ЦIырэ-цIырэхэр

ЦIырэ-цIырэхэм шэдхэмрэ гуэлхэмрэ я Iэхэлъахэхэр хэщIапIэ ящIауэ щытащ иджыри илъэс мелуан 350-рэ япэкIэ. Гъудэ-бадзэр лIэужьыгъуэ минищу зэщхьэщокI, дунейм и сыт хуэдэ щIыпIи щопсэу. 
ЦIырэ-цIырэхэм яхэтщ дамитI зытетхэри, дамиплI зиIэхэри. ДамитI зиIэхэм я дамэр ныбэгум иракъузылIэ, щымылъатэм деж. Мыдрей лIэужьыгъуэхэм я дамэхэр зэтралъхьэу аращ. ДамитI зиIэ цIырэ-цIырэхэм я нэхэр зэжьэхэуэу зэбгъурытщ, адрейхэм я нэхэр зэкIэщIэхащ. Ижь-ижьыжым цIырэ-цIырэхэр къатехъукIауэ хуагъэфащэ меганисоптерхэмрэ протодонатхэмрэ. Ахэр палеозой эрэм щыгъуэ щыIауэ жаIэ. 
ЦIырэ-цIырэхэм къагъэIу макъым абыхэм я дамэхэр холэжьыхь – щылъатэкIэ я дамэхэр зэщахъуэри, абы ирагъэщI макъыр хьэуам гъэщIэгъуэну хозэрыхь. Ахэр лъэтэным тыншу полъэщ, къэмыувыIэуи гъуэгуанэшхуэ зэпаупщIыфынущ. Уеблэмэ тенджызышхуэхэми щхьэщолъэтыкIыф. Ахэр щIыбагъкIи мэлъэтэф, напIэзыпIэм, я гъуэгур яхъуэжыф, къыщалъэтыхькIэ хъурейуэ зыщагъэджэрэзи къахуохуэ. Я дамэхэм къару ящIэлъщи, сыхьэтым къриубыдэу километр 36 – 54-рэ хуэдиз гъуэгуанэ зэпаупщIыф. ЦIырэ-цIырэхэм я шхыныгъуэщ бадзэхэр, хьэндырабгъуэхэр, гъудэхэр. Здэлъатэм, къэмыувыIэу я шхыныгъуэр япхъуатэу ирагъэлъэтэхыфынущ. ГъэщIэгъуэнщ: цIырэ-цIырэхэр зэщакIуэм и ужьым иувэу кIэлъыплъыркъым икIи кIэлъылъатэркъым, атIэ я гупэмкIэ къыпоуври, кIуапIэ иратыжыркъым. ИкIи блэIэбыкIыркъым – нэ зращар щаIэщIэкIыр зэзэмызэххэщ.
Европэм цIырэ-цIырэр гъудэ-бадзэ шынагъуэу, зэраныгъэхэр къихьу къыщалъытэ. Псалъэм папщIэ, Португалием абы щоджэ «нэкъичкIэ», Америкэ Ищхъэрэм «шейтIан банэкIэ». Ауэ Японием къыщалъытэ цIырэ-цIырэр къарумрэ лIыгъэмрэ я нэщэнэу.
Абы и нэр линзэ куэдыкIейуэ – 24000-рэ хуэдизу - зэтопщIыкI. Градус 360-кIэ я хъуреягъым щыIэу хъуар къалъагъуф, я щIыбагъ дыдэм гъунэгъуу къыдэтым къыщынэмыщIа.
ЦIырэ-цIырэхэм я лъыр щIыIэщ. Я Iэпкълъэпкъыр езыхэм къагъэхуэбэжын хуей мэхъу Iэмалхэм хуекIуэурэ. Абыхэм яфIэфIщ дыгъэм зрагъэуну. Ауэ нэгъуэщI Iэмали яIэщ: я дамэхэр егъэлеяуэ псынщIэу ягъэлажьэурэ мэвури, апхуэдэ щIыкIэкIэ загъэхуабэ.
А гъудэ-бадзэхэр гъэщIэгъуэнщ, укъэзыгъэуIэбжь куэд ядэплъагъуу. Ахэр зыджхэм (одонатологхэм) я бжыгъэм кIуэ пэтми щIыхэхъуэр арагъэнущ.

ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться:

Читать также: