ХЬЭМРЭ ЖЫГЫМРЭ

ГУЭНГЪЭПЩ Хьэсэнбий
Iуэтэж
Гъэмахуэ мазэти, июль дыгъэр жьэражьэу уафэгум итт. Дунейр апхуэдизкIэ зэщIэплъати, къэлыдыным хуэдэт. ЗуплъыхьакIи, зы тхьэмпэ закъуи хъейуэ бгъуэтынутэкъым.
ПщIантIэкум илъ хьэжьым и щхьэр къиIэтри, занщIэу иридзыхыжащ. ИужькIэ зэуэ къыщылъэтри, ину пщIэууэ, унэшхуэм и хъуреягъыр къижыхьу щIидзащ. Унэм и бжи, и щхьэгъубжи гъэбыдат, цIыху щIэсу умыщIэну. Хьэжьым сыт хуэдизрэ къимыжыхьами, и пэр щIиIуну зы жьауапIи къыхуэгъуэтакъым. 
Зыри щымыхъум, хуабэм игъэмэха хьэр кIуэри, машинэм зэхикъутауэ щылъ и гъуэм къыбгъэдэувыIащ. КъыбгъэдэувыIащи, нэщхъейуэ абы йоплъри щытщ. БауэкIэщI хъуарэ и Iупсыр къыIурыжу здэщытым, и нэгу къыщIыхьэжащ хьэпшыру щыщытар... 
«Сыту сынасыпыфIэт абы щыгъуэ..., – жиIэрт игукIэ, и нэпсыр къызэпижыхьауэ. – Мис иджыпсту хуэдэу сощIэж мы унагъуэм я щIалэ цIыкIум и фIыгъэкIэ мыбы сыкъызэрыщыхутар. «Папэ, папэ, сэ мы хьэ цIыкIуращ сызыхуейр», – жиIэри, абы яхутекIатэкъым.
Папэри занщIэу арэзы хъури, а и къуэ цIыкIум и IэплIэм сису мыбы сыкъахьат. ДыкъыщыIукIыжым, сыкъезытам мыпхуэдэу къыщIигъужат: «Фэ фызыхуейр хьэ цIыкIуу щытмэ, мыр фымыхь, мыр хьэшхуэ хъунущ», – жери. Ауэ абы и псалъэхэр зыми зэхихыжакъым. 
Унэм дыкъызэрысыжу, хьэблэм сабийуэ дэсыр къызэжащ. Псоми саIыгъыну хуейт, Iэ къыздалъэрт, псалъэ дахэхэр къызжаIэрт. Сшхыр яфIэмащIэт, щIым сынамыгъэсу сыкърахьэкIырт. 
Сэ зы хьэгъуэ схуащIати, псысэм хэтхэм ещхьт. И зы къуапэм адакъэ сурэт тетт, мыдрей къуапэм – жьыху, жьыр къыздепщэмкIэ зигъазэу. И джабэхэм вагъуэ сурэт хэщIыхьыжат. СызэрышхыкI фалъэр апхуэдизкIэ дахэти, узримыгъэплъ жыхуаIэм хуэдэт. И джабэхэм удз гъэгъа сурэт хэтрэ и IупщIакIэр дыщэпскIэ лэжауэ.
Мо сызыхуей псори здэзгъуэтым, сэри псынщIэ дыдэу зыкъэзужьу щIэздзащ. Ауэ, гъэщIэгъуэныракъэ, нэхъ ин сыхъухукIэ, гулъытэу къысхуащIым кIэрыху хъуащ. Я псалъэ дахи зэхэзмыхыу, Iэи къыздамылъэжу тхьэмахуэ псо щыкIуэ щыIэт. Ауэрэ сагъэшхэну къащыгъупщэ хъуащ. Мис, нобэ махуиплI мэхъури, си джийм зы ерыскъы ехакъым, уеблэмэ зы псы крушкIэ сезыгъэфэн къахэкIакъым. Си Iур игъущыкIащ...»
Хьэжьым иджыри куэд игу къигъэкIыжыну къыщIэкIынт, ауэ, хуабэм хэмытыжыф щыхъум, зричри, пщIантIэм къыдэжащ. «Си ныбжьэгъу жыг цIыкIум и деж сыкIуэнщи, абы и жьауэм зыщызгъэпщкIунщ, щхьэ баринэм жьауэшхуэ къиту щытащ. Си гукъеуэри хуэсIуэтэнщ», – жиIэрт игукIэ, здэжэм.
Хьэр жыгым и деж нэсащ, ауэ зэ IуплъэгъуэкIэ ар къыхуэцIыхужакъым. Абы жьауэ лъэпкъ ищIыртэкъым. Илъагъур и фIэщ мыхъуу, жыгым и хъуреягъыр тIэу-щэ къижыхьащ, иужькIэ и щхьэкIэм дэплъеящ. ГущIыхьэт ар зыIуплъар. Япэм щхьэ хъурейуэ, тхьэмпэ Iуву щыта жыгыр иджы щхьэгуэт, и къудамэхэри ныкъуэгъут. Къэхъуар къыгурымыIуэу, еплъу здэщытым, езы жыгыр къэпсэлъащ:
– СлIожь, си ныбжьэгъужь, сыкъыумыцIыхужу ара? Пэжыр жысIэнщи, сэри занщIэу укъысхуэцIыхужакъым, уэщхьу къыпхэнэжар уи натIэху закъуэращ.
– АтIэ, тIуми ди Iуэху щымыщIагъуэкIэ, ди мыгъуагъэ зэхуэтIуэтэнщ, – жиIащ хьэм. 
Хьэм къригъажьэри, гукъеуэу иIэр, къанэ щымыIэу, жыгым хуиIуэтащ. Мыпхуэдэуи иухыжащ:
– Аращи, си ныбжьэгъу жыг цIыкIу, уолъагъу сызэрыхуа щытыкIэр. ЗгъэзэжкIи, зыри къысхуейкъым, нэгъуэщI екIуэлIапIэ сщIыни сиIэкъым, зы чэнджэщ гуэр уэ къызумытмэ. Си гугъэнтэкъым цIыхухэр апхуэдизу гущIэгъуншэу, щIэщыгъуэщIу. СыцIыкIухукIэ, зэштегъэууэ сраIащ, иджы ин сыхъуати, хьэпшып лейм хуэдэу сыкъыхыфIадзэжащ.
Зи нэгур зэхэуауэ щыт хьэм къеплъри, жыгым хуэмурэ къригъэжьащ:
– ЖыпIар пэжщ, си ныбжьэгъу, цIыхухэр щIэщыгъуэщIхэщ, гущIэгъунши яхэтщ, ауэ псори Iейуэ жыпIэ хъунукъым. ЦIыхуфI куэди щыIэщ, ахэр мыхъуамэ, уэри сэри мы дуней дахэм зэи дытеплъэнутэкъым... Иджы уэ чэнджэщ уэстын и пэ къихуэу, сэ си щхьэ кърикIуами къедаIуэ. Зы махуэ гуэрым сэ сыгуфIэжу дыгъэпсым зезгъэууэ сыщытт. Си жьауэм щIэс лIыжьхэм апхуэдизкIэ хъыбар гъэщIэгъуэн яIуатэрт, си щхьэщыгу къис бзухэм апхуэдизкIэ уэрэд дахащэ кърашырти, сыIурихыным зы мащIэт иIэжар. Шэджагъуэ нэужь хъуху уэфIу щытащ. ИужькIэ хуэм-хуэмурэ пшэхэм зэхуэсу щIадзэри, си щхьэщыгу дыдэм хуэзанщIэу пшэ фIыцIэ Iэрамэшхуэ къиуващ. Абы хэту, уафэр ину къэгъуэгъуащ, пшэ фIыцIэ зэхуэсам зы нур гуэр къыхэцIэфтри, мафIэр къыпылъэлъу, си щхьэщыгу дыдэм къихуащ, икIи си щхьэкур зэрыщыту кърисыкIащ. Сисыпэну къыщIэкIынт асыхьэту, пэгункIэ къракIыхым хуэдэу, уэшхышхуэ къемышхамэ. Сисыпами нэхъыфIт, мыпхуэдэу сыкъэна нэхърэ. А мыгъуагъэм лъандэрэ зы цIыху къызбгъэдыхьэжыркъым. Сыт щхьэкIи къызбгъэдыхьэн, жьауэшхуэ зыщIу щыта си щхьэ баринэр сиIэжкъым. А мафIэсым и ужькIэ зы тхьэмахуэ нэхъ мыхъуми псы къысщIакIауэ щытамэ, сэ зыкъэзужьыжынут. АрщхьэкIэ ар зигу къэкIын къахэкIакъым цIыхухэм. Нэхъапэхэм щыгъуэ махуэм хуэзэу тIэу псы къысщIакIэу щытащ. Иджы жэщкIэрэ пщIыхьэпIэу солъагъу, джыдэ жан иIыгъыу, лIышхуэ гуэр къызбгъэдэту. Сэ куэд къэзгъэщIэжыну къыщIэкIынукъым, – жиIэри, жыгыр къэгъынэнащ.
Жыгым и хъыбар гуузыр хьэм и гум апхуэдизкIэ щIыхьати, ищIэнур имыщIэу щытт, жыгым къыжриIэнум пэплъэу.
– Иджы си чэнджэщым къедаIуэ, – жиIащ жыгым, хьэм зыкъыхуигъазэри. – Уэ уи Iуэхур хэплъэгъуэщ, ауэ хэкIыпIэ уиIэщ. Япэрауэ, уэ иджыри жьы ухъуакъым, уи Iэпкълъэпкъри уи дзэхэри узыншэщ. Апхуэдэу щыщыткIэ, еуи ежьэж. ШхапIэ гуэрым гъунэгъу зыхуэщIи, Iэдэбу, нэмысыфIэу щыс. Iэмал имыIэу, зы цIыхуфI гуэрым гу къыплъитэнущ.
– Уи чэнджэщыр сигу ирихьащ, – жиIащ хьэм. – КъызэрызжепIа дыдэм хуэдэу сщIынщ. Уэри тхьэм уигъэIуэтэж, зы тхьэмахуэ уэшхи тхьэм къыуит. Псы куэду бгъуэтмэ, зыкъэбужьыжынщ.
Абдежым жыгымрэ хьэмрэ сэлам щызэрахыжри, зэбгъэдэкIыжахэщ. Хьэм, къебэ-небэу, шхапIэ гъунэгъу здэщыIэ лъэныкъуэмкIэ иунэтIащ. Жыгри нэщхъейуэ уафэм дэплъеящ, езыр мыгъупэ щIыкIэ уэшх къешхыу, абы къыдэщIэрэщIэжыным щыгугъыу.

 

Поделиться:

Читать также: