лъагъуэ зэвым дыщызэблэгъэкI, гъуэгупэр сэ сыгъэхь, щыигъуэм деж дэчых зыхэгъэлъыф, жыхуиIэщ.

 

Пащты Мадинэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат.
Поделиться: