ЦIыхубз щIалэжь

гушыIэ

Япэ Iыхьэ

1

И набдзэ IувитIым хы сыджу зыкърасарэ и дзэ зэтекъузахэмкIэ и губжьыр къыжьэдикъуэу, Хьэрф лъэбакъуэхъуу школ кIэлындорым ирокIуэ.

- ПщэдджыжьыфI, ей! Нэху бгъэщтэкъэ? Дэнэ уздэпIащIэр? - завуч Дали къыкIэлъоджэ.

- НэхъыфIыжу! - ирит жэуапыр езым зэхихыж къудейщ. ЗримыгъэзэкIыу, Iэ ижьыр хуеIэт.

Дали цIыхубз фи гугъэнщ фэ. Илъэсищэм и зэхуэдитIым едэмэпкъауэ лIыжь щIалэщ, и зилъэфыхьыкIэм тепщIыхьмэ. ТумыщIыхьмэ, и лъэдакъэпэр илъэс пщыкIуплIым фIигъэнауэ, зызыгъэпэцан лIыкущ. Мис, иджыпстуи шэху гъэткIуакIэ ириса и щхьэцымрэ пщэдджыжь къэс зэрызигъэпскI «Сальвадор Дали» дыхумрэ къыпщIагъауэ Iугъуэм кIэлындорым утрахури, и цIэ пэж дыдэр зэры-Долэтыр пщагъэгъупщэ.

- КъэхъуаIа? - щIэупщIэр Далищ.

- Гъуэгу тетщ! - и щхьэ хуабжьыIуэу хуопсэлъэж модрейр.

- Хэт тетыр?

 Хьэрф зрегъэзэкI:

- Iа-р! - и дзэлыфэ тIыкIэм уи гъын къегъакIуэ.

Iуэхур щекIуэкIыр «Iущыцэ» сабий журналыр къыщыдэкI 237-нэ школырщ. Ар зезыхьэ егъэджакIуэ зыбжанэм язщ къэцыджауэ нэщхъкIэ зэбэдзауэ Хьэрф. Журналыр езым зэрицIэджэгъур фIэмащIэу, еджапIэм и унафэщI Борэн Iущыцэ тхыгъэ псоми езым и цIэр якIэщIетхэ. Зыри къэпIэтIауэркъым, я егъэджакIуэ къалэну фIэкIаи къалъытэркъым журналым елэжьыныр. «Сэ» цIэпапщIэр зи псалъалъэм хэмытыххэ Хьэрф и тхыгъэм уи цIэр кIэщIэптхэкIэ къыпщымыхьэн дэнэ къэна, лей гуэр къытехьэу и фIэщ пхуэщIыххэнукъым, апхуэдизкIэ цIыху еншэщи. ЗыгуэркIэ Iущыцэ Нобель и саугъэтыр къраткIи, и Iыхьэ хэлъу и пщIыхьэпIи къыхэхуэнукъым. Узригъэхъуапсэу куэд игу тохуэ Хьэрф. Темыхуэ мащIэр и псэр зыхэлъ географием фэ Iей къытезыгъауэ зэхъуэкIыныгъэ гуп Iущыцэ и цIэр зыкIэщIэт и тхыгъэхэм зэзэмызэ къызэрыщигъуэтыжырщ. Апхуэдэ гуэр къызэрыпэщIэхуэу, хуэщхьэхынэу зи дунейр езылъэфэкIыу къыпфIэщI лIыжьым и илъэс тIощIыр къыдолъэпIэстхъеижри, Iущыцэ щхьэцыкIэкIэ кабинетым къыщIилъэфу и нэгум къыщIоувэ. Иджыпсту дызэрытри апхуэдэ зы дакъикъэщ.

- Зыгуэр жыпIэнщи, дыкъэбгъэсыжащ, - Хьэрф и щхьэгъусэ Синэ а школ дыдэм математикэмкIэ щрегъаджэ. - НэгъуэщIым итхар езым ей хуэдэу къызыщигъэхъужын щхьэкIэщ апхуэдэу щIищIэр, сыту зэ къыбгурымыIуэрэ? НэхъыфIыж ищIу аращ, зэIигъэхьэу егупсысыххэркъым.

- «Делэми, бзаджэкъым», - жыпIэу аращ иджы уэ, - идэркъым Хьэрф. - Сабийм «географием зестарэт» жезыгъэIэнкIи хъуну псалъэхэр дауэ-тIэ къызэрыхипхъуэтыкIыр? Апхуэдэ дыдэу акъылыншэкъым ар, тхыгъэм IэфI къыщIэзыгъэхьэ псалъэр и нэм къыщыфIэнэкIэ. «Дыгъэ къопс», - жыпIэу птхымэ, «дыгъэр» Iуихынурэ, «къопсыр» къигъэнэнущ. Е «мазэкIэ» ихъуэжынщ. «Мазэр къопс», сыт-тIэ абы щхьэкIэ? «Къуажэхь» фIэдвгъэщ ди журналым, «Iущыцэ» жыдмыIэу. Къемыджэжынум и журнал щIыкIэ! ЦIыкIухэм еджэным ягу щагъэкIыпэн щхьэкIэ къащтат, жи! А нэхъ хуэмыщIэну дыдэри нэрыгъыу зэриубыдар плъагъурэ!

- И хъуэпсалъэм из хъуакъым иджыри Iущыцэ, щIалэщ! Сыт, тхьэмыщкIэ, абы зыщIызыхишыну иIэр, а къулыкъу тIэкIум нэмыщI? ЗылI иIэщи, гурымыкъщ. ИгъащIэм дэкIыу сом къилэжьакъым.

- Ууейм къилэжьар ирокъу, сыт щIыдэкIынур? - къыфIыдеху Хьэрф. Синэ мапхъуэри, лIым и жьэр еубыд:

- УимыIуэху зумыхуэ, ди ерыскъыр зыхэлъ зыщIыпIи кIуэнкъым!

2

- Iухащ! - къыщIоIукI лIы къэгубжьар зытеуIуа кабинетым гуащэ нэхъыжьым и макъ псыгъуэр. - КъакIуэ, Хьэрф! СыткIэ дыбгъэгуфIэн?

- Уи пщэдджыжь фIыуэ, Iущыцэ!

- НэхъыфIыжу! - Дали хузэригъумэтIымэкIа фIэхъус хуабэпцIыр къыпокIуэкIыж Хьэрф.

- Сэри сыныщIыхьэ хъуну? - ныбжьу къыкIэлъыса езы завучри бжэ Iужам и блыпкъым хуэфIыпсщ.

- Сыт щIэмыхъунур, Долэт, къеблагъэ! Шей? Кофе? Хьэмэ нэхъ гуащIэ гуэр нэхъ къэфщтэну? - нэщхъыфIэ хуэдэщ директрисэр.

Iущыцэ цIыхухъухэр и пэшым щригъэфэн и хьэлыххэкъым. И цIэ дахэр игъэпэжу, тIэкIу зигъэщэныфIэу аращ. Хьэрфщи, журнал къыдэкIагъащIэмкIэ къыхуэзэу хъуар зэпилъэщIыхьыну зигъэхьэзыр нэхъей, ешыхьри-ешыхь. ЦIыхубзым дауэ зытепшэщIэн? Уи фызкъым, уи бынкъым. Алыхьым жимыIэкIэ! ЩIагъыбзэкIэ къыгурыIуэну пIэрэ? Хьэуэ, гущэ! Зэ ириIуэкIуати… «Сэращ журналыр къыдэзыгъэкIри зызейри!» - жиIэри, пиупщIащ. КъыдэбгъэкIмэ, къыдэгъэкIыкIэ зэгъащIэ! Си напэ техын уи пщэ дэлъ? КъыгурыIуэ гуэр пIэщIэкIынщи, укъэсыжащ. Хъуа гуэр къызэрыIэрыхьэу, и тхэныгур къобл. ПсалъитI зэпищэфакъэ - удзым жыгыр дигъакIуэу, уи хадэр ипщIэн щIедзэ. Хъарзынэщ, ухуитщ, уеблэмэ уи къалэнщ! Ауэ уимытхыгъэр зэбгъэзэхуэн щхьэкIэ, абы, нэгъуэщI мыхъуми, укъеджэн хуейкъэ, зиунагъуэрэ! Къеджи, итIанэ зэхъуэкIыж! Хьэуэ! Псалъэухаищ-плIы нэхърэ нэхъ кIыхьи худэшынукъым. Апхуэдэ хущIыхьэгъуи иIэкъым. «Лажьэ» жепIэмэ - унэгуащэщ, «лъасэ» жепIэмэ - къулыкъущIэщ. «ЦIыхубз щIалэжь» фIэщи, ущыуэнукъым. «Тхьэ, сэ тхыгъэхэм сепэщэщыну зэман симыIэ! Ауэ иджыпсту школ псоми газет-журналхэр къыдагъэкI, сабийхэм я сурэт къытеддзэмэ, ахъшэфI къытхущIэхынущ. Езыхэращ зытедгъэкIуэдэжынури!».

«Мыр згъэтIысу, щхьэ тхэкIэ езмыгъащIэрэ?» - жиIэу, Iэджэрэ игу къэкIащ Хьэрф, хэкIыпIэ здимылъагъум. Тхылъ гуэрхэр тыгъэ хуищIыну хэтащ, и щхьэм илъыр къищIэн щхьэкIэ, зыхущIигъэхьэурэ дэуэршэращ. «Сэ физикэращ си IэщIагъэр, тхылъ куэд седжащ жысIэми, пцIыщ», - къыжриIати, губзыгъафэ ириплъат. Зыкъеумыс, къызыфIэщIыжакъым. НэгъуэщI зыгуэрым хуэIэзэнкIи мэхъу, пщIэнукъым. «Уэри уэ, кIуэцIрыкъэ цIыкIу!» - и щхьэ хужиIэжырт Хьэрфи, зыщхьэщигъэкIырт. Тхыгъэкъэ и кIэри и пэри? ИтIани, мазэм е мазитIым зэ, и уасэр къызэрыхахыфым елъытауэ, «Iущыцэ» журналыр къыдэкIыху, абы зи цIэ зэрихьэ школ директорыр итхьэлэныгу мэхъу псоми цIыху вэгъзэгъыу къащыхъу Хьэрф.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также: