Дезертир

Iуэтэж

Мыр къыщыхъуар лIэщIыгъуэ блэкIам и 50 гъэхэрщ. Гъубж махуэм пщэдджыжьым, цIыхухэр лэжьапIэм нэса къудейуэ, район военкоматым къикIауэ зы капитан щIалэ зыкърихыу къуажэм Мэремхэ я деж къэкIуащ, участковэ милиционерыр и гъусэу. ФIэхъус зраха къудейуэ, капитаныр епIэщIэкIыу щIэупщIащ: «Дэнэ щыIэ фи щIалэр? Сывгъэлъагъу!», - жиIэри. Аслъэн и анэ Жансурэт занщIэу Iэнкун хъуауэ къызэфIэтIысхьащ, жиIэнур имыщIэу. ТIэкIу дэкIри, зыкъищIэжа нэужь, и псалъэм пидзащ. Азалыхь, дыгъуасэ блыщхьэ махуэм и гъуэмылэкIи, дзэ лъэщI, напэIэлъэщI жыпIэми, жьакIэ упси щIыгъужу, кружкэрэ бжэмышхрэ и гъусэу, плIэ хъуржыныр и плIэм идзауэ ди хьэблэм дэс и ныбжьэгъу Муратрэ Мартинрэ я гъусэу едгъэжьамэ, военкоматым кIуэну. «АтIэ, ди анэ, - жиIащ капитаным, - мис, зэрыфлъагъущи, нэкIуакъым, некIуэлIакъым военкоматым, аращ дезертир жыхуаIэр, тутнакъэщыр къилэжьащ, дзэм къулыкъу щимыщIэну зыпыIуидзащ, зигъэкIуэдащ. КъыкъуэкIыж хъурэ занщIэу военкоматым нэвгъакIуэмэ, фи дежкIи езым и дежкIи нэхъыфIщ, и зэранышхуэ къемыкIыу, тезырышхуэ къимыхьу. Ар жаIэри, капитанымрэ участковэмрэ ежьэжащ. АрщхьэкIэ Iуэхур апхуэдэу зэфIэкIакъым. Мэремхэ я унагъуэм къыкIэлъыплъ хъуащ, участковэр я пашэу. Нартыху хадэр щIащыкIырт, гъунэгъухэри дагъакIуэрт, хьэ гъэсахэр я гъусэу губгъуэ пабжьэхэмрэ мэзхэмрэ щIащыкIырт. Псыхъуэхэм, IуэхущIапIэхэм, пщыIэ тIуащIэхэм щылъыхъуэрт. Уеблэмэ гъэмахуэ Iэщ хъупIэхэр, къурш лъапэхэр щIащыкIырт, вертолётыр къащхьэщыту. Iуэхур кIуэ пэтми куу хъурт, унагъуэр бэлыхь хэхуат, гупсысэмрэ бэмпIэгъуэмрэ хэмыкI хъуащ, зыхуахьыныр ямыщIэу.

Аслъэн щытхъушхуэ зиIэт, илъэсищ пIалъэ дзэ къулыкъур хъарзынэу ирихьэкIри, сержант хъуауэ къигъэзэжауэ запас жыхуаIэм хуэдэу дагъуэншэу, пщIэ иIэу, ныбжьэгъу хъарзынэхэр и куэду лажьэрт, жыIэдаIуэт, цIыху щабэт, хыхьэхэкI иIэт. Анэракъэ, мыгъуагъэ зыхьыр, жей жыхуэпIэр ищIэжыртэкъым, жэщкIэ пщIыхьэпIэ Iей илъагъурти и напIэр зэтрилъхьэртэкъым.

Зы махуэ гуэрым зы цыджан фызыжь гуэр куэзыр иIыгъыу пщIантIэм къыдыхьащ. Абы куэзыр иригъэдзати, «фыщIэгузэвэн щыIэкъым, и Iуэху Iейкъым, ауэ письмо итх хъуркъым» къажриIащ. Абы хэту къуажэ пощтым письмо къаIэрыхьащ Аслъэн къригъэхьу, и хэщIапIэр темыту, къыздикIыр къыпхуэмыщIэну. Пощтым Мэремхэ я благъэ цIыхубз щылажьэрти, дэнэ письмор щаритыжынт, занщIэу къагъуэтынщи ягъэтIысынщ жиIэри, письмом къемыджэу, зыми иримыгъэлъагъуу, игъэсащ. Абы иужькIэ махуэ зытIущ дэкIауэ, Дон Iус Ростов къикIыу хъыбар гуауэ къаIэрыхьащ. Тхылъ щIымыгъуу моргым зы щIалэ щIэлъщи, къэзыцIыхужын щыIэмэ, жаIэу лъыхъуэу. Мэремхэ я гуныкъуэгъуэр гуныкъуэгъуитI хъуащ. Анэдэлъху щIалэ Аскэр Дон Iус Ростов ягъэлъатэ. Мэремхэ я насыпти, Аскэр зыIуплъар Аслъэнтэкъым, имыцIыхуу къыщIэкIащ.

Мазищ пIалъэр (дзэ гъэсэныгъэр) иухри, Муратрэ Мартинрэ къагъэзэжащ къулыкъур хъарзынэу ягъэзэщIауэ. Абыхэм я гуфIэгъуэмэ, Мэремхэ я хьэдагъэт!

Аслъэн и хъыбар зэрыщымыIэрэ мазэ еплIанэ екIуэкIырт.

ИлъэсыщIэр къихьэным куэд имыIэжу, зы пщыхьэщхьэ гуэрым Мэремхэ я куэбжэм такси къыIулъэдащ, гуфIэгъуэм и нэщэнэу къигъэкIийуэ. Хьэблэр псынщIэу къызэхуэсащ, Мэремхэ зэрыунагъуэу къызэрыдэхащ пщIантIэм. Мо пщыхьэщхьэ кIыфIым таксим къикIар зэуэ къэпцIыхун?! Офицер (лейтенант) щIалэр, и бгъэм сэмэгурабгъумкIэ зы медали хэлъу, Аслъэнт! Ар къамыIэттэмэ, IэплIэ, ба хуамыщIтэмэ! IэплIэешэкIкIэ унэм щIашэжащ. Абы и гуфIэгъуэ пшыхьыр зэфIэкIа нэужь, и адэ-анэр щIэупщIащ Iуэхур къызэрекIуэкIам, хъыбар къащIримыгъэщIам, гузэвэгъуэм ахэр щIыхидзам.

- Хъыбар фэзмыгъэщIэнуи си пщIыхьэпIэ къыхэкIатэкъым, си гум фимылъуи сыфхуэмызэшуи, зы сыхьэти зы махуи кIуакъым, ауэ Iуэхур мыфэмыцу екIуэкIащ. Сыщежьа блыщхьэ пщэдджыжьым къуажэ Советым и зэхуэсыпIэ жыхуаIэм и чэзум дынэсащ. Пасэрейм зэрыжиIащи, насып уимыIэм, махъшэм утесми, хьэ къодзакъэ. Псыунэм сыкъыщыщIэкIыжам си ныбжьэгъухэр бгъуэтмэ къащтэ, псори машинэр къэсри, ипхъуэтащ. Сыт сщIэнт, тездзэри лъэсу шоссем сыкIуэну сежьащ, машинэ тедзэкIэ. Шоссе Iуфэм куэдрэ сыIута, мащIэрэ сыIута, шэджагъуэ хуегъэзэкI хъуауэ щIалэ зыбгъупщI ису полуторкэ машинэ къэсар къэзгъэувыIэри, ситIысхьащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, щIалэхэри сэ схуэдэу военкоматым кIуэуэ арат. Мис абыхэм сахэзэрыхьауэ, ахэр Лэсчэнрэ Арщыданрэ ящыщт, къэралым и гъунапкъэм дашащ. Гъуэгум, зы станц гуэрым деж, письмо къыщиздзауэ щытащ. Дыздаша къэрал гъунапкъэр, «Запретная зона», «часть щэху» жыхуаIэрати, письмо къэттхынкIи, хъыбар фыдгъэщIэнкIи Iэмали диIакъым. Аращ мазиплI дзэ къулыкъур етхьэкIа зэрыхъуари.

ПЩЫБИЙ СулътIан.
Поделиться:

Читать также: